фӀей
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
цуе/вей, хьае/хьей, шӀои/фӀей; DIŞKI
фӀей/шӀои; KİRLİ, PİS
шӀои/фӀей; KİRLİ, PİS
псэхалӀ/псэхэлӀэ, шӀои/фӀей, цӀыфмышх/цӀыхумышх, ХЬЭӀУС; ДОХЛЫЙ, МЁРТВЫЙ; MURDAR, MUNDAR
фӀей/шӀои → псэхалӀ; MURDAR, MUNDAR
фӀей/шӀои → цуе; DIŞKI (pis atık)
шӀои/фӀей → псэхалӀ; MURDAR, MUNDAR
шӀои/фӀей → цуе; DIŞKI (pis atık)
Bu sonuç kitaptaki 8 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Къабзагъэ зимыӀэ.
ругрязный
Лъэгу фӀей. Напэ фӀыцӀэ.
2. ГуемыӀугъэ, пудыныгъэ зыбгъэдэлъ.
рунечестный, безнравственный
Гурылъ фӀей. ЦӀыху фӀей.
Bu maddedeki ifadeler (2)
фӀейм иуэн
руиспачкаться (об одежде, вещах).
ЩӀалэ цӀыкӀум щыгъыну щыгъыр фӀейм иуат.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр
Ӏуэху фӀей
Еплъ: Ӏуэху
Kitapta geçtiği hali
фӀей 1. грязный / Къабзагъэ зимыӀэ. Лъэгу фӀей. Напэ фӀыцӀэ. 2. переносное нечестный, безнравственный / ГуемыӀугъэ, пудыныгъэ зыбгъэдэлъ. Гурылъ фӀей. ЦӀыху фӀей. ФӀейм иуэн испачкаться (об одежде, вещах). * ЩӀалэ цӀыкӀум щыгъыну щыгъыр фӀейм иуат. Черк. фольк. Ӏуэху фӀей см. Ӏуэху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ФӀеигъэ, куэншыб, мыкъыбзагъэ гуэрхэр.
Гуэгушхэр жэщкӀэ тесщ лъэуейм, А псори щӀэсу зы джэдэщ, ФӀей къакӀэрыхур къытелъалъэу Бабыщым щысу нэху егъэщ.— Бабыщ. «Дамыгъэ», 218
+2 örnek
УмелыӀычкъым, убегъымбару уафэм укъехами, щӀым укъызэрытеувэу фӀейм ухэувэнурэ дэнэ деж зыщызгъэкъэбзэжыну жыпӀэу угузавэу къэбджэдыхьынущ— МелыӀыч, 474
Дисэ и закъуэпцӀийуэ унэм щӀэлът, фӀейуэ кӀэрылъар кӀэрыгъуэжауэ, псы зэфэн къудей имыӀэу.— ГущӀэгъу, 421
2. Гурымыхь, пудыныгъэ зыбгъэдэлъ.
[Дэфэрэдж и гупсысэ:] Сэри сыт щхьэкӀэ япэ къезгъэжьэн, къезгъажьэрэ къызжьэдигуэжмэ, схуэфащэ дыдэщ, зыри хэзмыщӀыкӀ хуэдэу фэ зытезгъауэмэ, нэхъыфӀщ, студентхэр жыпӀэнущи, хъарзынэу къысхущытщ, фӀей лъэпкъ зэрыскӀэрымылъыр тыншу ящӀэ, гулъытэ дахэри къысхуащӀыр, «Гиппократ и тхьэлъанэм» сызэрытемыкӀынур хьэкъкӀэ я фӀэщ мэхъур, езыхэри абыкӀэ си акъылэгъущ.— Лъапсэ, 9
+2 örnek
[Локотош, Якъуб хуэгъэзауэ:] – Нэхъапэ щӀыкӀэ дэ ткӀэрылъ фӀейр зыкӀэрытхын хуейщ.— Нал къута, 296
Нахъуэ маузерыр ирикъуэкӀри Астемыр къыдэщӀу къэуващ [зэхуэсым кърихьэлӀахэм хуэгъэзауэ:] – Тэмакъыр щалъэщӀкӀэ зигу фӀей илъым и гур бгъэкъэбзэн жыхуэпӀэми зыри хуэӀуакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656
Къабзагъэ зимыӀэ, зыбгъэдэмылъ.
Дыгъу жьгъей цӀыкӀухэщ, Жыпым иуэм щай кърах, Гъурхэщ, фӀейхэщ, нэкӀэ жанхэщ, Сыт ептами гуфӀэу пӀах.— Дыгъу жыхуаӀэр сыт? Бгы лъапэхэм деж, 124
+2 örnek
Нурхьэлий иджыри зэ къыӀуихщ, хуищӀыжщ кассэри, музыкэ иригъауэри, ӀункӀыбзэӀухыр бэлътоку фӀей гуэрым кӀуэцӀишыхьри и жыпым ирилъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 216
– Мэжджыт къыщӀыхьэну хуимыту зыхэтхунщ, Ӏуэхури хабзэм еттынщ, – жиӀэу хьэжым къыжьэдэлъэтырт, – абы и лъакъуэ фӀейр мэжджытым къыщӀихьэмэ, ди нэмэз къабыл хъун, – къурӀэныр хыфӀэзыдзэ Ӏэр бубыду уи андез мыкъутэу къэнэн?— Хъуэпсэгъуэ нур, 79
Deyimler (1)
ахъшэ фӀей
Еплъ: ахъшэ
Kitapta geçtiği hali
ФӀЕЙ I (10). 1. (5). ФӀеигъэ, куэншыб, мыкъыбзагъэ гуэрхэр. Гуэгушхэр жэщкӀэ тесщ лъэуейм, А псори щӀэсу зы джэдэщ, ФӀей къакӀэрыхур къытелъалъэу Бабыщым щысу нэху егъэщ. Бабыщ. «Дамыгъэ», 218. УмелыӀычкъым, убегъымбару уафэм укъехами, щӀым укъызэрытеувэу фӀейм ухэувэнурэ дэнэ деж зыщызгъэкъэбзэжыну жыпӀэу угузавэу къэбджэдыхьынущ. МелыӀыч, 474. Дисэ и закъуэпцӀийуэ унэм щӀэлът, фӀейуэ кӀэрылъар кӀэрыгъуэжауэ, псы зэфэн къудей имыӀэу. ГущӀэгъу, 421. 2. (5). зэхь. Гурымыхь, пудыныгъэ зыбгъэдэлъ. [Дэфэрэдж и гупсысэ:] Сэри сыт щхьэкӀэ япэ къезгъэжьэн, къезгъажьэрэ къызжьэдигуэжмэ, схуэфащэ дыдэщ, зыри хэзмыщӀыкӀ хуэдэу фэ зытезгъауэмэ, нэхъыфӀщ, студентхэр жыпӀэнущи, хъарзынэу къысхущытщ, фӀей лъэпкъ зэрыскӀэрымылъыр тыншу ящӀэ, гулъытэ дахэри къысхуащӀыр, «Гиппократ и тхьэлъанэм» сызэрытемыкӀынур хьэкъкӀэ я фӀэщ мэхъур, езыхэри абыкӀэ си акъылэгъущ. Лъапсэ, 9. [Локотош, Якъуб хуэгъэзауэ:] – Нэхъапэ щӀыкӀэ дэ ткӀэрылъ фӀейр зыкӀэрытхын хуейщ. Нал къута, 296. Нахъуэ маузерыр ирикъуэкӀри Астемыр къыдэщӀу къэуващ [зэхуэсым кърихьэлӀахэм хуэгъэзауэ:] – Тэмакъыр щалъэщӀкӀэ зигу фӀей илъым и гур бгъэкъэбзэн жыхуэпӀэми зыри хуэӀуакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656.
ФӀЕЙ II (6). плъыф. Къабзагъэ зимыӀэ, зыбгъэдэмылъ. Дыгъу жьгъей цӀыкӀухэщ, Жыпым иуэм щай кърах, Гъурхэщ, фӀейхэщ, нэкӀэ жанхэщ, Сыт ептами гуфӀэу пӀах. Дыгъу жыхуаӀэр сыт? «Бгы лъапэхэм деж», 124. Нурхьэлий иджыри зэ къыӀуихщ, хуищӀыжщ кассэри, музыкэ иригъауэри, ӀункӀыбзэӀухыр бэлътоку фӀей гуэрым кӀуэцӀишыхьри и жыпым ирилъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. – Мэжджыт къыщӀыхьэну хуимыту зыхэтхунщ, Ӏуэхури хабзэм еттынщ, – жиӀэу хьэжым къыжьэдэлъэтырт, – абы и лъакъуэ фӀейр мэжджытым къыщӀихьэмэ, ди нэмэз къабыл хъун, – къурӀэныр хыфӀэзыдзэ Ӏэр бубыду уи андез мыкъутэу къэнэн? Хъуэпсэгъуэ нур, 79. ◊ Ахъшэ фӀей (1). Еплъ ахъшэ.