хуеин

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

gerekmek
Doğuхуеини щыщӀагъэнхуэныкъуэн
BatıфэенищыкӀэгъэнфэныкъон
istemek
Doğuхуеин
Batıфэен
Kitapta geçtiği hali

фэен/хуеин GEREKMEK

ищыкӀэгъэн/и щыщӀагъэн (ищыкӀагъ/и щыщӀагъэщ); фэен/хуеин (фай/хуейщ); фэныкъон/хуэныкъуэн (фэныкъу/хуэныкъуэщ); GEREKMEK

фэен/хуеин → икӀэсэн; İSTEMEK

хуеин/фэен → икӀэсэн; İSTEMEK

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: икӀэсэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хуейщ)

1. ФӀэфӀын, хуэныкъуэн.

рухотеть, желать что-л.

2. Сказуемэ зэхэлъым щыщ Ӏыхьэу къагъэсэбэп.

рудолжен (употребляется как часть составного сказуемого)

{Мусэ Мэсхьуд жриӀэу:} - Абы хуэдиз щыпщӀэм писыр уащӀын хуеящ.— КӀыщокъуэ Алим

Bu maddedeki ifadeler (1)

зыхуей егъэгъуэтын

руобеспечить необходимым кого-что-л.

Kitapta geçtiği hali

хуеин (хуейщ) неперех. гл. 1. хотеть, желать что-л. / ФӀэфӀын, хуэныкъуэн. 2. должен (употребляется как часть составного сказуемого) / Сказуемэ зэхэлъым щыщ Ӏыхьэу къагъэсэбэп. * {Мусэ Мэсхьуд жриӀэу:} - Абы хуэдиз щыпщӀэм писыр уащӀын хуеящ. КӀ. А. Зыхуей егъэгъуэтын обеспечить необходимым кого-что-л.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хуейщ)

1. ФӀэфӀын, хуэныкъуэн.

Лу фескӀэм тегузэвыхь щхьэкӀэ, Тембот абы зыкӀи хуейтэкъым, къищтэнуи и мурадыххэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 305

+2 örnek

Уеблэмэ, комиссарыр жэщкӀэ къыщагъэтэджыж щыӀэт: хэт сабий къыхуалъхуащ, хэти сымаджэ хъуащи, хущхъуэ е дохутыр хуейщ.— Нал къута, 297

«СаӀэщӀэмыкӀуадэу сыщӀэкӀыжамэ, нэгъуэщӀ сыхуейтэкъым», – жиӀэу бажэр бжэмкӀэ еӀащ, абдежым Джэлил къызэрыкӀати, бажэм и тхьэкӀумитӀыр щысхьырабгъу имыӀэу зэхиуӀуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

2. Сказуемэ зэхэлъым щыщ Ӏыхьэу къагъэсэбэп.

[Фэуаз:] Дэри зыщытхъумэн хуейщ, ауэ нэхъапэ щӀыкӀэ махъшэр гъэтӀысауэ пшахъуафэ брезентыр тепхъуэн хуейщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401

+2 örnek

Локотош бэлэрыгъыркъым, цӀыхур хабзэ гуэр яхэлъу, хьэрийкурий къэмыхъуу гъуэгу тегъэувэн хуейщ, партизану адэкӀэ-мыдэкӀэ къуршым исыр сакъыу, нэмыцэм мащӀэ и куэда хуэмыбэлэрыгъыу щхьэж и пӀэ исын хуейщ.— Нал къута, 298

Астемыр мэжджытым къыщыщӀахуам щыгъуэ ар лей дыдэу къэзылъыта муслъымэнхэм иджы Ӏэ ӀэткӀэ мэжджытыр зэхуащӀыжын хуейт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658

Kitapta geçtiği hali

ХУЕИН (хуейщ) лъэмыӀ. (1285). 1. (531). ФӀэфӀын, хуэныкъуэн. Лу фескӀэм тегузэвыхь щхьэкӀэ, Тембот абы зыкӀи хуейтэкъым, къищтэнуи и мурадыххэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 305. Уеблэмэ, комиссарыр жэщкӀэ къыщагъэтэджыж щыӀэт: хэт сабий къыхуалъхуащ, хэти сымаджэ хъуащи, хущхъуэ е дохутыр хуейщ. Нал къута, 297. «СаӀэщӀэмыкӀуадэу сыщӀэкӀыжамэ, нэгъуэщӀ сыхуейтэкъым», – жиӀэу бажэр бжэмкӀэ еӀащ, абдежым Джэлил къызэрыкӀати, бажэм и тхьэкӀумитӀыр щысхьырабгъу имыӀэу зэхиуӀуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. 2. (654). Сказуемэ зэхэлъым щыщ Ӏыхьэу къагъэсэбэп. [Фэуаз:] Дэри зыщытхъумэн хуейщ, ауэ нэхъапэ щӀыкӀэ махъшэр гъэтӀысауэ пшахъуафэ брезентыр тепхъуэн хуейщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401. Локотош бэлэрыгъыркъым, цӀыхур хабзэ гуэр яхэлъу, хьэрийкурий къэмыхъуу гъуэгу тегъэувэн хуейщ, партизану адэкӀэ-мыдэкӀэ къуршым исыр сакъыу, нэмыцэм мащӀэ и куэда хуэмыбэлэрыгъыу щхьэж и пӀэ исын хуейщ. Нал къута, 298. Астемыр мэжджытым къыщыщӀахуам щыгъуэ ар лей дыдэу къэзылъыта муслъымэнхэм иджы Ӏэ ӀэткӀэ мэжджытыр зэхуащӀыжын хуейт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

arzulamak dilemek eğilim göz irade istemek talep

Düzeltme Öner

хуеин
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.