фыз псалъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
фыз
1. ЦӀыхубз (ныбжь иӀэу).
руженщина
Фыз гъуэгумыгъуэ ежьакъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
{Сосрыкъуэ:} - Фыз хасэ щӀэупщӀэркъым, фыз упщӀэж ирахьэлӀэркъым.— Нартхэр
2. ЛӀы зиӀэ цӀыхубз, унэгуащэ.
ружена
Фыз бзаджэ хьэщӀэ мыгъашхэщ.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Фыз быдэ илӀ хьэлэлщ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (8)
фыз зешэн
русоблазнять женщину.
фыз игъэкӀыжын
руразвестись с кем-л.
фыз къэшэн
ружениться.
фыз къегъэшэн
руженить
кого-л. Къуэм фыз къегъэшэн.
фыз лъыхъун
руподыскивать жену.
Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ.— Псалъэжьхэр
фыз псалъэ
руболтовня, сплетня (бабий разговор).
фыз хьэл
рукапризный, обидчивый характер
фыз щӀын
ружениться на ком-л.
Kitapta geçtiği hali
фыз 1. женщина / ЦӀыхубз (ныбжь иӀэу). * Фыз гъуэгумыгъуэ ежьакъым. (погов.) {Сосрыкъуэ:} - Фыз хасэ щӀэупщӀэркъым, фыз упщӀэж ирахьэлӀэркъым. Нарт. 2. жена / ЛӀы зиӀэ цӀыхубз, унэгуащэ. * Фыз бзаджэ хьэщӀэ мыгъашхэщ. (погов.) Фыз быдэ илӀ хьэлэлщ. (погов.) Фыз зешэн соблазнять женщину. Фыз игъэкӀыжын развестись с кем-л. Фыз къэшэн жениться. Фыз къегъэшэн женить кого-л. Къуэм фыз къегъэшэн. Фыз лъыхъун подыскивать жену. * Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ. (погов.) Фыз псалъэ болтовня, сплетня (бабий разговор). Фыз хьэл капризный, обидчивый характер Фыз щӀын жениться на ком-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
фыз
1. Ныбжь зиӀэ е унагъуэ ихьа цӀыхубз.
А нып плъыжь цӀыкӀур фызхэм ямылъагъумэ, щӀэупщӀэрт: – А тӀу, Долэт псы къуитрэ нобэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 243
+2 örnek
«Елбэздыкъуэ, Дыкъуэнагъ, Аргъеипэ, Шы пэнцӀыв, ЦӀывгъажьэ, Яжьэ лъэгу, Лъэгурыдзэ, Едзыхыж», – ЖиӀэу фызыр мес мэшхыдэ.— Елбэздыкъуэ, 11
СыщӀасэлӀкъым СызэштеуакӀуэу, Фыз сакӀэлъыкӀуэу Сыжэщ щысакӀуэу, Си щӀакӀуэ кӀапэм Гуащэ тезгъэсу Схуэдэр есакъым.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 423
2. ЛӀы зыбгъэдэс, зиӀэ цӀыхубз, унэгуащэ.
[Авторым, мэрым хуэгъэзауэ:] Дакъикъэ пщыкӀутху пӀалъэу узот: къызэхуэсрэ – уи насыпщ, къызэхуэмысрэ – уи фызыр уи нэкӀэ плъагъуу ӀуспӀэнщи, уэри абы укӀэлъызгъэкӀуэнщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 406
+2 örnek
Езы пхъащӀэм абы гу лъитэжащи, удз ӀэплӀакӀуэ хуэдиз къыдигъэфыщӀри и фызыр щӀихъумащ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
ЛӀы губзыгъэм уи фызыр адыгэми урысми зэхуэдэу къилъытащ: – Фызыр гурэ псэкӀэ къыхах, – жиӀэрт Мэтхъэным, – цӀыхубзыр уи гум ирихьрэ, уи псэм къищтэрэ – къашэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529
Deyimler (5)
фыз мурад
Мыхьэнэ, купщӀэ зимыӀэ мурад.
Фыз мурадыр ещхьщ Ӏуданэм, Мастэм хуэдэу пцӀыкӀэ мадэ— ЦӀыхубзым я пцӀыр зымыдэм. «Батырыбжьэ», 120
фыз псалъэ
ПцӀы защӀэкӀэ гъэпса, пэж зыхэмылъ, мыхьэнэншэ псалъэмакъ. -68.
Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀэ мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъункъым, сыту жыпӀэмэ и фызым сыт жиӀами екӀи-фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ.— Лъапсэ, 67
фыз унафэкӀэ псэун
Фыз жыӀэщӀэу, фыз дэубзэу щытын. -68.
Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀ э мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъункъым, сыту жыпӀэмэ и фызым сыт жиӀами екӀи-фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ.— Лъапсэ, 67
фыз хъыбар
Нэхъ къызыгурыӀуэхэр фыз хъыбар щхьэкӀэ пхуэгузэвэнутэкъым, ауэ Долэт елъэбышауэу къиджэдыхьурэ хэт хуэзэми и щхьэ фӀы хужиӀэжу, игъащӀэм цӀыхум и жагъуэ имыщӀауэ, уеблэмэ жэм щыс къыщимыхуауэ тхьэ иӀуэу уэрамым къыдыхьати Ӏэджэм гу лъатащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 303
Еплъ: фыз псалъэ
фыз Ӏуэхукъым
ЦӀыхубзыр зыхэӀэбэ, хэпсэлъыхь хъун Ӏуэхукъым.
И фыз Былэ зэ къопсалъэ, Ар тхылъ гуэрым топсэлъыхь, ЦӀыхухэм я гур зэщӀигъаплъэу Былэ жиӀэм хуащӀу щӀыхь, Ар колхозым къагъэпэж, Ауэ и лӀым ар имыдэ: – Ар фыз Ӏуэхукъым, унэм кӀуэж, – ЖиӀэу ПӀатӀэ къыхуошхыдэ.— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 109
+1 örnek
Ар фыз Ӏуэхукъым жиӀэу ПӀатӀи пэрыуэныр щигъэтащ.— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111
Kitapta geçtiği hali
ФЫЗ (476). 1. (317). Ныбжь зиӀэ е унагъуэ ихьа цӀыхубз. А нып плъыжь цӀыкӀур фызхэм ямылъагъумэ, щӀэупщӀэрт: – А тӀу, Долэт псы къуитрэ нобэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 243. «Елбэздыкъуэ, Дыкъуэнагъ, Аргъеипэ, Шы пэнцӀыв, ЦӀывгъажьэ, Яжьэ лъэгу, Лъэгурыдзэ, Едзыхыж», – ЖиӀэу фызыр мес мэшхыдэ. «Елбэздыкъуэ», 11. СыщӀасэлӀкъым СызэштеуакӀуэу, Фыз сакӀэлъыкӀуэу Сыжэщ щысакӀуэу, Си щӀакӀуэ кӀапэм Гуащэ тезгъэсу Схуэдэр есакъым. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 423. 2. (159). ЛӀы зыбгъэдэс, зиӀэ цӀыхубз, унэгуащэ. [Авторым, мэрым хуэгъэзауэ:] Дакъикъэ пщыкӀутху пӀалъэу узот: къызэхуэсрэ – уи насыпщ, къызэхуэмысрэ – уи фызыр уи нэкӀэ плъагъуу ӀуспӀэнщи, уэри абы укӀэлъызгъэкӀуэнщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 406. Езы пхъащӀэм абы гу лъитэжащи, удз ӀэплӀакӀуэ хуэдиз къыдигъэфыщӀри и фызыр щӀихъумащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. ЛӀы губзыгъэм уи фызыр адыгэми урысми зэхуэдэу къилъытащ: – Фызыр гурэ псэкӀэ къыхах, – жиӀэрт Мэтхъэным, – цӀыхубзыр уи гум ирихьрэ, уи псэм къищтэрэ – къашэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. ◊ Фыз мурад (1). Мыхьэнэ, купщӀэ зимыӀэ мурад. Фыз мурадыр ещхьщ Ӏуданэм, Мастэм хуэдэу пцӀыкӀэ мадэ. ЦӀыхубзым я пцӀыр зымыдэм. «Батырыбжьэ», 120. Фыз псалъэ (1). ПцӀы защӀэкӀэ гъэпса, пэж зыхэмылъ, мыхьэнэншэ псалъэмакъ. Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀэ мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъункъым, сыту жыпӀэмэ и фызым сыт жиӀами екӀи-фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ. Лъапсэ, 67-68.Фыз унафэкӀэ псэун (1). Фыз жыӀэщӀэу, фыз дэубзэу щытын. Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀ э мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъункъым, сыту жыпӀэмэ и фызым сыт жиӀами екӀи-фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ. Лъапсэ, 67-68. Фыз хъыбар (1). Еплъ фыз псалъэ. Нэхъ къызыгурыӀуэхэр фыз хъыбар щхьэкӀэ пхуэгузэвэнутэкъым, ауэ Долэт елъэбышауэу къиджэдыхьурэ хэт хуэзэми и щхьэ фӀы хужиӀэжу, игъащӀэм цӀыхум и жагъуэ имыщӀауэ, уеблэмэ жэм щыс къыщимыхуауэ тхьэ иӀуэу уэрамым къыдыхьати Ӏэджэм гу лъатащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 303. Фыз Ӏуэхукъым (7). ЦӀыхубзыр зыхэӀэбэ, хэпсэлъыхь хъун Ӏуэхукъым. И фыз Былэ зэ къопсалъэ, Ар тхылъ гуэрым топсэлъыхь, ЦӀыхухэм я гур зэщӀигъаплъэу Былэ жиӀэм хуащӀу щӀыхь, Ар колхозым къагъэпэж, Ауэ и лӀым ар имыдэ: – Ар фыз Ӏуэхукъым, унэм кӀуэж, – ЖиӀэу ПӀатӀэ къыхуошхыдэ. Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 109. Ар фыз Ӏуэхукъым жиӀэу ПӀатӀи пэрыуэныр щигъэтащ. Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111.