щапхъэ къытехын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
къытехын
(къытрех)
1. Къехьэхын, техын.
руснять что-л. с поверхности чего-л.
Жыгым и фэр къытехын. ЩӀы щхьэфэр къытехын. Бэчмырзэ и бжыр гум къытрихщ, къихьри щӀалитӀым къаритащ.— Теунэ Хьэчим
2. ЗалымыгъэкӀэ къеӀыхын, къыӀэщӀэгъэкӀын.
руотнять, отобрать, забрать кого-что-л. у кого-л.
Тхьэпэлъытэ Пэкъуэ нартхэм я мафӀэр къатрех.— Нартхэр
+1 örnek
Чачэ хузэгуэпырт Вэрокъуэм, цырибон зэрыщӀигъэж Ӏэмэпсымэр къытрихати.— КӀыщокъуэ Алим
3. КъехьэлӀэн (гъавэ бэв). Гъавэ нэхъыбэ къытехын.
русобрать что-л. (напр. урожай)
Bu maddedeki ifadeler (1)
щапхъэ къытехын
Еплъ: щапхъэ
щапхъэ
1. Инагъ, кӀыхьагъ, хьэлъагъ с. ху. къызэрапщым ироджэ.
румера, единица измерения чего-л.
КӀыхьагъ къазэрапщ щапхъэ.
2. Зыгуэрхэр зыхуэдизыр белджылы щӀын щхьэкӀэ къагъэсэбэп къызэрапщ пщалъэ е Ӏэмэпсымэ гуэр.
румера, мерка
3. Ӏуэхугъуэ, гупсысэ гуэр наӀуэ, гурыӀуэгъуэ ящӀын щхьэкӀэ къагъэсэбэпыр.
рупример (приводимый в пояснение, доказательство чего-л.)
4. ЦӀыхум и дуней тетыкӀэм, и хьэл-щэным нэгъуэщӀхэр дэплъей, зыхалъхьэ хъуну хэлъыр.
рупример, образец (напр. для подражания)
ЗумылӀэж! ДяужькӀэ къэхъунум залӀэж, заукӀыжу щапхъэ Ӏейр къыумыгъанэ.— Нартхэр
Bu maddedeki ifadeler (3)
щапхъэ къэхьын
рупривести пример.
щапхъэ къытехын
ру1) снять мерку с кого-л. 2) брать пример с кого-л.
щапхъэ техын
щапхъэ къытехын
Мы си ӀэужьыфӀхэм трах щапхъэ цӀыхухэм.— ЩоджэнцӀыкӀу Нурий
Kitapta geçtiği hali
къытехын (къытрех) перех. гл. 1. снять что-л. с поверхности чего-л. / Къехьэхын, техын. * Жыгым и фэр къытехын. ЩӀы щхьэфэр къытехын. Бэчмырзэ и бжыр гум къытрихщ, къихьри щӀалитӀым къаритащ. Т. Хь. 2. отнять, отобрать, забрать кого-что-л. у кого-л. / ЗалымыгъэкӀэ къеӀыхын, къыӀэщӀэгъэкӀын. * Тхьэпэлъытэ Пэкъуэ нартхэм я мафӀэр къатрех. Нарт. Чачэ хузэгуэпырт Вэрокъуэм, цырибон зэрыщӀигъэж Ӏэмэпсымэр къытрихати. КӀ. А. 3. переносное собрать что-л. (напр. урожай) / КъехьэлӀэн (гъавэ бэв). Гъавэ нэхъыбэ къытехын. Щапхъэ къытехын см. щапхъэ.
щапхъэ 1. мера, единица измерения чего-л. / Инагъ, кӀыхьагъ, хьэлъагъ с. ху. къызэрапщым ироджэ. КӀыхьагъ къазэрапщ щапхъэ. 2. мера, мерка / Зыгуэрхэр зыхуэдизыр белджылы щӀын щхьэкӀэ къагъэсэбэп къызэрапщ пщалъэ е Ӏэмэпсымэ гуэр. 3. пример (приводимый в пояснение, доказательство чего-л.) / Ӏуэхугъуэ, гупсысэ гуэр наӀуэ, гурыӀуэгъуэ ящӀын щхьэкӀэ къагъэсэбэпыр. 4. пример, образец (напр. для подражания) / ЦӀыхум и дуней тетыкӀэм, и хьэл-щэным нэгъуэщӀхэр дэплъей, зыхалъхьэ хъуну хэлъыр. * ЗумылӀэж! ДяужькӀэ къэхъунум залӀэж, заукӀыжу щапхъэ Ӏейр къыумыгъанэ. Нарт. Щапхъэ къэхьын привести пример. Щапхъэ къытехын 1) снять мерку с кого-л. 2) брать пример с кого-л. Щапхъэ техын = щапхъэ къытехын. * Мы си ӀэужьыфӀхэм трах щапхъэ цӀыхухэм. Щ. Н.