шыкӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
шыкӀэ/шыщӀэ; TAY
шыщӀэ/шыкӀэ, ТАЙ; TAY
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Шым и кӀэ.
рухвост лошади
Bu maddedeki ifadeler (2)
{и} шыкӀэ къурыкъуу хыхьэжын (ежьэжын)
ружить беззаботно, беспечно, бесшабашно, вести разгульный образ жизни.
{и} шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ
руочень спеша, сильно торопясь, как на пожар.
Kitapta geçtiği hali
шыкӀэ хвост лошади / Шым и кӀэ. {И} шыкӀэ къурыкъуу хыхьэжын (ежьэжын) жить беззаботно, беспечно, бесшабашно, вести разгульный образ жизни. {И} шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ очень спеша, сильно торопясь, как на пожар.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
: Шым пыт кӀэр.
Сэри унэм сыщӀыхьэжыным и пэкӀэ шэщым сыщӀыхьэрти, шы псэфым сытелъэщӀыхьырт, и сокур, и шыкӀэр хуэзгъэкъабзэрт, кӀэрымылъын кӀэрылъмэ, шытхъунщӀ сытхэр сиӀэт.— Анка, 382
+2 örnek
[Бот:] – А зиунагъуэрэ, дыгъужьыкӀэ хэт и пыӀэм, хэт и шыкӀэм кӀэрыщӀащ [Шкуро и дзэм].— Хъуэпсэгъуэ нур, 281
ЕтӀуанэ махуэм молэм уаз итати, жэм фӀыцӀэ зыбжанэ яукӀри тхьэлъэӀушхуэ ящӀу, ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэуэ зи бэракъым шыкӀищ кӀэрыщӀар, шу гъусэхэр иӀэу, къуажэм къэсри занщӀэу Дэфэрэдж къыщӀэупщӀащ: «Дэнэу пӀэрэ щыпсэур?»— Лъапсэ, 120
Deyimler (1)
[и] шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ
ПсынщӀэ дыдэу, пэщӀэгъуэ хэлъу.
А пщыхьэщхьэм фӀэмыкӀыу езы Апчари и шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсыжащ.— Нал къута, 277
+2 örnek
Япэм адыгэ цӀыхубзхэм загъэлӀэнут къащыщӀар уамыгъащӀэу, иджы къэгузэвакъэ – дохутыр жаӀэнщи, я шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсынщ.— Лъапсэ, 10
[Бекъан Хьэбибэ жриӀэу:] – А-а! Укъэсаи уэри уи шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ— Щынэхужьыкъуэ, 15
Kitapta geçtiği hali
ШЫКӀЭ (4): Шым пыт кӀэр. Сэри унэм сыщӀыхьэжыным и пэкӀэ шэщым сыщӀыхьэрти, шы псэфым сытелъэщӀыхьырт, и сокур, и шыкӀэр хуэзгъэкъабзэрт, кӀэрымылъын кӀэрылъмэ, шытхъунщӀ сытхэр сиӀэт. Анка, 382. [Бот:] – А зиунагъуэрэ, дыгъужьыкӀэ хэт и пыӀэм, хэт и шыкӀэм кӀэрыщӀащ [Шкуро и дзэм]. Хъуэпсэгъуэ нур, 281. ЕтӀуанэ махуэм молэм уаз итати, жэм фӀыцӀэ зыбжанэ яукӀри тхьэлъэӀушхуэ ящӀу, ХьэтӀрэмтӀыгу дэс пэщэуэ зи бэракъым шыкӀищ кӀэрыщӀар, шу гъусэхэр иӀэу, къуажэм къэсри занщӀэу Дэфэрэдж къыщӀэупщӀащ: «Дэнэу пӀэрэ щыпсэур?» Лъапсэ, 120. ◊ [И] шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ (4). ПсынщӀэ дыдэу, пэщӀэгъуэ хэлъу. А пщыхьэщхьэм фӀэмыкӀыу езы Апчари и шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсыжащ. Нал къута, 277. Япэм адыгэ цӀыхубзхэм загъэлӀэнут къащыщӀар уамыгъащӀэу, иджы къэгузэвакъэ – дохутыр жаӀэнщи, я шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ къэсынщ. Лъапсэ, 10. [Бекъан Хьэбибэ жриӀэу:] – А-а! Укъэсаи уэри уи шыкӀэ мафӀэ егъэуауэ. Щынэхужьыкъуэ, 15.