фӀэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(фӀэтщ)
Зыгуэрым и щхьэм е и пэнцӀывым пӀийуэ тетын; и кӀыхьагъкӀэ къыпытын; и щхьэмкӀэ къыщыфӀэгъэтӀысхьауэ щытын.
руиметься, быть в наличии на конце, на выступе, на краю чего-л.
Губгъуэшхуэм къыщыкӀ ди гуэдзхэм Дыщэ щхьэмыжхэр яфӀэтщ.— Зы быну зэкъуэт
+1 örnek
Мыр, адрей иныжьхэм яхуэмыдэу, гъумыщӀэт, щхьибл фӀэтт.— ӀуэрыӀуатэ
(фӀет)
ЗалымыгъэкӀэ, зыгуэр хуэмейуэ, абы имыдэу зыгуэр тын, гуэшын.
рудать, раздать что-л. вопреки чьему-л. желанию
Kitapta geçtiği hali
фӀэтын I (фӀэтщ) неперех. гл. иметься, быть в наличии на конце, на выступе, на краю чего-л. / Зыгуэрым и щхьэм е и пэнцӀывым пӀийуэ тетын; и кӀыхьагъкӀэ къыпытын; и щхьэмкӀэ къыщыфӀэгъэтӀысхьауэ щытын. * Губгъуэшхуэм къыщыкӀ ди гуэдзхэм Дыщэ щхьэмыжхэр яфӀэтщ. Зы б. з. Мыр, адрей иныжьхэм яхуэмыдэу, гъумыщӀэт, щхьибл фӀэтт. фольк. II (фӀет) перех. гл. дать, раздать что-л. вопреки чьему-л. желанию / ЗалымыгъэкӀэ, зыгуэр хуэмейуэ, абы имыдэу зыгуэр тын, гуэшын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(фӀэтщ)
Пытын, тетын.
ЩхьитӀ зыфӀэту Ӏуащхьэмахуэ, Уэщхьщ уэ сыткӀэ сыпщӀыфын?— ЩхьитӀ зыфӀэту Ӏуащхьэмахуэ. «Мывэ хуабэ», 146
+2 örnek
Щхьэ дапщэ ппытын хуей дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэм папщӀэ уи щхьэ хэплъхьэнумэ, зы щхьэ закъуэ пфӀэтщи, уи щхьэц къудей бжьыну ухущӀыхьэркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 49
Шыр лъэтауэ уэгум йохьэ, Къалэ пщӀантӀэм ар ныдохьэ, Щхьихыр фӀэту иныжь закъуэ Къыбгъэдохьэ тӀэкӀу хуэщӀакъуэу, КъуимыгъащӀэу и гум хэлъыр А иныжьым мыр къепсэлъыр: – Дэ дыщыткъым бысым жагъуэу, Ди хьэщӀэщым нытхуеблагъэ, ЛӀым я лӀыгъэ зэхэкӀыпӀэу, ПфӀэфӀым, накӀуэ иныжь бжьэпэ— Елбэздыкъуэ, 16
Deyimler (1)
щхьэ фӀэтын
Еплъ: щхьэ
Kitapta geçtiği hali
ФӀЭТЫН (фӀэтщ) лъэмыӀ. (6). Пытын, тетын. ЩхьитӀ зыфӀэту Ӏуащхьэмахуэ, Уэщхьщ уэ сыткӀэ сыпщӀыфын? ЩхьитӀ зыфӀэту Ӏуащхьэмахуэ. «Мывэ хуабэ», 146. Щхьэ дапщэ ппытын хуей дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэм папщӀэ уи щхьэ хэплъхьэнумэ, зы щхьэ закъуэ пфӀэтщи, уи щхьэц къудей бжьыну ухущӀыхьэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 49. Шыр лъэтауэ уэгум йохьэ, Къалэ пщӀантӀэм ар ныдохьэ, Щхьихыр фӀэту иныжь закъуэ Къыбгъэдохьэ тӀэкӀу хуэщӀакъуэу, КъуимыгъащӀэу и гум хэлъыр А иныжьым мыр къепсэлъыр: – Дэ дыщыткъым бысым жагъуэу, Ди хьэщӀэщым нытхуеблагъэ, ЛӀым я лӀыгъэ зэхэкӀыпӀэу, ПфӀэфӀым, накӀуэ иныжь бжьэпэ. «Елбэздыкъуэ», 16. ◊ Щхьэ фӀэтын (2). Еплъ щхьэ I.