хуэфэщэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЕКӀУН (екӀу/йокӀу); ЕЗЭГЪЫН (езэгъы/йозэгъ); фэшъошэн/хуэфэщэн (фэшъуаш/хуэфащэ(щ); YAKIŞMAK
фэшъошэн/хуэфэщэн → ЕКӀУН; YAKIŞMAK
хуэфэщэн/фэшъошэн → ЕКӀУН; YAKIŞMAK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: екӀун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хуэфащэщ)
1. Хабзэу, зэхэтыкӀэу цӀыхум яӀэм елъытауэ зыгуэрым ищӀэну, илэжьыну екӀун.
руподобать, приличествовать кому-л.
Шыпхъу нэхъыжь щысу нэхъыщӀэр псалъэмакъым хыхьэну хуэфащэкъым.— КӀэрашэ Тембот
2. Хуэфащэу щытын.
рузаслуживать чего-л.
Ди гъащӀэм апхуэдэлӀрэ апхуэдэшрэ тлъэгъуакъым! Батырыбжьэр хуэфащэщ!— Къэрмокъуэ Хьэмид
Kitapta geçtiği hali
хуэфэщэн (хуэфащэщ) неперех. гл. 1. подобать, приличествовать кому-л. / Хабзэу, зэхэтыкӀэу цӀыхум яӀэм елъытауэ зыгуэрым ищӀэну, илэжьыну екӀун. * Шыпхъу нэхъыжь щысу нэхъыщӀэр псалъэмакъым хыхьэну хуэфащэкъым. КӀ. Т. 2. заслуживать чего-л. / Хуэфащэу щытын. * Ди гъащӀэм апхуэдэлӀрэ апхуэдэшрэ тлъэгъуакъым! Батырыбжьэр хуэфащэщ! Къэр. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуэфащэщ)
1. Хабзэу, зэхэтыкӀэу цӀыхум яӀэм елъытауэ зыгуэрым ищӀэну, илэжьыну екӀун.
И жьыщхьэм и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу унэ нэщӀым [Шаукэт] къыщыщӀэнакӀэ, сыт къыхуащӀэми, хуэфащэщ, игъащӀэм лажьэ-шхэжу мэпсэу, хьэрэм лъэпкъ ишхакъым, Ӏэбэлъабэми ящыщакъым.— Аргъуей, 386
+2 örnek
Автоматыр иӀыгърэ и къуэр къыпэувауэ къыфӀэщӀмэ, [Ӏурарэ] пэпсэлъэжырт: «Хьэуэ, тӀасэ: Алыхьым къысхуиуха къалэныр згъэзэщӀащ, си быным сащхьэщысащ, псыдзэм езмыгъэхьу, мафӀэм езмыгъэсу, си щхъэгъусэми хуэфащэ хуэсщӀащ.— Къалэн, 436
ПщылӀкӀэ Ӏэщэ сэ уэсщэну Ар пхуэфащэ хьэлу, щэну?— Тисей, 507
2. Къилэжьауэ щытын.
Жыраслъэн папщӀэ жылэр нобэ шэсыпӀэ иувэрэ – хъарзынэщ, абыи хуэфащэ увыпӀэ игъуэтынщ, хабзэм и анэмэтщ, хабзэм иужькӀэ жылэм я анэмэтщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
+1 örnek
АрщхьэкӀэ дэнэ – Локотош и кӀэрахъуэр кърипхъуэтри кӀиящ: – Зи хэку епцӀыжам мыращ хуэфащэр!— Нал къута, 247
Deyimler (2)
хуэфащэ къыщыщӀын
И хьэкъ игъуэтыжын, зыхуэзапхъэм хуэзэн. -232.
[Бекъан Хьэбибэ жриӀэу:] Уи нысэм телеграмм итынщ: мыращ, моращ, си гуащэм хуэмыфащэ къыщощӀ, лей къылъос, жиӀэу— Нал къута, 231
хуэфащэ хъун
ХуэфӀ хъун, тазыр телъхьэн.
Асыхьэту адакъэ хужьыр къебгъэрыкӀуэурэ зэи-тӀэуи хуабжьу къеуӀуащ, къефыщӀэуащ, Джэлил и ци къыхиудащ: – Сэ хьэщӀэм сашхыху, уэ пхуэфащэ сэ сыхъунщ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481
+1 örnek
«Мыр [Назифэ] мыбы [щӀалэм] и номерым ишэмэ, згъуэтыжынукъым», – жиӀэри Исуф зыкъуэса къуэгъэнапӀэм къыкъуэлъэтри и пхъум и Ӏэр зыӀэщӀиубыдащ: «Укъэзгъуэтакъэ иджы, накӀуэ нэкӀуэж, уэ пхуэфащэ сэ сыхъунщ», – жиӀэри.— Лэчымэ, 397
Kitapta geçtiği hali
ХУЭФЭЩЭН (хуэфащэщ) лъэмыӀ. (67). 1. (22). Хабзэу, зэхэтыкӀэу цӀыхум яӀэм елъытауэ зыгуэрым ищӀэну, илэжьыну екӀун. И жьыщхьэм и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу унэ нэщӀым [Шаукэт] къыщыщӀэнакӀэ, сыт къыхуащӀэми, хуэфащэщ, игъащӀэм лажьэ-шхэжу мэпсэу, хьэрэм лъэпкъ ишхакъым, Ӏэбэлъабэми ящыщакъым. Аргъуей, 386. Автоматыр иӀыгърэ и къуэр къыпэувауэ къыфӀэщӀмэ, [Ӏурарэ] пэпсэлъэжырт: «Хьэуэ, тӀасэ: Алыхьым къысхуиуха къалэныр згъэзэщӀащ, си быным сащхьэщысащ, псыдзэм езмыгъэхьу, мафӀэм езмыгъэсу, си щхъэгъусэми хуэфащэ хуэсщӀащ. Къалэн, 436. ПщылӀкӀэ Ӏэщэ сэ уэсщэну Ар пхуэфащэ хьэлу, щэну? «Тисей», 507. 2. (45). Къилэжьауэ щытын. Жыраслъэн папщӀэ жылэр нобэ шэсыпӀэ иувэрэ – хъарзынэщ, абыи хуэфащэ увыпӀэ игъуэтынщ, хабзэм и анэмэтщ, хабзэм иужькӀэ жылэм я анэмэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647. АрщхьэкӀэ дэнэ – Локотош и кӀэрахъуэр кърипхъуэтри кӀиящ: – Зи хэку епцӀыжам мыращ хуэфащэр! Нал къута, 247. ◊ Хуэфащэ къыщыщӀын (2). И хьэкъ игъуэтыжын, зыхуэзапхъэм хуэзэн. [Бекъан Хьэбибэ жриӀэу:] Уи нысэм телеграмм итынщ: мыращ, моращ, си гуащэм хуэмыфащэ къыщощӀ, лей къылъос, жиӀэу. Нал къута, 231-232. Хуэфащэ хъун (2). ХуэфӀ хъун, тазыр телъхьэн. Асыхьэту адакъэ хужьыр къебгъэрыкӀуэурэ зэи-тӀэуи хуабжьу къеуӀуащ, къефыщӀэуащ, Джэлил и ци къыхиудащ: – Сэ хьэщӀэм сашхыху, уэ пхуэфащэ сэ сыхъунщ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481. «Мыр [Назифэ] мыбы [щӀалэм] и номерым ишэмэ, згъуэтыжынукъым», – жиӀэри Исуф зыкъуэса къуэгъэнапӀэм къыкъуэлъэтри и пхъум и Ӏэр зыӀэщӀиубыдащ: «Укъэзгъуэтакъэ иджы, накӀуэ нэкӀуэж, уэ пхуэфащэ сэ сыхъунщ», – жиӀэри. Лэчымэ, 397.