хэкӀуэдэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хокӀуадэ)

Зыгуэрым хыумылъагъукӀыжу, хыумыгъуэтэжу хэзэрыхьын, щыкӀуэдын. Ӏуэху гуэрым гъащӀэр хэлъхьэн, укӀыгъэ щыхъун. Зауэм хэкӀуэдэн. ■

ру1. потеряться, затеряться в чём-л. (в какой-л. массе, среде)

Пшахъуэм хэкӀуэдэн. Удзым хэкӀуэдэн. ■ Си дыщэ чысэр шэдым хэкӀуэдащ, - жиӀащ Хъуэжэ. Хъу. и таур. Мэкъу хьэвэм мастэ хэкӀуэдащ. Псжь. 2. погибнуть где-л.

+1 örnek

Хым хэкӀуадэр кхъэлъахэншэщ. Псжь. ♦

Bu maddedeki ifadeler (1)

хьэ зэрышхым хэкӀуэдэн

Еплъ: хьэ

Kitapta geçtiği hali

хэкӀуэдэн (хокӀуадэ) неперех. 1. потеряться, затеряться в чём-л. (в какой-л. массе, среде) / Зыгуэрым хыумылъагъукӀыжу, хыумыгъуэтэжу хэзэрыхьын, щыкӀуэдын. Пшахъуэм хэкӀуэдэн. Удзым хэкӀуэдэн. ■ Си дыщэ чысэр шэдым хэкӀуэдащ, - жиӀащ Хъуэжэ. Хъу. и таур. Мэкъу хьэвэм мастэ хэкӀуэдащ. Псжь. 2. погибнуть где-л. / Ӏуэху гуэрым гъащӀэр хэлъхьэн, укӀыгъэ щыхъун. Зауэм хэкӀуэдэн. ■ Хым хэкӀуадэр кхъэлъахэншэщ. Псжь. ♦ Хьэ зэрышхым хэкӀуэдэн см. хьэ I.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Зыгуэрым хыумылъагъукӀыжу, хыумыгъуэтэжу хэзэрыхьын, щыкӀуэдын.

Уигу игъэлъ плъэгъуар, - жиӀэри Бэлацэ куэбжэр хуищӀыжащ, Елдар и Ӏэуэлъауэр жэщ кӀыфӀым хэкӀуэда нэужькӀэ— Хъупсэгъуэ нур, 277

+2 örnek

МакӀуэр щэхуу, макӀуэр лъэсыр, Пшагъуэ Ӏувым ныхокӀуадэ, Анэ гъыбзэм гур дэузу Дэзщ я макъыр бгы аузым…— Тисей, 492

Толъкъун цӀыкӀухэр джанэ хужьу Мывэ хужьым яхокӀуадэ— Щхьэлыкъуэпс. «Батырыбжьэ», 20

2. Ӏуэху гуэрым гъащӀэр хэлъхьэн, укӀыгъэ щыхъун.

Сосмакъым тхьэ иӀуэрт, Ӏэщыр икӀэщӀыпӀэкӀэ ТэрчкӀэ дымыхум, хэкӀуэдауэ.— Нал къута, 238

+2 örnek

Уи къуэу зауэм хэкӀуэдахэм Я кхъэр уэри умыщӀэж.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59

Абдежым щыщӀэдзауэ «Бахъсэн событэм» лажьи-хъати зимыӀэ куэд Ислъэмей къуажэм щыщуи щымыщуи хокӀуадэ, щӀыхэкӀуадэр зыми имыщӀэу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526

3. Зыгуэр (мылъку, напэ, Ӏыхьэ, н.) фӀэкӀуэдын.

Фызыжьыр мэгупсысэ: дапщэрэ зауэ къэхъеями, игъащӀэм цӀыхум я мылъку хокӀуадэ: хэт иш трах, хэти уанэр Ӏах, хэти и Ӏэщыр хелъхьэ.— Щынэхужьыкъуэ, 8

+2 örnek

Зи пӀалъэ къэсым гу лъыптэфмэ, Уи гуащӀэдэкӀыр хэмыкӀуадэ.— Зэманым декӀу. «Батырыбжьэ», 11

Хъалилхэ я къурӀэнымкӀэ Нурхьэлий тхьэ иӀуэрэ зэгуиудмэ, Астемыр и пыӀэ хъарзынэри хэкӀуэдакъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 151

Kitapta geçtiği hali

ХЭКӀУЭДЭН (82). 1. (17). Зыгуэрым хыумылъагъукӀыжу, хыумыгъуэтэжу хэзэрыхьын, щыкӀуэдын. Уигу игъэлъ плъэгъуар, - жиӀэри Бэлацэ куэбжэр хуищӀыжащ, Елдар и Ӏэуэлъауэр жэщ кӀыфӀым хэкӀуэда нэужькӀэ. Хъупсэгъуэ нур, 277. МакӀуэр щэхуу, макӀуэр лъэсыр, Пшагъуэ Ӏувым ныхокӀуадэ, Анэ гъыбзэм гур дэузу Дэзщ я макъыр бгы аузым… «Тисей», 492. Толъкъун цӀыкӀухэр джанэ хужьу Мывэ хужьым яхокӀуадэ. Щхьэлыкъуэпс. «Батырыбжьэ», 20. 2. (55). Ӏуэху гуэрым гъащӀэр хэлъхьэн, укӀыгъэ щыхъун. Сосмакъым тхьэ иӀуэрт, Ӏэщыр икӀэщӀыпӀэкӀэ ТэрчкӀэ дымыхум, хэкӀуэдауэ. Нал къута, 238. Уи къуэу зауэм хэкӀуэдахэм Я кхъэр уэри умыщӀэж. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59. Абдежым щыщӀэдзауэ «Бахъсэн событэм» лажьи-хъати зимыӀэ куэд Ислъэмей къуажэм щыщуи щымыщуи хокӀуадэ, щӀыхэкӀуадэр зыми имыщӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526. 3. (10). Зыгуэр (мылъку, напэ, Ӏыхьэ, н.) фӀэкӀуэдын. Фызыжьыр мэгупсысэ: дапщэрэ зауэ къэхъеями, игъащӀэм цӀыхум я мылъку хокӀуадэ: хэт иш трах, хэти уанэр Ӏах, хэти и Ӏэщыр хелъхьэ. Щынэхужьыкъуэ, 8. Зи пӀалъэ къэсым гу лъыптэфмэ, Уи гуащӀэдэкӀыр хэмыкӀуадэ. Зэманым декӀу. «Батырыбжьэ», 11. Хъалилхэ я къурӀэнымкӀэ Нурхьэлий тхьэ иӀуэрэ зэгуиудмэ, Астемыр и пыӀэ хъарзынэри хэкӀуэдакъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 151.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kaybolmak

Düzeltme Öner

хэкӀуэдэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.