щыгъэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Щытын псалъэм и каузатив.
рукаузатив к щытын
(щегъэт)
Псалъэмакъ е Ӏуэху зыхэт гуэр гъэувыӀэн.
руперестать, прекратить делать что-л.
Псалъэр щыгъэтын. Ӏуэху мыхъумыщӀэр щыгъэтын.
Kitapta geçtiği hali
щыгъэтын I каузатив к щытын / Щытын псалъэм и каузатив. II (щегъэт) перех. гл. перестать, прекратить делать что-л. / Псалъэмакъ е Ӏуэху зыхэт гуэр гъэувыӀэн. Псалъэр щыгъэтын. Ӏуэху мыхъумыщӀэр щыгъэтын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щегъэт)
Щытыну хуит щӀын, унафэ хуэщӀын.
Уеблэмэ, Ӏэ фӀэтыху, псэ зыӀут зэӀущӀэм хэзгъэкӀынукъым, жиӀэу езыри иувыкӀыу жылэр зэрыжылэу нэху щыху щигъэтыну тӀэу еплъынутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъупнтӀэ, 658
+1 örnek
[Васэ жиӀэу:] - ЗэрызэфӀэкӀыу тхьэр согъэпцӀ сыхьэт щызгъэтым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 179
(щегъэт)
Псалъэмакъ е Ӏуэху зыхэт гуэр гъэувыӀэн.
Дадэм и гур зыщӀыпӀэкӀэ жауэ ерыскъы зыбгъэдэсыр фӀэмыӀэфӀыж хъуащи, шхэнри щегъэт— КӀапсэ кӀапэ, 16
+2 örnek
ЦӀыху зэхэтым я Ӏэуэлъэуэныр занщӀэу щагъэтащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154
Къазджэрий щигъэтащ цӀыхубзым пэрыуэн.— Мазэ ныкуъэ щхъуантӀэ, 670
Kitapta geçtiği hali
ЩЫГЪЭТЫН I (щегъэт) лъэӀ. (87). Щытыну хуит щӀын, унафэ хуэщӀын. Уеблэмэ, Ӏэ фӀэтыху, псэ зыӀут зэӀущӀэм хэзгъэкӀынукъым, жиӀэу езыри иувыкӀыу жылэр зэрыжылэу нэху щыху щигъэтыну тӀэу еплъынутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъупнтӀэ, 658. [Васэ жиӀэу:] - ЗэрызэфӀэкӀыу тхьэр согъэпцӀ сыхьэт щызгъэтым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 179.
ЩЫГЪЭТЫН II (щегъэт) лъэӀ. (84). Псалъэмакъ е Ӏуэху зыхэт гуэр гъэувыӀэн. Дадэм и гур зыщӀыпӀэкӀэ жауэ ерыскъы зыбгъэдэсыр фӀэмыӀэфӀыж хъуащи, шхэнри щегъэт. КӀапсэ кӀапэ, 16. ЦӀыху зэхэтым я Ӏэуэлъэуэныр занщӀэу щагъэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Къазджэрий щигъэтащ цӀыхубзым пэрыуэн. Мазэ ныкуъэ щхъуантӀэ, 670.