щӀэтӀысхьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀотӀысхьэ)

1. Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, и лъабжьэм щытӀысын.

русесть где-л. (в помещении), подо что-л.

- Сэ щихъ сымыхъуауэ сыкъыщӀэкӀынкъым, - жиӀэри мурад быдэ ищӀри {Хъуэжэ} мэжджытым щӀэтӀысхьащ. Хъу. и таур.

2. УщӀэпсэухьын мурадкӀэ Ӏэпхъуэн (унэм).

рувселиться куда-л.

Фэтэр щӀэтӀысхьэн.

3. ЗыщӀыпӀэ щеджэхэм ящыщ хъун.

рупоступить куда-л. учиться

Къуажэ школым щеджа нэужь, {Лу} Бурун дэт школым щӀэтӀысхьащи, щоджэ и пыӀэр щхьэрыхауэ.— КӀыщокъуэ Алим

Kitapta geçtiği hali

щӀэтӀысхьэн (щӀотӀысхьэ) неперех. гл. 1. сесть где-л. (в помещении), подо что-л. / Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, и лъабжьэм щытӀысын. - Сэ щихъ сымыхъуауэ сыкъыщӀэкӀынкъым, - жиӀэри мурад быдэ ищӀри {Хъуэжэ} мэжджытым щӀэтӀысхьащ. Хъу. и таур. 2. вселиться куда-л. / УщӀэпсэухьын мурадкӀэ Ӏэпхъуэн (унэм). Фэтэр щӀэтӀысхьэн. 3. переносное поступить куда-л. учиться / ЗыщӀыпӀэ щеджэхэм ящыщ хъун. * Къуажэ школым щеджа нэужь, {Лу} Бурун дэт школым щӀэтӀысхьащи, щоджэ и пыӀэр щхьэрыхауэ. КӀ. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀотӀысхьэ)

1. Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм щытӀысын.

Пщыжь-уэркъыжьхэм я дзэр хадэхэм, мэкъу пыпхъуэхэм, гуэщхэм щӀэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, Мэтхъэным и отрядыр къызэрыкӀуэ уэрамым я пулеметхэр къытегъэпсауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 320

+1 örnek

НтӀэ, анестезиологым сымаджэм и псэр хэкӀыу гу лъита нэужь, гузэвэгъуэр къыстехуэрэ сыгужьеймэ, зызэрысщӀыр я нэкӀэ зрагъэлъагъумэ, яфӀэфӀу арагъэнкӀи мэхъур, сэри абыхэм гугъу задезмыгъэхьыщэу, анестезиологыр гъусэ сщӀыри операционнэм сыщӀэтӀысхьащ, операцэ къытпэщытым и планым дегупсысыну.— Лъапсэ, 16

2. Псэуалъэ гуэрым щыпсэун мурадкӀэ Ӏэпхъуэн.

Дэтхэнэ унэми щӀыхьи, щӀэтӀысхьэ: Ӏэщу, джэдкъазу, гъавэу, унэлъащӀэу – мылъкуу пщӀантӀэм дэлъыр къэнащ— МелыӀыч, 462

+1 örnek

АрщхьэкӀэ сэ къэзмылэжьа сыхуейкъым, си складым сыщӀэсыжынущ, сыщӀагъэсыху, ягъэунэхъуам и унэ ущӀэтӀысхьэкӀэ уна ухъунукъым, уунэхъун фӀэкӀа.— МелыӀыч, 462

3. ЗыщӀыпӀэ щеджэхэм ящыщ хъун.

Институтым щӀэтӀысхьа къудейуэ [Албиян] и адэр лӀэри къимыгъэзэжу хъуакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 28

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭТӀЫСХЬЭН (щӀотӀысхьэ) лъэмыӀ. (10). 1. (2). Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, лъабжьэм щытӀысын. Пщыжь-уэркъыжьхэм я дзэр хадэхэм, мэкъу пыпхъуэхэм, гуэщхэм щӀэтӀысхьауэ къыщӀэкӀащ, Мэтхъэным и отрядыр къызэрыкӀуэ уэрамым я пулеметхэр къытегъэпсауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 320. НтӀэ, анестезиологым сымаджэм и псэр хэкӀыу гу лъита нэужь, гузэвэгъуэр къыстехуэрэ сыгужьеймэ, зызэрысщӀыр я нэкӀэ зрагъэлъагъумэ, яфӀэфӀу арагъэнкӀи мэхъур, сэри абыхэм гугъу задезмыгъэхьыщэу, анестезиологыр гъусэ сщӀыри операционнэм сыщӀэтӀысхьащ, операцэ къытпэщытым и планым дегупсысыну. Лъапсэ, 16. 2. (7). Псэуалъэ гуэрым щыпсэун мурадкӀэ Ӏэпхъуэн. Дэтхэнэ унэми щӀыхьи, щӀэтӀысхьэ: Ӏэщу, джэдкъазу, гъавэу, унэлъащӀэу – мылъкуу пщӀантӀэм дэлъыр къэнащ. МелыӀыч, 462. АрщхьэкӀэ сэ къэзмылэжьа сыхуейкъым, си складым сыщӀэсыжынущ, сыщӀагъэсыху, ягъэунэхъуам и унэ ущӀэтӀысхьэкӀэ уна ухъунукъым, уунэхъун фӀэкӀа. МелыӀыч, 462. 3. (1). зэхь. ЗыщӀыпӀэ щеджэхэм ящыщ хъун. Институтым щӀэтӀысхьа къудейуэ [Албиян] и адэр лӀэри къимыгъэзэжу хъуакъым. Щынэхужьыкъуэ, 28.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

oturmak

Düzeltme Öner

щӀэтӀысхьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.