хуэфӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хуэфӀщ)

1. Зыгуэрым фӀыуэ хущытын.

рухорошо относиться к кому-л.

Благъэм хуэфӀын. Уна-гъуэм яхуэфӀын.

2. Зыгуэрым хуэӀэкӀуэлъэкӀуэн, хуэӀэзэн.

рубыть способным к чему-л., сведущим в чём-л.

Зым хуэмыфӀ хьэдрыхэ кӀуэркъым.— Псалъэжьхэр

(хуэфӀщ)

Инагъ-цӀыкӀуагъкӀэ зыгуэрым тэмэму хуэхъун.

рубыть подходящим по размеру

Вакъэр хуэфӀын. КӀагуэр хуэфӀын.

Kitapta geçtiği hali

хуэфӀын I (хуэфӀщ) неперех. гл. 1. хорошо относиться к кому-л. / Зыгуэрым фӀыуэ хущытын. Благъэм хуэфӀын. Уна-гъуэм яхуэфӀын. 2. быть способным к чему-л., сведущим в чём-л. / Зыгуэрым хуэӀэкӀуэлъэкӀуэн, хуэӀэзэн. * Зым хуэмыфӀ хьэдрыхэ кӀуэркъым. (погов.) II (хуэфӀщ) неперех. гл. быть подходящим по размеру / Инагъ-цӀыкӀуагъкӀэ зыгуэрым тэмэму хуэхъун. Вакъэр хуэфӀын. КӀагуэр хуэфӀын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хуэфӀщ)

1. Зыгуэрым фӀыуэ хущытын.

КъызжепӀэ псалъэр сэркӀэ ткӀыбжьми, СыпщогуфӀыкӀыр, скъузмэ уи Ӏэр, Сэ сигу пхуэмыфӀу сыпхуэгубжьми, Сыт щыгъуи дахэщ сэ пхузиӀэр.— Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71

+1 örnek

Си дэлъхухэ, Фэ насыпхэр къытхуэфхьай, Феплъыт модэ зигу къыфхуэфӀхэм.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 164

2. Зыгуэрым хуэӀэкӀуэлъэкӀуэн, хуэӀэзэн.

Зым хуэмыфӀыр зыми щыщкъым, Псэу-мыпсэуми хэт хуэныкъуэ?— ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41

+2 örnek

Ауэ зыгуэрым хуэмыфӀ хьэдрыхэ ягъакӀуэркъым жаӀакъэ!— Нал къута, 288

Уэ узыхуэфӀу зы щымыӀэм, КъыщӀэувэнкъым уи лъэдий— ӀэщӀагъэ. «Батырыбжьэ», 17

Atasözleri (1)

зыгуэрым хуэмыфӀ хьэдрыхэ ягъакӀуэркъым

Еплъ: зыгуэр

(хуэфӀщ)

Инагъ-цӀыкӀуагъкӀэ зыгуэрым тэмэму хуэхъун.

Пэжу кителри, гъуэншэджри, шырыкъуитӀри – псори хуэфӀт, ауэ аксельбант кителым кӀэрыдам ирищӀэнур ищӀэртэкъым.— Нал къута, 301

+1 örnek

Шылэ бостейхэр пкъым хуэфӀти ПцӀанэу щытауэ пщӀэжынкъым— Насып. «Бгы лъапэхэм деж», 104

Kitapta geçtiği hali

ХУЭФӀЫН I (хуэфӀщ) лъэмыӀ. (5). 1. (2). Зыгуэрым фӀыуэ хущытын. КъызжепӀэ псалъэр сэркӀэ ткӀыбжьми, СыпщогуфӀыкӀыр, скъузмэ уи Ӏэр, Сэ сигу пхуэмыфӀу сыпхуэгубжьми, Сыт щыгъуи дахэщ сэ пхузиӀэр. Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71. Си дэлъхухэ, Фэ насыпхэр къытхуэфхьай, Феплъыт модэ зигу къыфхуэфӀхэм. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 164. 2. (3). Зыгуэрым хуэӀэкӀуэлъэкӀуэн, хуэӀэзэн. Зым хуэмыфӀыр зыми щыщкъым, Псэу-мыпсэуми хэт хуэныкъуэ? ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41. Ауэ зыгуэрым хуэмыфӀ хьэдрыхэ ягъакӀуэркъым жаӀакъэ! Нал къута, 288. Уэ узыхуэфӀу зы щымыӀэм, КъыщӀэувэнкъым уи лъэдий. ӀэщӀагъэ. «Батырыбжьэ», 17. ☐ Зыгуэрым хуэмыфӀ хьэдрыхэ ягъакӀуэркъым (2). Еплъ зыгуэр.

ХУЭФӀЫН II (хуэфӀщ) лъэмыӀ. (2). Инагъ-цӀыкӀуагъкӀэ зыгуэрым тэмэму хуэхъун. Пэжу кителри, гъуэншэджри, шырыкъуитӀри – псори хуэфӀт, ауэ аксельбант кителым кӀэрыдам ирищӀэнур ищӀэртэкъым. Нал къута, 301. Шылэ бостейхэр пкъым хуэфӀти ПцӀанэу щытауэ пщӀэжынкъым. Насып. «Бгы лъапэхэм деж», 104.

Düzeltme Öner

хуэфӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.