щысын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

oturmak
OrtakтӀысынкъэтӀысынщысын
Kitapta geçtiği hali

ТӀЫСЫН (МЭТӀЫС(ы); КЪЭТӀЫСЫН (къэтӀысы/къотӀыс); ЩЫСЫН (ЩЫС(щ); щэсы/щос; (бгъэтӀысымэ щэсы/бгъэтӀысмэ щосыр: oturtursan oturuyor); . OTURMAK

ЩЫСЫН → ТӀЫСЫН, OTURMAK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: тӀысын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щысщ)

1. Зыгуэрым тесын.

русидеть

Ефэ-ешхэр яублэри бланэр я нышу... гъэлъэхъу пшэрыр я шыпсу, санэхум зэдефэу щысахэщ.— Нартхэр

+1 örnek

Щысу ямылъэгъуар тэджри псчэуӀуащ.— Псалъэжьхэр

2. ЩыӀэн, щытын (къуажэ, жылэ, цӀыху псэупӀэхэм хужаӀэ).

рурасполагаться, находиться (о населенном пункте)

КъызбрункӀэ зэджэ пэужьым пэгъунэгъуу фэндыкъуэ деж адыгэ жылэшхуэ щысащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

3. Тутнакъым исын, ягъэтӀысауэ щытын.

русидеть в тюрьме, находиться в заключении

ЯгъэтӀысри щысащ, Сыбыри ягъэкӀуауэ щытащ.— Борыкъуей ТӀутӀэ

4. Щхьэгъусэншэу зэман кӀыхькӀэ псэун.

рувдовствовать, жить одиноко

ДэмыкӀуэу щысын.

Kitapta geçtiği hali

щысын (щысщ) неперех. гл. 1. сидеть / Зыгуэрым тесын. * Ефэ-ешхэр яублэри бланэр я нышу... гъэлъэхъу пшэрыр я шыпсу, санэхум зэдефэу щысахэщ. Нарт. Щысу ямылъэгъуар тэджри псчэуӀуащ. (погов.) 2. располагаться, находиться (о населенном пункте) / ЩыӀэн, щытын (къуажэ, жылэ, цӀыху псэупӀэхэм хужаӀэ). * КъызбрункӀэ зэджэ пэужьым пэгъунэгъуу фэндыкъуэ деж адыгэ жылэшхуэ щысащ. Къэб. фольк. 3. переносное сидеть в тюрьме, находиться в заключении / Тутнакъым исын, ягъэтӀысауэ щытын. * ЯгъэтӀысри щысащ, Сыбыри ягъэкӀуауэ щытащ. Б. ТӀ. 4. переносное вдовствовать, жить одиноко / Щхьэгъусэншэу зэман кӀыхькӀэ псэун. ДэмыкӀуэу щысын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щысщ)

1. Зыгуэрым тесын.

СтӀолым къыбгъэдэс лӀыжь къомым я упщӀэ пыӀэ кӀапэхэр, тхьэрыкъуэфым ещхьу, къелэлэхыу щыст, хэт ӀэпхъуамбэкӀэ гуахъуэ цӀыкӀум епэщэщу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587

+2 örnek

Дэфэрэдж къыхуэщӀэртэкъым ягъакӀуэу гъукӀэр къыщӀрагъэшари, щтэӀэщтаблэу щыст, сытэджу си гъуэгу щхьэ сытемыувэжрэ, жиӀэу— Лъапсэ, 60

[Альбинэ:] Уафэм сыдэплъейуэ сыщысащ, Гесиод къэкӀуэжу слъагъуну пӀэрэ, жысӀэу— Тепщэч къэзылъэтыхь, 170

2. ЗыщӀыпӀэ деж егъэзыпӀэ щиӀэн, щыгъуэтын.

Щхьэлмывэкъуэ къуажэр здэщыс щӀыпӀэм хуэдэ гъуэтыгъуейуэ дахэщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 82

+1 örnek

– Осетин къуажэ щысащ, - жиӀэри, щӀэныгъэлӀу къыщӀэкӀынщ, зыгуэр къэпсэлъащ, - ДзауджикаукӀэ еджэу— Лъапсэ, 86

3. Тутнакъым исын.

Следствие пӀалъэр икӀауэ ягъэкъуаншэу палъхьэнур ямыгъуэту, лажьэ зимыӀэ лӀыр щыст, хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, къэутӀыпщыжын хуейуэ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525

+1 örnek

Къэрэмырзэр хьэпсым изэшыхьауэ «Ӏы-Ӏы» щыжиӀэм, къэрэгъул и гъусэу штабым ирагъэшащ, зэрыщысыну хуеяри хуагъэгъури.— Лыгъэ, 409

4. Ефэ-ешхэ Ӏэнэ гъэувын.

Ухуейми, спектакль зыгъэувар къегъэблагъи, тӀэкӀу дыщысынщ, жиӀэри Инал къыщӀигъуащ, Верэ Павловнэ зигъэхьэзыру щилъагъум.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660

Kitapta geçtiği hali

ЩЫСЫН (щысщ) лъэмыӀ. (276). 1. (270). Зыгуэрым тесын. СтӀолым къыбгъэдэс лӀыжь къомым я упщӀэ пыӀэ кӀапэхэр, тхьэрыкъуэфым ещхьу, къелэлэхыу щыст, хэт ӀэпхъуамбэкӀэ гуахъуэ цӀыкӀум епэщэщу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. Дэфэрэдж къыхуэщӀэртэкъым ягъакӀуэу гъукӀэр къыщӀрагъэшари, щтэӀэщтаблэу щыст, сытэджу си гъуэгу щхьэ сытемыувэжрэ, жиӀэу. Лъапсэ, 60. [Альбинэ:] Уафэм сыдэплъейуэ сыщысащ, Гесиод къэкӀуэжу слъагъуну пӀэрэ, жысӀэу. Тепщэч къэзылъэтыхь, 170. 2. (3). ЗыщӀыпӀэ деж егъэзыпӀэ щиӀэн, щыгъуэтын. Щхьэлмывэкъуэ къуажэр здэщыс щӀыпӀэм хуэдэ гъуэтыгъуейуэ дахэщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 82. – Осетин къуажэ щысащ, - жиӀэри, щӀэныгъэлӀу къыщӀэкӀынщ, зыгуэр къэпсэлъащ, - ДзауджикаукӀэ еджэу. Лъапсэ, 86. 3. (2). Тутнакъым исын. Следствие пӀалъэр икӀауэ ягъэкъуаншэу палъхьэнур ямыгъуэту, лажьэ зимыӀэ лӀыр щыст, хабзэм зэрыжиӀэмкӀэ, къэутӀыпщыжын хуейуэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Къэрэмырзэр хьэпсым изэшыхьауэ «Ӏы-Ӏы» щыжиӀэм, къэрэгъул и гъусэу штабым ирагъэшащ, зэрыщысыну хуеяри хуагъэгъури. Лыгъэ, 409. 4. (1). Ефэ-ешхэ Ӏэнэ гъэувын. Ухуейми, спектакль зыгъэувар къегъэблагъи, тӀэкӀу дыщысынщ, жиӀэри Инал къыщӀигъуащ, Верэ Павловнэ зигъэхьэзыру щилъагъум. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660.

Düzeltme Öner

щысын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.