хьэсэпэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Хьэсэм къыщыщӀидзэ, хьэсэм и пэ. Хьэсэпэ лъагъуэ.
рупередняя часть участка поля
Kitapta geçtiği hali
хьэсэпэ передняя часть участка поля / Хьэсэм къыщыщӀидзэ, хьэсэм и пэ. Хьэсэпэ лъагъуэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хьэсэм къыщыщӀидзэ, хьэсэм и пэ.
Гъэ къэскӀэ Дэрдэхь къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти, ноби хьэсэпэ ихъумэу щӀэщӀым тесу къытрашри къадым деж къашат, адыгэ зыхуэпэкӀэу хуэпауэ…— Хьэсэпэхъумэ, 417
+2 örnek
Даур Иляс сэбэп къыхуэхъурэ мэзхъумэу е хьэсэпэхъумэу увамэ арат, ауэ бжьыхьэ хъуауэ дэнэ хьэсэпэ Ӏуувэн.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160
Дэрдэхь ихъумэр хьэсэпэ къудей?— Хьэсэпэхъумэ, 418
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭСЭПЭ (5). Хьэсэм къыщыщӀидзэ, хьэсэм и пэ. Гъэ къэскӀэ Дэрдэхь къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти, ноби хьэсэпэ ихъумэу щӀэщӀым тесу къытрашри къадым деж къашат, адыгэ зыхуэпэкӀэу хуэпауэ… Хьэсэпэхъумэ, 417. Даур Иляс сэбэп къыхуэхъурэ мэзхъумэу е хьэсэпэхъумэу увамэ арат, ауэ бжьыхьэ хъуауэ дэнэ хьэсэпэ Ӏуувэн. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. Дэрдэхь ихъумэр хьэсэпэ къудей? Хьэсэпэхъумэ, 418.