хуэгъэтӀылъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хуегъэтӀылъ)
1. Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэтӀылъын, зыгуэрым и пащхьэ щыгъэтӀылъын.
руположить что-л. для кого-л.
Фызыжьыр здэкӀуа унагъуэр къыщыгуфӀыкӀащ, жьантӀэм деж щхьэнтитӀ зэтелъу хуагъэтӀылъри ягъэтӀысащ.— ӀуэрыӀуатэ
2. Зыгуэрым гъэтӀылъыгъэ хуэщӀын, къыхуэгъэнэн. Дыщэ хуэгъэтӀылъын.
руотложить про запас, приберечь что-л. для кого-чего-л.
{Унэ щӀыным} хуигъэтӀылъауэ Данизэт ахъшэ тӀэкӀу ихъумэрт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
(хуогъэтӀылъ)
1. ИгъэтӀылъын лъэкӀын, игъэтӀылъыфын.
русмочь положить кого-что-л.
2. ГъэтӀылъауэ зыгуэр хуэхъумэн.
русуметь отложить что-л. про запас, суметь приберечь что-л.
Kitapta geçtiği hali
хуэгъэтӀылъын I (хуегъэтӀылъ) перех. гл. 1. положить что-л. для кого-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэтӀылъын, зыгуэрым и пащхьэ щыгъэтӀылъын. * Фызыжьыр здэкӀуа унагъуэр къыщыгуфӀыкӀащ, жьантӀэм деж щхьэнтитӀ зэтелъу хуагъэтӀылъри ягъэтӀысащ. фольк. 2. отложить про запас, приберечь что-л. для кого-чего-л. / Зыгуэрым гъэтӀылъыгъэ хуэщӀын, къыхуэгъэнэн. Дыщэ хуэгъэтӀылъын. * {Унэ щӀыным} хуигъэтӀылъауэ Данизэт ахъшэ тӀэкӀу ихъумэрт. Къ. Хь. Гур хуэгъэтӀылъын см. гу II. Щхьэр хуэгъэтӀылъын см. щхьэ I. II (хуогъэтӀылъ) неперех. гл. 1. смочь положить кого-что-л. / ИгъэтӀылъын лъэкӀын, игъэтӀылъыфын. 2. суметь отложить что-л. про запас, суметь приберечь что-л. / ГъэтӀылъауэ зыгуэр хуэхъумэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуегъэтӀылъ)
Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэтӀылъын.
Уэлбанэ махуиблу, мэкъу Ӏэмбатибл зыхуагъэтӀылъыр блэкӀа щхьэкӀэ, Ӏэщми яшхын ямыщӀэу къэнащ.— Щынэхужьыкъуэ, 18
+2 örnek
Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, Ӏыхьэф хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ.— Нэгъуху, 35
Шэрихьэт полъкуми куэдрэ тепсэлъыхьа нэужь, Астемыр и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀащ: – Къызэрохь ахэри, щхьэ гъэва хуагъэтӀылъа хуэдэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 310
Kitapta geçtiği hali
ХУЭГЪЭТӀЫЛЪЫН (хуегъэтӀылъ) лъэӀ. (9). Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэтӀылъын. Уэлбанэ махуиблу, мэкъу Ӏэмбатибл зыхуагъэтӀылъыр блэкӀа щхьэкӀэ, Ӏэщми яшхын ямыщӀэу къэнащ. Щынэхужьыкъуэ, 18. Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, Ӏыхьэф хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ. Нэгъуху, 35. Шэрихьэт полъкуми куэдрэ тепсэлъыхьа нэужь, Астемыр и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀащ: – Къызэрохь ахэри, щхьэ гъэва хуагъэтӀылъа хуэдэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 310.