щӀэгъэхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀегъэхьэ)
КӀуэурэ зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэхутэн.
Бжэ щӀыхьэпӀэм деж лӀыжь гуэр щыст, хамэ щӀимыгъэхьэу, арщхьэкӀэ щӀэкӀ-къыщӀыхьэ псоми адыгэ цей ящыгъти, хамэрэ мыхамэрэ хузэхэгъэкӀыртэкъым, хэт илъэгъуами дадэм зигъэткӀий хуэдэу зищӀырт: – УщӀыхьэу ядэркъым, – жиӀэрти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 172
+2 örnek
[Шыгухум Мэмэт-щӀакъуэ хуэгъэзауэ:] – Унэ зыщӀэсым къэрэгъул щӀыӀутыр джэду щӀамыгъэхьэну аракъым – зыгуэрым тошыныхь.— Лъапсэ, 50
Къоджэр нэхъыжьщ, жаӀэри, сэри сыщӀэкӀрэ сежьэмэ, Тэмарэ къуэгъуэнапӀэм къуэту сыхуозэ, сеупщӀ сыту иужь симыту унафэ хузощӀ: – Псэ зыӀут щӀомыгъыхьэ абы и палатэм, – жызоӀэри [Дэфэрэдж].— Лъапсэ, 23
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭГЪЭХЬЭН (щӀегъэхьэ) лъэӀ. (15). КӀуэурэ зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэхутэн. Бжэ щӀыхьэпӀэм деж лӀыжь гуэр щыст, хамэ щӀимыгъэхьэу, арщхьэкӀэ щӀэкӀ-къыщӀыхьэ псоми адыгэ цей ящыгъти, хамэрэ мыхамэрэ хузэхэгъэкӀыртэкъым, хэт илъэгъуами дадэм зигъэткӀий хуэдэу зищӀырт: – УщӀыхьэу ядэркъым, – жиӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 172. [Шыгухум Мэмэт-щӀакъуэ хуэгъэзауэ:] – Унэ зыщӀэсым къэрэгъул щӀыӀутыр джэду щӀамыгъэхьэну аракъым – зыгуэрым тошыныхь. Лъапсэ, 50. Къоджэр нэхъыжьщ, жаӀэри, сэри сыщӀэкӀрэ сежьэмэ, Тэмарэ къуэгъуэнапӀэм къуэту сыхуозэ, сеупщӀ сыту иужь симыту унафэ хузощӀ: – Псэ зыӀут щӀомыгъыхьэ абы и палатэм, – жызоӀэри [Дэфэрэдж]. Лъапсэ, 23.