хуабэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

hamam
OrtakгъэпскӀыпӀ(э)хьамамваннэ
Doğuпсыхуабэхуабэхьэмам
Batıпсыфабфабэ
sıcak
Doğuхуабэ
Batıфабэ
Kitapta geçtiği hali

ГЪЭПСКӀЫПӀ(Э), ПСЫфаб/~хуабэ, фабэ/хуабэ, ХЬАМАМ, ХЬЭМАМ, ВАННЭ; HAMAM

хуабэ/фабэ; SICAK

ПСЫфаб/хуабэ → ГЪЭПСКӀЫПӀ(Э); HAMAM

фабэ/хуабэ → ГЪЭПСКӀЫПӀ(Э); SICAK, HAMAM

хуабэ/фабэ → ГЪЭПСКӀЫПӀ(Э); HAMAM

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: гъэпскӀыпӀэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Пэшым щӀэт хуабэр хуэмышэчу, ФатӀимэ кӀэлындорым щӀокӀ.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн

Еплъ: хуабагъэ 1

1. ЩытыкӀэкӀэ щӀыӀэмрэ пщтырымрэ яку ит.

рутеплый (о погоде, времени года, местности, климате и т. п.)

ЩӀыпӀэ хуабэ. Шэджагъуэ хуабэ.

2. ЩӀыӀэм ущызыхъумэ, узыгъэхуабэ.

рутеплый, защищающий тепло от холода, согревающий

Джэдыгу хуабэ. ПыӀэ хуабэ.

3. Къэгъэхуэба, щӀыӀэм щыхъума (пэш, псэуалъэ).

рутеплый, отапливаемый, утеплённый; хорошо сохраняющий тепло

Унэ хуабэ. Ӏуэ нэщӀым итт. Д. М.

Bu maddedeki ifadeler (1)

хуабэ уз

Плъыржьэр узыщӀ уз зэрыцӀалэ.

рутиф

Kitapta geçtiği hali

хуабэ I см. хуабагъэ 1. * Пэшым щӀэт хуабэр хуэмышэчу, ФатӀимэ кӀэлындорым щӀокӀ. Къу. Хь. хуабэ уз мед. тиф / Плъыржьэр узыщӀ уз зэрыцӀалэ. II 1. теплый (о погоде, времени года, местности, климате и т. п.) / ЩытыкӀэкӀэ щӀыӀэмрэ пщтырымрэ яку ит. ЩӀыпӀэ хуабэ. Шэджагъуэ хуабэ. 2. теплый, защищающий тепло от холода, согревающий / ЩӀыӀэм ущызыхъумэ, узыгъэхуабэ. Джэдыгу хуабэ. ПыӀэ хуабэ. 3. теплый, отапливаемый, утеплённый; хорошо сохраняющий тепло / Къэгъэхуэба, щӀыӀэм щыхъума (пэш, псэуалъэ). Унэ хуабэ. Ӏуэ нэщӀым итт. Д. М.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Махуэм хэхъуат, жэщыр нэхъ кӀэщӀ хъурти, дыгъэри кӀуэ пэтми нэхъ хуабэ хъурт, пщэдджыжькӀэ къурш къабзэ хужьым и джабэр дыгъэ нур плъыжьым дахэ ящӀырт, цӀыхум я нэгу щӀэкӀар щаӀуэтэжын гъатхэ угъурлыр къызэрыкӀуэр псэкӀэ пщӀэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 303

+2 örnek

Мо уафэ къащхъуэм къуетыр хуабэр, Гуэдз хьэсэм нурыр къалъогъэс.— Ягъажьэ щӀакхъуэр хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353

Гъатхэмэ хуабэ къащӀихьэм, ХъыбарегъащӀэ къытхуохъур— Сэ къуалэбзухэм. «Дамыгъэ», 210

Еплъ: хуабагъэ 1

1. ЩытыкӀэкӀэ щӀыӀэмрэ пщтырымрэ яку дэт.

Уэшх хуабэ къешхми, удз къэмыкӀт, Мэз зытетари хъуахэт джафэ.— ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 52

+2 örnek

СыхьэтитӀ хуэдизкӀэ дыкӀуауэ уриудыным хуэдэу жьыбгъэ хуабэ къепщэу къыщыщӀидзэм. Шамум къызэплъэкӀащ, и нитӀыр къихуу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402

[Къыдырым:] Щрепсэу ахэр [псэущхьэхэр] щӀыналъэ хуабэм, уэс къатемысэу, уэшхи къатемышхэу, я шхын пэрыхьэту сытым дежи ягъуэту.— Кхъухь пхэнж, 497

2. ЩӀыӀэм ущызыхъумэ, узыгъэхуабэ.

Езыр [Щэрдан Берд] хакӀуэ къарэ лъакъуэ псыгъуэ дахэм тест, военнэ кӀагуэ хуабэ щыгът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 290

+2 örnek

[Алыджыкъуэ:] Къэмыушауэ къыщӀэкӀащэрэт жыхуэсӀар къэуша дэнэ къэна, дыгъуасэ бэзэрым щытетам щыгъа щыгъын хуабэр щыгъыу бжэм къыщӀокӀри сыкъимылъагъуу ӀункӀыбзэ иретыж, и щӀыбагъ къысхуигъэзауэ.— МелыӀыч, 444

ТӀэкӀу дэкӀри писырыр къыщӀэкӀащ, джанэ хуабэ фӀэкӀ щымыгъыу.— Нэгъуху, 49

3. Къэгъэхуэба, щӀыӀэм щыхъума (пэш, псэуалъэ, шэ, псы).

И къарухэр кӀуэдыпауэ Фызыр йопщэ пэшхьэку хуабэм.— Тисей, 485

+2 örnek

ШкӀэр уи гум щӀыхьэу бурт, шэ хуабэ ди анэм къыщӀэтфыкӀатэмэ, жаӀэ хуэдэ.— Щынэхужьыкъуэ, 55

[Алыджыкъуэ:] Иджыри къэмытэджауэ пӀэ хуабэм хэлъмэ, сэри сыдэгъуэлъыжын, хьэмэ нобэ тхьэмахуэщ, езыри лэжьапӀэ сыт жиӀэу здэкӀуэн щыӀэу къыщӀэкӀынкъым.— МелыӀыч, 444

4. Еплъ: хуабагъэ 2

А тӀур [Къазджэрийрэ Саниятрэ] щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668

5. Ахъшэ куэду зиӀэ.

И гуфӀакӀэ «хуабэу» хэт рестораным щӀыхьэми, сом и жып имылъыжу къыщӀэкӀыжырт, и ахъшэр хъыджэбз дахэхэм я деж екӀуэсэкӀауэ.— Лъапсэ, 25

+1 örnek

Уэрам еуэкӀыпӀэм деж увауэ [Къэрэмырзэ] бэзэрым кӀуэ-къэкӀуэжым еплъу щытт, ахъшэ зи куэд зи гуфӀакӀэ хуабэмрэ зыщыгугъ мыхъунумрэ зэхигъэкӀыу.— Лыгъэ, 408

Kitapta geçtiği hali

ХУАБЭ I (9). Еплъ хуабагъэ 1. Махуэм хэхъуат, жэщыр нэхъ кӀэщӀ хъурти, дыгъэри кӀуэ пэтми нэхъ хуабэ хъурт, пщэдджыжькӀэ къурш къабзэ хужьым и джабэр дыгъэ нур плъыжьым дахэ ящӀырт, цӀыхум я нэгу щӀэкӀар щаӀуэтэжын гъатхэ угъурлыр къызэрыкӀуэр псэкӀэ пщӀэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 303. Мо уафэ къащхъуэм къуетыр хуабэр, Гуэдз хьэсэм нурыр къалъогъэс. Ягъажьэ щӀакхъуэр хъуреишхуэу. «Вагъуэ махуэ», 353. Гъатхэмэ хуабэ къащӀихьэм, ХъыбарегъащӀэ къытхуохъур. Сэ къуалэбзухэм. «Дамыгъэ», 210.

ХУАБЭ II (90). 1. (20). ЩытыкӀэкӀэ щӀыӀэмрэ пщтырымрэ яку дэт. Уэшх хуабэ къешхми, удз къэмыкӀт, Мэз зытетари хъуахэт джафэ. ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 52. СыхьэтитӀ хуэдизкӀэ дыкӀуауэ уриудыным хуэдэу жьыбгъэ хуабэ къепщэу къыщыщӀидзэм. Шамум къызэплъэкӀащ, и нитӀыр къихуу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. [Къыдырым:] Щрепсэу ахэр [псэущхьэхэр] щӀыналъэ хуабэм, уэс къатемысэу, уэшхи къатемышхэу, я шхын пэрыхьэту сытым дежи ягъуэту. Кхъухь пхэнж, 497. 2. (46). плъыф. ЩӀыӀэм ущызыхъумэ, узыгъэхуабэ. Езыр [Щэрдан Берд] хакӀуэ къарэ лъакъуэ псыгъуэ дахэм тест, военнэ кӀагуэ хуабэ щыгът. Хъуэпсэгъуэ нур, 290. [Алыджыкъуэ:] Къэмыушауэ къыщӀэкӀащэрэт жыхуэсӀар къэуша дэнэ къэна, дыгъуасэ бэзэрым щытетам щыгъа щыгъын хуабэр щыгъыу бжэм къыщӀокӀри сыкъимылъагъуу ӀункӀыбзэ иретыж, и щӀыбагъ къысхуигъэзауэ. МелыӀыч, 444. ТӀэкӀу дэкӀри писырыр къыщӀэкӀащ, джанэ хуабэ фӀэкӀ щымыгъыу. Нэгъуху, 49. 3. (20). Къэгъэхуэба, щӀыӀэм щыхъума (пэш, псэуалъэ, шэ, псы). И къарухэр кӀуэдыпауэ Фызыр йопщэ пэшхьэку хуабэм. «Тисей», 485. ШкӀэр уи гум щӀыхьэу бурт, шэ хуабэ ди анэм къыщӀэтфыкӀатэмэ, жаӀэ хуэдэ. Щынэхужьыкъуэ, 55. [Алыджыкъуэ:] Иджыри къэмытэджауэ пӀэ хуабэм хэлъмэ, сэри сыдэгъуэлъыжын, хьэмэ нобэ тхьэмахуэщ, езыри лэжьапӀэ сыт жиӀэу здэкӀуэн щыӀэу къыщӀэкӀынкъым. МелыӀыч, 444. 4. (1). Еплъ хуабагъэ 2. А тӀур [Къазджэрийрэ Саниятрэ] щызэпылъым зэжраӀар, я гум ӀэфӀрэ хуабэу илъар, я псэр зэрыщӀэу зэрыщытар, загъэпщкӀуурэ ӀэплӀэ зэрызэхуащӀар, жэщкӀэ тӀури жейм емызэгъыу зэрыщытар, я Ӏуэхум зыгуэр зэран къыхэхъухьмэ, жаӀэу зэрыгузэвар – псори и гум къигъэкӀыжащ Къазджэрий. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. 5. (3). Ахъшэ куэду зиӀэ. И гуфӀакӀэ «хуабэу» хэт рестораным щӀыхьэми, сом и жып имылъыжу къыщӀэкӀыжырт, и ахъшэр хъыджэбз дахэхэм я деж екӀуэсэкӀауэ. Лъапсэ, 25. Уэрам еуэкӀыпӀэм деж увауэ [Къэрэмырзэ] бэзэрым кӀуэ-къэкӀуэжым еплъу щытт, ахъшэ зи куэд зи гуфӀакӀэ хуабэмрэ зыщыгугъ мыхъунумрэ зэхигъэкӀыу. Лыгъэ, 408.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

sıcak

Düzeltme Öner

хуабэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.