щхьэщытын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щхьэщытщ)
1. Зыгуэрым и гъунэгъуу, и щӀыӀукӀэ щытын.
рустоять над кем-чем-л.
ЩыхупӀэм щхьэщытын.
2. Зыгуэр пхъумэн, упӀын, къэгъэхъун щхьэкӀэ хуэпсэун.
рубыть опорой кому-л.
Адэр быным ящхьэщытщ.
Kitapta geçtiği hali
щхьэщытын (щхьэщытщ) неперех. гл. 1. стоять над кем-чем-л. / Зыгуэрым и гъунэгъуу, и щӀыӀукӀэ щытын. ЩыхупӀэм щхьэщытын. 2. переносное быть опорой кому-л. / Зыгуэр пхъумэн, упӀын, къэгъэхъун щхьэкӀэ хуэпсэун. Адэр быным ящхьэщытщ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щхьэщытщ)
1. Зыгуэрым и гъунэгъуу, и щӀыӀукӀэ щытын.
Ауэ вокзалым уплъэмэ – станцым сабэр щхьэщтт— Нал къута, 221
+2 örnek
Тенджызым дыщхьэщыту сынеплъыхмэ, тенджыз губгъуэм Пшэр Ӏэрамэу текъухьащ.— Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51
Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, нэр ерагъыу къызэтрихрэ къаплъэмэ, хъыджэбз гуэр къыщхьэщытщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
2. Зыгуэр пхъумэн, упӀын, къэгъэхъун щхьэкӀэ псэун.
– Адакъэ къытщхьэщымытыжмэ, зеиншэм дыхуэди…— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493
+1 örnek
Бгъэжьым хуэдэу ди бынхэм уащхьэщытыну дыпщогугъ, - жиӀэри лӀыжьыр инэралым дежкӀэ екӀуэкӀри и Ӏэр иубыдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 126
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭЩЫТЫН (щхьэщытщ) лъэмыӀ. (41). 1. (39). Зыгуэрым и гъунэгъуу, и щӀыӀукӀэ щытын. Ауэ вокзалым уплъэмэ – станцым сабэр щхьэщтт. Нал къута, 221. Тенджызым дыщхьэщыту сынеплъыхмэ, тенджыз губгъуэм Пшэр Ӏэрамэу текъухьащ. Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51. Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, нэр ерагъыу къызэтрихрэ къаплъэмэ, хъыджэбз гуэр къыщхьэщытщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. 2. (2). Зыгуэр пхъумэн, упӀын, къэгъэхъун щхьэкӀэ псэун. – Адакъэ къытщхьэщымытыжмэ, зеиншэм дыхуэди… Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493. Бгъэжьым хуэдэу ди бынхэм уащхьэщытыну дыпщогугъ, - жиӀэри лӀыжьыр инэралым дежкӀэ екӀуэкӀри и Ӏэр иубыдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126.