щытӀэгъэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
щылъэн/щытӀэгъэн (щелъэ/ щетӀагъэ); GİYDİRMEK (birine giysi ~)
щытӀэгъэн/щылъэн; GİYDİRMEK (birine giysi ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Чысэ нэщӀ къэбыфэщ. Фыгъуэнэд зэпытщ, ЩытӀэгъэн имыӀэ, И Ӏэщхьэжь полэл.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Еплъ: щыгъын
(щетӀагъэ)
Пкъым иун, илъхьэн.
рунадеть, одеть (одежду)
ПсынщӀэу щытӀэгъэн. Джэдыгу щытӀэгъэн.
Kitapta geçtiği hali
щытӀэгъэн I см. щыгъын I. * Чысэ нэщӀ къэбыфэщ. Фыгъуэнэд зэпытщ, ЩытӀэгъэн имыӀэ, И Ӏэщхьэжь полэл. Къэб. п. и ант. II (щетӀагъэ) перех. гл. надеть, одеть (одежду) / Пкъым иун, илъхьэн. ПсынщӀэу щытӀэгъэн. Джэдыгу щытӀэгъэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ИтӀани зэлӀзэфызым къалэжьыр яшхын, щатӀэгъэн къащэхуну яхурикъу къудейт.— Лъэчымэ, 392
Еплъ: щыгъын
щетӀагъэ)
лъэӀ. Пкъым иун, илъхьэн. ЛӀыгъур нысашэм хигъэтыну щӀалэхэми къагупсысащ убых шу гъусэу нысащӀэм къыдэкӀуэр дэкум хуэдэу къагъэпцӀэнуи, я щыгъын хьэбыршыбыру куэд лъандэрэ хыфӀадзэжар къыдалъэфыжу зыщатӀэгъэну.— Лъапсэ, 115
+2 örnek
Ара си гугъэщ нобэ къэси А цейр лъэпкъ псоми щӀыщатӀагъэр.— Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238
Езы Рахьим къакӀуэмэ, Саримэ бгъэдэсу хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр жиӀэрт, щыгъын дахэу къалэм дэс хъыджэбзхэм щатӀагъэм тепсэлъыхьырт, зэзэмызи Саримэ теӀэбэрти и дамэм, и щӀыбым Ӏэ дилъэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 132
Kitapta geçtiği hali
ЩЫТӀЭГЪЭН I (1). Еплъ щыгъын I. ИтӀани зэлӀзэфызым къалэжьыр яшхын, щатӀэгъэн къащэхуну яхурикъу къудейт. Лъэчымэ, 392.
ЩЫТӀЭГЪЭН II (щетӀагъэ) лъэӀ. (42). Пкъым иун, илъхьэн. ЛӀыгъур нысашэм хигъэтыну щӀалэхэми къагупсысащ убых шу гъусэу нысащӀэм къыдэкӀуэр дэкум хуэдэу къагъэпцӀэнуи, я щыгъын хьэбыршыбыру куэд лъандэрэ хыфӀадзэжар къыдалъэфыжу зыщатӀэгъэну. Лъапсэ, 115. Ара си гугъэщ нобэ къэси А цейр лъэпкъ псоми щӀыщатӀагъэр. Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238. Езы Рахьим къакӀуэмэ, Саримэ бгъэдэсу хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр жиӀэрт, щыгъын дахэу къалэм дэс хъыджэбзхэм щатӀагъэм тепсэлъыхьырт, зэзэмызи Саримэ теӀэбэрти и дамэм, и щӀыбым Ӏэ дилъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 132.