ахъшэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

paraakçe
Ortakахъщ
DoğuнэгъэцӀухъурыщӀэӀэпэрыгъажэӀэпэщӀэгъэжӀэщӀэгъэжахъшэ
BatıнэгъэцӀыухъурышӀэӀапэрыгъачъ
Kitapta geçtiği hali

нэгъэцӀыу/нэгъэцӀу, хъурышӀэ/ хъурыщӀэ, Ӏапэрыгъачъ/ Ӏэпэрыгъажэ, ӀэпэщӀэгъэж, ӀэщӀэгъэж, АХЪЩ/АХЪШЭ; PARA (akçe)

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зыгуэр щащэ-къыщащэхум деж уасэ зэралъытэ дамыгъэ (металлуи тхылъымпӀэуи щыӀэщ).

руденьги

ТхылъымпӀэ ахъшэ. Дыщэ ахъшэ. Ахъшэ жьгъей. Ахъшэ щӀыхуэ.

+2 örnek

Сызижагъуэм и мылъкур ахъшэ ухъу.— Псалъэжьхэр

ХьэматӀ хьэмбыӀуу етӀысэхащ, бохъшэ фӀыцӀэжьыр гуфӀакӀэм къыдилъэфри.. и ахъшэр ибжыжу щӀидзащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

Bu maddedeki ifadeler (10)

ахъшэ гъэтӀылъа

руденежные сбережения.

ахъшэ делэ

рубешеные деньги.

ахъшэ зэгуэт

рукрупные деньги, купюры.

ахъшэ зэдиж

рукрупная сумма денег.

6 ifade daha

ахъшэ зэрыӀыгъ

рукруглая сумма денег.

ахьшэ къэтхъун

рузагребать большие деньги.

ахъшэ къэхьэхун

рувыиграть деньги.

ахъшэ къутэн

руразменять деньги.

ахъшэ мыкӀуэ

руденьги, вышедшие из обращения.

ахъшэ уэр

рубольшие деньги.

Kitapta geçtiği hali

ахъшэ деньги / Зыгуэр щащэ-къыщащэхум деж уасэ зэралъытэ дамыгъэ (металлуи тхылъымпӀэуи щыӀэщ). ТхылъымпӀэ ахъшэ. Дыщэ ахъшэ. Ахъшэ жьгъей. Ахъшэ щӀыхуэ. * Сызижагъуэм и мылъкур ахъшэ ухъу. (погов.) ХьэматӀ хьэмбыӀуу етӀысэхащ, бохъшэ фӀыцӀэжьыр гуфӀакӀэм къыдилъэфри.. и ахъшэр ибжыжу щӀидзащ. Къ. Хь. Ахъшэ гъэтӀылъа денежные сбережения. Ахъшэ делэ бешеные деньги. Ахъшэ зэгуэт крупные деньги, купюры. Ахъшэ зэдиж крупная сумма денег. Ахъшэ зэрыӀыгъ круглая сумма денег. Ахьшэ къэтхъун загребать большие деньги. Ахъшэ къэхьэхун выиграть деньги. Ахъшэ къутэн разменять деньги. Ахъшэ мыкӀуэ деньги, вышедшие из обращения. Ахъшэ уэр большие деньги.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Щэн-къэщэхуныр зэрызэрагъакӀуэ дамыгъэ (тхылъымпӀэу е гъущӀыкӀэ гуэрым къыхэщӀыкӀауэ).

Апхуэдиз ахъшэ зэуӀуу Нурхьэлий игъащӀэм илъэгъуатэкъым, Нью-Йорк щыкӀуам ахъшэ щахъуэж банкым къыщынэмыщӀа.— Хъуэпсэгъуэ нур, 229

+2 örnek

Сызыхуей тӀэкӀур къэсхьащ, ауэ ахъшэм сримыкъу хъури ахъшэ щӀыхуэ къэзмыщтэу хъуакъым— МелыӀыч, 463

[Шофёрым:] Уи ахъшэр илъхьэж, ди анэ— Гъуэгуанэ, 131

Deyimler (2)

ахъшэ фӀей

И мыкъарукӀэ къыӀэрыхьа, хьэлэл мыхъун мылъку.

[Авторым, Илас хуэгъэзауэ:] – Сэ ахъшэ фӀей сыхуэмей, уэлэхьи.— МелыӀыч, 470

ахъшэр мыкӀуэжын

Ахъшэр къамыгъэсэбэпыж хъун.

[Иринэ гупсысэрт:] Уеблэмэ советскэ ахъшэр мыкӀуэжу хъуауи жаӀэ.— Нал къута, 236

Kitapta geçtiği hali

АХЪШЭ (218). Щэн-къэщэхуныр зэрызэрагъакӀуэ дамыгъэ (тхылъымпӀэу е гъущӀыкӀэ гуэрым къыхэщӀыкӀауэ). Апхуэдиз ахъшэ зэуӀуу Нурхьэлий игъащӀэм илъэгъуатэкъым, Нью-Йорк щыкӀуам ахъшэ щахъуэж банкым къыщынэмыщӀа. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. Сызыхуей тӀэкӀур къэсхьащ, ауэ ахъшэм сримыкъу хъури ахъшэ щӀыхуэ къэзмыщтэу хъуакъым. МелыӀыч, 463. [Шофёрым:] Уи ахъшэр илъхьэж, ди анэ. Гъуэгуанэ, 131. ◊ Ахъшэ фӀей (1). зэхь. И мыкъарукӀэ къыӀэрыхьа, хьэлэл мыхъун мылъку. [Авторым, Илас хуэгъэзауэ:] – Сэ ахъшэ фӀей сыхуэмей, уэлэхьи. МелыӀыч, 470. Ахъшэр мыкӀуэжын (1). Ахъшэр къамыгъэсэбэпыж хъун. [Иринэ гупсысэрт:] Уеблэмэ советскэ ахъшэр мыкӀуэжу хъуауи жаӀэ. Нал къута, 236.

Düzeltme Öner

ахъшэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.