щабэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ГУМАХЭ, МАХЭ, псыгъо/псыгъуэ, пӀуакӀэ/пӀащӀэ, ищыгъ, ЗЭКӀУЖь, гушӀубзыу, нэшӀогушӀу, нэбзэгуабз, гоӀу, гуахьы/гурыхь, шъабэ/щабэ, ухъо/ухъуэ, ИЗЯШНЫЙ, НЕЖНЫЙ, ТОНКИЙ, ХРУПКИЙ; → ГУМАХЭ; NARİN
шъабэ/щабэ → ГУМАХЭ; NARİN (yumuşak)
щабэ/шъабэ → ГУМАХЭ; NARİN (yumuşak)
шъабэ/щабэ; YUMUŞAK
щабэ/шъабэ; YUMUŞAK
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гумахэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Мыбыдэ, пкъы зыщӀэмыт, хэкъузэгъуафӀэ, хэушкумбэгъуафӀэу щыт.
румягкий, нежёсткий; нечёрствый, свежий
Шэнт щабэ. ЩӀакхъуэ щабэ. Щхьэц щабэ.
2. Мыпхъашэ (Ӏэпкълъэпкъ, абы и Ӏыхьэ гуэр).
румягкий, нежный, пухлый (о теле)
Ӏэ щабэ.
3. Мыбыдэ, зыгуэр къыхэпщӀыкӀынкӀэ тыншу щыт гуэрым (гъущӀым, пхъэм с. ху.) хужаӀэ. ГъущӀ щабэ. Пхъэ щабэ.
румягкий (о металле, дереве и т. д.)
4. Хьэдзэ пхъашагъэ лъэпкъ хэмылъыжу зэхэхьэжам хуэдэ.
румягкий, порошкообразный
Хьэжыгъэ щабэ.
5. ТкӀуэпс е хьэдзэ жьгъей дыдэурэ зэхэт (уэшх, уэс с. ху. хужаӀэ).
румягкий (напр. о дожде)
Уэшх щабэ.
6. Нейуэ зэӀуща, мыпхъашэ (кхъузанэ).
румелкосетчатый, с мелкими ячейками
Кхъузанэ щабэ.
7. Бзаджагъэ зыхэмылъ, къытегъэхьэгъуафӀэ къыдэшэхыгъуафӀэ (цӀыху).
румягкий (о человеке)
Хьэл щабэ.
Kitapta geçtiği hali
щабэ 1. мягкий, нежёсткий; нечёрствый, свежий / Мыбыдэ, пкъы зыщӀэмыт, хэкъузэгъуафӀэ, хэушкумбэгъуафӀэу щыт. Шэнт щабэ. ЩӀакхъуэ щабэ. Щхьэц щабэ. 2. мягкий, нежный, пухлый (о теле) / Мыпхъашэ (Ӏэпкълъэпкъ, абы и Ӏыхьэ гуэр). Ӏэ щабэ. 3. мягкий (о металле, дереве и т. д.) / Мыбыдэ, зыгуэр къыхэпщӀыкӀынкӀэ тыншу щыт гуэрым (гъущӀым, пхъэм с. ху.) хужаӀэ. ГъущӀ щабэ. Пхъэ щабэ. 4. мягкий, порошкообразный / Хьэдзэ пхъашагъэ лъэпкъ хэмылъыжу зэхэхьэжам хуэдэ. Хьэжыгъэ щабэ. 5. переносное мягкий (напр. о дожде) / ТкӀуэпс е хьэдзэ жьгъей дыдэурэ зэхэт (уэшх, уэс с. ху. хужаӀэ). Уэшх щабэ. 6. переносное мелкосетчатый, с мелкими ячейками / Нейуэ зэӀуща, мыпхъашэ (кхъузанэ). Кхъузанэ щабэ. 7. переносное мягкий (о человеке) / Бзаджагъэ зыхэмылъ, къытегъэхьэгъуафӀэ къыдэшэхыгъуафӀэ (цӀыху). Хьэл щабэ. Гу щабэ см. гу II. ЦӀыху щабэ см. цӀыху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Мыбыдэ, пкъы зыщӀэмыт, хэушкӀумбэгъуафӀэу, хэкъузэгъуафӀэу щыт. -294.
Нанэ и кӀэнтӀыӀур мэузри, пӀэ щабэ хуейщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 321
+2 örnek
ЖэщкӀэ щагъэгъуэлъыжкӀэ щхьэнтэ къратыртэкъым, пӀэри унэ лъэгум иращӀыхьырт - хъыджэбз цӀыкӀухэри зэсари арат: уэншэку щабэм телъ я хабзэтэкъым— Лъапсэ, 293
Лу имыгъэщӀагъуэ щыӀэт: тӀысыпӀэ щабэм къызэрыдридзейри, унэ жыг сытхэр нэпӀэзыпӀэм къызэрызэринэкӀри, гу е шу къахуэзэмэ, пӀащӀэ-тхъытхъыу зэрадэхри, машинэр шоферым игъаджэмэ, сабий цӀыкӀухэр я пщӀантӀэм къызэрыдэжри…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532
2. Мыпхъашэу Ӏэплъэпкъ е абы и Ӏыхьэ гуэр.
Си деж упӀащӀэу укъэсау, а уи Ӏэ щабэу сигу къинар уӀэгъэм гуапэу къеӀусау къысфӀэщӀри, си гур зэфӀэнат.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59
+2 örnek
Зи Ӏэгур щабэми кӀапсэ гъущэр ӀэщӀэӀынущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 100
[Дэфэрэдж жиӀэу:] АрщхьэкӀэ иджыпсту дунейм теткъым зэхэсх икӀи адэкӀэ-мыдэкӀэ сеплъэкӀыркъым, си нэм илъагъур си Ӏэр зэӀусэращ, а сызэӀусэм сыхуосакъыпэ, си пащхьэ илъым и псэр си Ӏэижьым къитӀысхьауэ телъэтыну пӀэрэ жысӀэу си Ӏэпэр нэхъ щабэ сщӀыным сыхущӀэкъуу.— Лъапсэ, 21
3. Хьэдзэ жьгъей дыдэ, пхъашагъэ хэмылъыжу зэхэхьэжа.
Ӏэдэм унафэ хуащӀащ гъавэу къашэр зэхимыгъэгъуащэу икӀи нэхъ щабэу ихьэжэну…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653
4. Бзаджагъэ зыхэмылъ, гу махэ, къыдэхьэхыгъуафӀэ (цӀыхум щхьэкӀэ жаӀэ).
Думэсарэрэ и дэлъхумрэ уэрэдым щабэ ищӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160
+2 örnek
Лу зейр щыжиӀэм, зи щхьэ фӀэпхыкӀа лӀыр нэхъ щабэ къэхъуа къыфӀэщӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595
Пэжу, Астемыр цӀыху щабэщ, зыми и жагъуи ищӀыфщынукъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 265
5. Дахэ, гуакӀуэ (макъым ехьэлӀауэ).
Мэз фӀыцӀэ къуакӀэм къыщыкӀам Къипсэлъ макъ щабэр зэхимых, мывэщхьэ лъагэу ар щыкӀау.— Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112
Deyimler (1)
гу щабэ
Еплъ: гу
Kitapta geçtiği hali
ЩАБЭ (96). плъыф. 1. (25). Мыбыдэ, пкъы зыщӀэмыт, хэушкӀумбэгъуафӀэу, хэкъузэгъуафӀэу щыт. Нанэ и кӀэнтӀыӀур мэузри, пӀэ щабэ хуейщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 321. ЖэщкӀэ щагъэгъуэлъыжкӀэ щхьэнтэ къратыртэкъым, пӀэри унэ лъэгум иращӀыхьырт - хъыджэбз цӀыкӀухэри зэсари арат: уэншэку щабэм телъ я хабзэтэкъым. Лъапсэ, 293-294. Лу имыгъэщӀагъуэ щыӀэт: тӀысыпӀэ щабэм къызэрыдридзейри, унэ жыг сытхэр нэпӀэзыпӀэм къызэрызэринэкӀри, гу е шу къахуэзэмэ, пӀащӀэ-тхъытхъыу зэрадэхри, машинэр шоферым игъаджэмэ, сабий цӀыкӀухэр я пщӀантӀэм къызэрыдэжри… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532. 2. (37). Мыпхъашэу Ӏэплъэпкъ е абы и Ӏыхьэ гуэр. Си деж упӀащӀэу укъэсау, а уи Ӏэ щабэу сигу къинар уӀэгъэм гуапэу къеӀусау къысфӀэщӀри, си гур зэфӀэнат. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. Зи Ӏэгур щабэми кӀапсэ гъущэр ӀэщӀэӀынущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 100. [Дэфэрэдж жиӀэу:] АрщхьэкӀэ иджыпсту дунейм теткъым зэхэсх икӀи адэкӀэ-мыдэкӀэ сеплъэкӀыркъым, си нэм илъагъур си Ӏэр зэӀусэращ, а сызэӀусэм сыхуосакъыпэ, си пащхьэ илъым и псэр си Ӏэижьым къитӀысхьауэ телъэтыну пӀэрэ жысӀэу си Ӏэпэр нэхъ щабэ сщӀыным сыхущӀэкъуу. Лъапсэ, 21. 3. (2). Хьэдзэ жьгъей дыдэ, пхъашагъэ хэмылъыжу зэхэхьэжа. Ӏэдэм унафэ хуащӀащ гъавэу къашэр зэхимыгъэгъуащэу икӀи нэхъ щабэу ихьэжэну… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653. 4. (24). зэхь. Бзаджагъэ зыхэмылъ, гу махэ, къыдэхьэхыгъуафӀэ (цӀыхум щхьэкӀэ жаӀэ). Думэсарэрэ и дэлъхумрэ уэрэдым щабэ ищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. Лу зейр щыжиӀэм, зи щхьэ фӀэпхыкӀа лӀыр нэхъ щабэ къэхъуа къыфӀэщӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595. Пэжу, Астемыр цӀыху щабэщ, зыми и жагъуи ищӀыфщынукъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 265. 5. (1). Дахэ, гуакӀуэ (макъым ехьэлӀауэ). Мэз фӀыцӀэ къуакӀэм къыщыкӀам Къипсэлъ макъ щабэр зэхимых, мывэщхьэ лъагэу ар щыкӀау. Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112. ◊ Гу щабэ (4). Еплъ гу II.