щӀэгъэтӀысхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЩӀэтӀысхьэн псалъэм и каузатив.
рукаузатив к щӀэтӀысхьэн
Уэшхыр къежэхырти, нартым и щӀакӀуэ щӀагъым Ӏэдиихур щӀигъэтӀысхьащ.— Нартхэр
Kitapta geçtiği hali
щӀэгъэтӀысхьэн каузатив к щӀэтӀысхьэн / ЩӀэтӀысхьэн псалъэм и каузатив. * Уэшхыр къежэхырти, нартым и щӀакӀуэ щӀагъым Ӏэдиихур щӀигъэтӀысхьащ. Нарт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀегъэтӀысхьэ)
1. Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, и лъабжьэм щыгъэтӀысын. -305.
– Дыхуей мыгъуэтэкъым шэ, дызэдзэкъэн уиӀэмэ, псы дытефыхьыжынщ, – жиӀэри [бжэныхъуэм хуэгъэзауэ] Дэфэрэдж и гурыӀупсыр къажэу жыгышхуэ гуэрым и щӀагъым щӀэтӀысхьащ, и сабийр и куэщӀым ису.— Лъапсэ, 55
+1 örnek
Капитаным и гум къигъэкӀыжащ. – ЛӀищ щӀэгъэтӀысхьэ бгъуэнщӀагъми, зы танк благъэкӀмэ, си Ӏуэхущ.— Нал къута, 304
2. Щыпсэун мурадкӀэ (унэм) гъэӀэпхъуэн.
Иджы си гум къэкӀащ: мылицэм си Ӏуэхур щызэфӀэкӀа нэужь, куэзыр джэгу къомым сапкърыупщӀыхьынщ, хэт ищӀэрэ, зи унэ сыщӀэзыгъэтӀысхьэн къахэкӀынкӀэ хъунщ, жысӀэу.— МелыӀыч, 451
+1 örnek
Хьэбибэ и фӀэщ къригъэкӀмэ еуэу кӀуэнкӀи хъунт, ауэ Иринэ зы пэш закъуэ фӀэкӀ къыхуамыгъанэу и фэтэр тӀэкӀур фӀаубыдри, Одесса къикӀыу къэӀэпхъуа унагъуэ гуэр щӀагъэтӀысхьащ.— Щынэхужьыкъуэ, 27
3. ӀэщӀагъэ, щӀэныгъэ зрагъэгъуэтыну еджапӀэ гуэрым щеджэхэм ящыщ щӀын.
Ар дыдэр иджыпсту Астемыр жиӀа иужь, Елдари къыщӀигъуащ: – Езым и къуитӀыр электрическэ уэздыгъэм бгъэдигъэсщ, советскэ школым щӀигъэтӀысхьауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
+1 örnek
Адыгэ, къущхьэ щӀалэ цӀыкӀухэм нэхъ псынщӀэу урысыбзэ ящӀэн жаӀэри урыс щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ школым къыщӀагъэтӀысхьат, ауэ адыгэмрэ къущхьэмрэ зэрынэхъыбэр ара, е нэгъуэщӀт, урысхэм адыгэбзэ зэрагъэщӀащ, адыгэм урысыбзэ зэрамыгъащӀэурэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 550
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭГЪЭТӀЫСХЬЭН (щӀегъэтӀысхьэ) лъэӀ.(9). 1. (5). Псэуалъэ гуэрым е зыгуэрым и щӀагъым, и лъабжьэм щыгъэтӀысын. – Дыхуей мыгъуэтэкъым шэ, дызэдзэкъэн уиӀэмэ, псы дытефыхьыжынщ, – жиӀэри [бжэныхъуэм хуэгъэзауэ] Дэфэрэдж и гурыӀупсыр къажэу жыгышхуэ гуэрым и щӀагъым щӀэтӀысхьащ, и сабийр и куэщӀым ису. Лъапсэ, 55. Капитаным и гум къигъэкӀыжащ. – ЛӀищ щӀэгъэтӀысхьэ бгъуэнщӀагъми, зы танк благъэкӀмэ, си Ӏуэхущ. Нал къута, 304-305. 2. (2). Щыпсэун мурадкӀэ (унэм) гъэӀэпхъуэн. Иджы си гум къэкӀащ: мылицэм си Ӏуэхур щызэфӀэкӀа нэужь, куэзыр джэгу къомым сапкърыупщӀыхьынщ, хэт ищӀэрэ, зи унэ сыщӀэзыгъэтӀысхьэн къахэкӀынкӀэ хъунщ, жысӀэу. МелыӀыч, 451. Хьэбибэ и фӀэщ къригъэкӀмэ еуэу кӀуэнкӀи хъунт, ауэ Иринэ зы пэш закъуэ фӀэкӀ къыхуамыгъанэу и фэтэр тӀэкӀур фӀаубыдри, Одесса къикӀыу къэӀэпхъуа унагъуэ гуэр щӀагъэтӀысхьащ. Щынэхужьыкъуэ, 27. 3. (2). ӀэщӀагъэ, щӀэныгъэ зрагъэгъуэтыну еджапӀэ гуэрым щеджэхэм ящыщ щӀын. Ар дыдэр иджыпсту Астемыр жиӀа иужь, Елдари къыщӀигъуащ: – Езым и къуитӀыр электрическэ уэздыгъэм бгъэдигъэсщ, советскэ школым щӀигъэтӀысхьауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. Адыгэ, къущхьэ щӀалэ цӀыкӀухэм нэхъ псынщӀэу урысыбзэ ящӀэн жаӀэри урыс щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ школым къыщӀагъэтӀысхьат, ауэ адыгэмрэ къущхьэмрэ зэрынэхъыбэр ара, е нэгъуэщӀт, урысхэм адыгэбзэ зэрагъэщӀащ, адыгэм урысыбзэ зэрамыгъащӀэурэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 550.