цӀынэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЦӀЫНЭ, мыжъэ/мыжьэ, мыжъо/ мывэ, МЫХЪУ; ÇİĞ
мыджыр, МЫХЪУ, шхъуантӀэ/ щхъуантӀэ, ЦӀЫНЭ; HAM (olgunlaşmamış)
МЫХЪУ, мыджыр, шхъуантӀэ/ щхъуантӀэ, ЦӀЫНЭ; HAM, ÇİĞ (olgunlaşmamış)
шхъуантӀэ/щхъуантӀэ, мыджыр, МЫХЪУ, ЦӀЫНЭ; HAM (olgunlaşmamış)
щхъуантӀэ/шхъуантӀэ, мыджыр, МЫХЪУ, ЦӀЫНЭ; HAM (olgunlaşmamış)
ЦӀЫНЭ, мыджыр, МЫХЪУ, шхъуантӀэ/щхъуантӀэ; HAM (yaş)
ЦӀЫНЭ, уцӀыныгъэ, псыф; ISLAK
псыф, уцӀыныгъэ, ЦӀЫНЭ; ISLAK
уцӀыныгъэ, ЦӀЫНЭ, псыф; ISLAK
ЦӀЫНЭ, псыф; YAŞ 2
псыф, ЦӀЫНЭ; YAŞ 2
Bu sonuç kitaptaki 11 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Псыф, псыӀагъэ зыщӀэлъ.
русырой, влажный
ЩӀы цӀынэ.
+1 örnek
ШитӀыр {Хьэмид} щӀетӀыкӀ, шхуэӀухэр яжьэдегъэхури шыудз цӀынэ яхуедз.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
2. Мыхъу, къэкӀагъащӀэ.
рузеленый, недозрелый, неспелый (о некоторых плодах)
Бжьын цӀынэ. Нартыху цӀынэ.
3. Мыгъэва, мыгъэжьа (лы), къамыгъэхуэба, къамыгъэкъуэлъа (псы), мыжьа (щӀакхъуэ).
русырой; недоварившийся, недопеченный
Ныбэм измэ, щӀакхъуэр цӀынэщ.— Псалъэжьхэр
4. БалигъыпӀэ имыува, щӀалэ, зи Ӏэпкълъэпкъ зэрымыубыда.
румолодой, не достигший зрелости
Хьэуэ, хъункъым, Сэтэней, хасэм нейкӀэ укъыхэплъэу жырым хуэдэу плъа ди нартхэм уи къуэ цӀынэр къыдэпшалӀэу.— Нартхэр
Bu maddedeki ifadeler (1)
лы цӀынэ
Еплъ: лы
Kitapta geçtiği hali
цӀынэ 1. сырой, влажный / Псыф, псыӀагъэ зыщӀэлъ. ЩӀы цӀынэ. * ШитӀыр {Хьэмид} щӀетӀыкӀ, шхуэӀухэр яжьэдегъэхури шыудз цӀынэ яхуедз. Хь. Хь. 2. зеленый, недозрелый, неспелый (о некоторых плодах) / Мыхъу, къэкӀагъащӀэ. Бжьын цӀынэ. Нартыху цӀынэ. 3. сырой; недоварившийся, недопеченный / Мыгъэва, мыгъэжьа (лы), къамыгъэхуэба, къамыгъэкъуэлъа (псы), мыжьа (щӀакхъуэ). * Ныбэм измэ, щӀакхъуэр цӀынэщ. (погов.) 4. переносное молодой, не достигший зрелости / БалигъыпӀэ имыува, щӀалэ, зи Ӏэпкълъэпкъ зэрымыубыда. * Хьэуэ, хъункъым, Сэтэней, хасэм нейкӀэ укъыхэплъэу жырым хуэдэу плъа ди нартхэм уи къуэ цӀынэр къыдэпшалӀэу. Нарт. Лы цӀынэ см. лы.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Псыф, псыӀагъ зыщӀэлъ.
[Алыджыкъуэ] Лъэбакъуэ счыху, пхъэ цӀынэм и хьэлъагъым хэхъуэ къысфӀощӀ.— МелыӀыч, 439
+2 örnek
Фэ цӀынэм щӀыфэр игъашхэрт, арщхьэкӀэ уеӀэб хъуртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 73
Пхъэ цӀынэ защӀэм мафӀэм исыр, Къэмылыдыххэу хокӀуэдэж.— Сихуат кӀуэдыпӀи сыкъелащ… Батырыбжьэ, 64
2. Мыхъу, къэкӀагъащӀэ.
Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640
+2 örnek
Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сытхэри гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэс;, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50
Я хадэм бжьын хьэситӀ итщи, яхуэмышэчыжым, Хъуцэрэ Барэсбийрэ бжьын тхьэмпэ цӀынэ къыпачу я анэм илъагъум, макӀуэри къыӀуехуж.— Нэгъуху, 33
3. Мыгъэва, мыгъэжьа.
[Мыщэм мэзыпщым жриӀэу:] Зым зыр [хьэкӀэкхъуэкӀэм] цӀынэу ешх— Кхъухь пхэнж, 507
4. Ин, пӀащэ.
Старшынэр щӀэкӀыжынут, ауэ кӀэзнэшейм ахъшэр иригъэбжу сейфым дригъэлъхьэну абы пэплъэрт, арщхьэкӀэ жейр къытекӀуауэ гъуэгу къритыртэкъым, куэдыӀуэ ефауэ къыщӀэкӀынти, къещхьэукъуэхырт, и пэ цӀынэжьри къыпыхуауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 229
Kitapta geçtiği hali
ЦӀЫНЭ (13). плъыф. 1. (9). Псыф, псыӀагъ зыщӀэлъ. [Алыджыкъуэ] Лъэбакъуэ счыху, пхъэ цӀынэм и хьэлъагъым хэхъуэ къысфӀощӀ. МелыӀыч, 439. Фэ цӀынэм щӀыфэр игъашхэрт, арщхьэкӀэ уеӀэб хъуртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 73. Пхъэ цӀынэ защӀэм мафӀэм исыр, Къэмылыдыххэу хокӀуэдэж. Сихуат кӀуэдыпӀи сыкъелащ… «Батырыбжьэ», 64. 2. (3). Мыхъу, къэкӀагъащӀэ. Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сытхэри гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэс;, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50. Я хадэм бжьын хьэситӀ итщи, яхуэмышэчыжым, Хъуцэрэ Барэсбийрэ бжьын тхьэмпэ цӀынэ къыпачу я анэм илъагъум, макӀуэри къыӀуехуж. Нэгъуху, 33. 3. (1). Мыгъэва, мыгъэжьа. [Мыщэм мэзыпщым жриӀэу:] Зым зыр [хьэкӀэкхъуэкӀэм] цӀынэу ешх. Кхъухь пхэнж, 507. 4. (1). Ин, пӀащэ. Старшынэр щӀэкӀыжынут, ауэ кӀэзнэшейм ахъшэр иригъэбжу сейфым дригъэлъхьэну абы пэплъэрт, арщхьэкӀэ жейр къытекӀуауэ гъуэгу къритыртэкъым, куэдыӀуэ ефауэ къыщӀэкӀынти, къещхьэукъуэхырт, и пэ цӀынэжьри къыпыхуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 229.