лы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЫ; ET
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Ӏэщ (псэущхьэ) яукӀам и пкъым щыщ Ӏыхьэхэу шхын папщӀэу ягъэхьэзырыр.
румясо (употребляемое в пищу)
Муратрэ Зырамыкурэ гупым къащыхыхьэжам удзыпцӀэм хэлъ чийхэм лы гъэвари, лы гъэжьари, мырамысэ убзытахэри ятелът.— Теунэ Хьэчим
2. Псэущхьэ Ӏэпкълъэпкъым щыщу фэмрэ къупщхьэмрэ я зэхуакум дэлъыр.
румясо (мышечная ткань)
Сымаджэм и лъакъуэр къутащ, къупщхьэ дзакӀэ жаным лыр къызэпиупщӀри и щӀыӀум къэкӀуащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Bu maddedeki ifadeler (12)
лы зытелъхьэн
рунабирать вес, жиреть (о животных).
Щынэхэм фӀыуэ заужьащ: лышхуэ зытралъхьащ.— Ӏуащхьэмахуэ
лы щабэ
румягкотелый (о человеке).
лы щӀын
лы зытелъхьэн
Къущхьэхъу дахуа Ӏэщхэм лы ящӀащ.
лыр гъэузын
рубеспокоить, тревожить, волновать кого-л.
8 ifade daha
лыр къищын
руходить в отрепьях.
лыр узын (щӀэузын)
рубеспокоиться, болеть душой за кого-что-л.
Шагъырокъуэм и лыр нэхъ узрэ ди колхозым щхьэкӀэ?— Щомахуэ Амырхъан
{и} лыр шхын (къэшхын)
ру1) подвести, жестоко обмануть кого-л. 2) издеваться над кем-л., заставить кого-л. нервничать, переживать.
Иджыри къэс щхьэ къызжомыӀарэ, сил мыгъуэр пшхай?
лы гъэгъуа
МафӀэм, дыгъэм ирагъэууэрэ гъур ящӀа лы.
русушеное мясо
лы цӀынэ 1.
ЗэраукӀрэ куэд мыщӀа Ӏэщым ил; лы мывэ е мыжьэ.
русвежее, парное мясо
Лы цӀынэр упӀэн. Лы цӀынэр шыун.
2. Фэ темылъыу, зэӀухауэ къаплъэ уӀэгъэ.
руоткрытая рана
Къупщхьэм телъ лы цӀынэр щызгъэкъабзэм, щӀалэр аргуэру къыхокӀиикӀ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
лы шыуа
Ӏей мыхъун папщӀэ яупӀэу шыгъу зыщахуа, шыгъушыпсым халъхьа лы.
рузасоленное мясо, солонина
лыкӀэ зэгухьэн (гухьэн)
рубыть в кровном родстве с кем-л.
Kitapta geçtiği hali
лы I 1. мясо (употребляемое в пищу) / Ӏэщ (псэущхьэ) яукӀам и пкъым щыщ Ӏыхьэхэу шхын папщӀэу ягъэхьэзырыр. * Муратрэ Зырамыкурэ гупым къащыхыхьэжам удзыпцӀэм хэлъ чийхэм лы гъэвари, лы гъэжьари, мырамысэ убзытахэри ятелът. Т. Хь. 2. мясо (мышечная ткань) / Псэущхьэ Ӏэпкълъэпкъым щыщу фэмрэ къупщхьэмрэ я зэхуакум дэлъыр. * Сымаджэм и лъакъуэр къутащ, къупщхьэ дзакӀэ жаным лыр къызэпиупщӀри и щӀыӀум къэкӀуащ. Хь. Хь. Лы зытелъхьэн набирать вес, жиреть (о животных). * Щынэхэм фӀыуэ заужьащ: лышхуэ зытралъхьащ. Ӏуащхь. Лы щабэ мягкотелый (о человеке). Лы щӀын = лы зытелъхьэн. Къущхьэхъу дахуа Ӏэщхэм лы ящӀащ. Лыр гъэузын беспокоить, тревожить, волновать кого-л. Лыр къищын ходить в отрепьях. Лыр узын (щӀэузын) беспокоиться, болеть душой за кого-что-л. * Шагъырокъуэм и лыр нэхъ узрэ ди колхозым щхьэкӀэ? Щ. Ам. {И} лыр шхын (къэшхын) 1) подвести, жестоко обмануть кого-л. 2) издеваться над кем-л., заставить кого-л. нервничать, переживать. Иджыри къэс щхьэ къызжомыӀарэ, сил мыгъуэр пшхай? лы гъэгъуа сушеное мясо / МафӀэм, дыгъэм ирагъэууэрэ гъур ящӀа лы. лы гъур см. лы гъэгъуа. * Бысым гуащэм лы гъур гъэжьа Ӏэнэм къытригъэуващ. фольк. лы цӀынэ 1. свежее, парное мясо / ЗэраукӀрэ куэд мыщӀа Ӏэщым ил; лы мывэ е мыжьэ. Лы цӀынэр упӀэн. Лы цӀынэр шыун. 2. открытая рана / Фэ темылъыу, зэӀухауэ къаплъэ уӀэгъэ. * Къупщхьэм телъ лы цӀынэр щызгъэкъабзэм, щӀалэр аргуэру къыхокӀиикӀ. Хь. Хь. лы шыуа засоленное мясо, солонина / Ӏей мыхъун папщӀэ яупӀэу шыгъу зыщахуа, шыгъушыпсым халъхьа лы. ЛыкӀэ зэгухьэн (гухьэн) быть в кровном родстве с кем-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Ӏэщ (псэущхьэ) яукӀам и пкъым щыщ Ӏыхьэхэу шхыну ягъэхьэзырыр.
Нобэ дэнэ лъэныкъуэ къикӀахэри зэблагъэ зэӀущӀи хуэдэт, хэт упщӀэ иубгъуауэ, хэти щӀакӀуэм тесу, зыкъомри щыту гъуэмылэ къыздахьахэр яшх, зым зыр елъэӀуу – лэкъум, чыржын, къылыш, кхъуей хужь, лы гъэва – псори къытралъхьащи, хэти бгъэдыхьэ – уигъэкӀуэнкъым уимыгъашэхэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 318
+2 örnek
Лы Ӏыхьэр ӀэкӀэ къащтэрти гуахъуэм фӀаӀурт, итӀани, мэкъу Ӏэмбатэ гуахъуэкӀэ къаӀэта гуахъуэм фӀэлъыр зэрыфӀэлъу яшхырт, зэзэмызэ лыр шыпсым хагъауэрэ къыхахыжмэ, шыпсыр я Ӏэщхьэм къытелъадэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588
Уеблэмэ, шыл гъэгъуа иӀэти окоп лъэгум мафӀэ щищӀри лыр игъажьэу хуежьэмэ, игъэщӀэкӀэ шыл зышхын зымыдар хъурейуэ окопым къетӀысэкӀырт, дзэкъэгъуэ зырыз къыдомытыну пӀэрэ, жаӀэу.— КӀапсэ кӀапэ, 7
2. Ӏэпкълъэпкъым щыщу фэмрэ къупщхьэмрэ я зэхуакум дэлъыр.
ПащӀэм щыщу цы Ӏэрамэ цӀыкӀу лыри фэри къыдэкӀуэу къыхичати, лъыкъуалэр кърикӀуту къижу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117
+1 örnek
УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыртэкъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэртэкъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд.— Лыгъэ, 412
3. ЛъыкӀэ къыгухьэ, Ӏыхьлы.
[Къылышбий и къуэм полкым хэт щӀалэхэм яжриӀэу:] Ди лым фыщыщщ, ди къупщхьэм фыщыщщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 126
Kitapta geçtiği hali
ЛЫ (123). 1. (121). Ӏэщ (псэущхьэ) яукӀам и пкъым щыщ Ӏыхьэхэу шхыну ягъэхьэзырыр. Нобэ дэнэ лъэныкъуэ къикӀахэри зэблагъэ зэӀущӀи хуэдэт, хэт упщӀэ иубгъуауэ, хэти щӀакӀуэм тесу, зыкъомри щыту гъуэмылэ къыздахьахэр яшх, зым зыр елъэӀуу – лэкъум, чыржын, къылыш, кхъуей хужь, лы гъэва – псори къытралъхьащи, хэти бгъэдыхьэ – уигъэкӀуэнкъым уимыгъашэхэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 318. Лы Ӏыхьэр ӀэкӀэ къащтэрти гуахъуэм фӀаӀурт, итӀани, мэкъу Ӏэмбатэ гуахъуэкӀэ къаӀэта гуахъуэм фӀэлъыр зэрыфӀэлъу яшхырт, зэзэмызэ лыр шыпсым хагъауэрэ къыхахыжмэ, шыпсыр я Ӏэщхьэм къытелъадэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588. Уеблэмэ, шыл гъэгъуа иӀэти окоп лъэгум мафӀэ щищӀри лыр игъажьэу хуежьэмэ, игъэщӀэкӀэ шыл зышхын зымыдар хъурейуэ окопым къетӀысэкӀырт, дзэкъэгъуэ зырыз къыдомытыну пӀэрэ, жаӀэу. КӀапсэ кӀапэ, 7. 2. (3). Ӏэпкълъэпкъым щыщу фэмрэ къупщхьэмрэ я зэхуакум дэлъыр. ПащӀэм щыщу цы Ӏэрамэ цӀыкӀу лыри фэри къыдэкӀуэу къыхичати, лъыкъуалэр кърикӀуту къижу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыртэкъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэртэкъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд. Лыгъэ, 412. 3. (1). ЛъыкӀэ къыгухьэ, Ӏыхьлы. [Къылышбий и къуэм полкым хэт щӀалэхэм яжриӀэу:] Ди лым фыщыщщ, ди къупщхьэм фыщыщщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126.