утӀыпщын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(еутӀыпщ)
1. ӀэкӀэ убыдауэ щыта зыгуэр умыӀыгъыжу зыӀэщӀэгъэкӀын.
рувыпустить из рук кого-чего-л.
ШхуэмылакӀэр утӀыпщын.
2. Зыгуэр хуит щӀын (лэжьапӀэм).
руотпустить кого-л. (напр. с работы)
3. Зыгуэр хуит щӀын.
руосвободить, отпустить кого-л., дать свободу кому-л.
Щхьэхуиту утӀыпщын.
4. Ухуэныгъэ гуэр ухын, гъэлэжьэным, къэгъэсэбэпыным щӀэдзэн.
рупустить, ввести в действие что-л. (напр. турбину)
Щхьэлыр утӀыпщын. Электростанцыр утӀыпщын.
Bu maddedeki ifadeler (1)
псалъэ Ӏей утӀыпщын
Еплъ: псалъэ
Kitapta geçtiği hali
утӀыпщын (еутӀыпщ) неперех. гл. 1. выпустить из рук кого-чего-л. / ӀэкӀэ убыдауэ щыта зыгуэр умыӀыгъыжу зыӀэщӀэгъэкӀын. ШхуэмылакӀэр утӀыпщын. 2. отпустить кого-л. (напр. с работы) / Зыгуэр хуит щӀын (лэжьапӀэм). 3. освободить, отпустить кого-л., дать свободу кому-л. / Зыгуэр хуит щӀын. Щхьэхуиту утӀыпщын. 4. пустить, ввести в действие что-л. (напр. турбину) / Ухуэныгъэ гуэр ухын, гъэлэжьэным, къэгъэсэбэпыным щӀэдзэн. Щхьэлыр утӀыпщын. Электростанцыр утӀыпщын. Псалъэ Ӏей утӀыпщын см. псалъэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(еутӀыпщ)
1. ӀэкӀэ бубыдауэ щыта гуэр умыӀыгъыжу зыӀэщӀэгъэкӀын.
Хъыджэбзым и хьэпшып къомыр дэнэ щыӀэми имыщӀэу, зы къэп хужь цӀыкӀу иӀыгът имыутӀыпщу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
+2 örnek
[Исуф и адэм къыжреӀэ:] Зи бжьакъуэ е зи соку къыпӀэрыхьар умыутӀыпщ, сынэсыхукӀэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 255
[Аркашкэ:] Сосрыкъуэ, сыутӀыпщ!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 550
2. Зыгуэр хуит щӀын.
Инал и шыр иутӀыпщри уи шэрихьэтисти, уи мэрихьэтисти къызэринэкӀри псом япэ иуващ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
+2 örnek
[Къэрней:] ЦӀыхубзыр яутӀыпщмэ, зыутӀыпщыр советскэ властыр аракъэ.— Гъуэгуанэ, 135
Астемыр шыр иутӀыпщащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 315
3. Егъэжьэн, гъэлэжьэн.
ЛӀыжьхэр мэжджытым щызэхуэсауэ зэгурыӀуащ щхьэлтет ягъэуву щхьэл закъуэр яутӀыпщыну— Нал къута, 232
+2 örnek
Зэ ди жылэр зэхуэсауэ Станц дутӀыпщым дыхуэгуфӀэт, Унэм нэхур къыщӀашауэ Ди Ӏэтащхьэм загъэбжьыфӀэт— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31
[Иринэ и гупсысэ:] Водопроводыр абы (хьэмэмым) хуэдэу яутӀыпщамэ, арат— Нал къута, 240
4. Гъуэгу тегъэувэн; егъэжьэн.
Шу зыкъоми ягъэшэсри хэт Псыхуабэ гъуэгумкӀэ, хэти КъалэкӀыхь лъэныкъуэмкӀэ яутӀыпщащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 236
+1 örnek
Чыржын игъажьэрти [Апчарэ] ари посылкэу иутӀыпщырт (Албиян и деж).— Щынэхужьыкъуэ, 20
5. Зыхуейр ищӀэу хъун.
[Данизэт:] Албияни ар къывищӀэ мыгъуэрэт, Темыркъан тхьэмыщкӀэр псэужатэм? БутӀыпщащ уи къуэр, Хьэбибэ, бутӀыпщащ.— Щынэхужьыкъуэ, 61
+1 örnek
Темыркъан и ахърэт нэху ухъу, мызэ-мытӀэу жиӀэрт – уи быным яхуэсакъ, уи быныр бутӀыпщынщи къомыдэӀуэж хъунщ, уи псалъэ шывей Ӏэтэм ещхьу ебакъуэурэ ежьэжынщ.— Щынэхужьыкъуэ, 61
6. КъыжьэдэкӀын (псалъэ).
Шабзэшэр [Апчарэ жиӀа псалъэр] иутӀыпщати, и анэм и гущхьэ дыдэм техуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 25
Kitapta geçtiği hali
УТӀЫПЩЫН (еутӀыпщ) лъэӀ. (54). 1. (9). ӀэкӀэ бубыдауэ щыта гуэр умыӀыгъыжу зыӀэщӀэгъэкӀын. Хъыджэбзым и хьэпшып къомыр дэнэ щыӀэми имыщӀэу, зы къэп хужь цӀыкӀу иӀыгът имыутӀыпщу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. [Исуф и адэм къыжреӀэ:] Зи бжьакъуэ е зи соку къыпӀэрыхьар умыутӀыпщ, сынэсыхукӀэ… Хъуэпсэгъуэ нур, 255. [Аркашкэ:] Сосрыкъуэ, сыутӀыпщ! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 550. 2. (28). Зыгуэр хуит щӀын. Инал и шыр иутӀыпщри уи шэрихьэтисти, уи мэрихьэтисти къызэринэкӀри псом япэ иуващ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. [Къэрней:] ЦӀыхубзыр яутӀыпщмэ, зыутӀыпщыр советскэ властыр аракъэ. Гъуэгуанэ, 135. Астемыр шыр иутӀыпщащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. 3. (6). Егъэжьэн, гъэлэжьэн. ЛӀыжьхэр мэжджытым щызэхуэсауэ зэгурыӀуащ щхьэлтет ягъэуву щхьэл закъуэр яутӀыпщыну. Нал къута, 232. Зэ ди жылэр зэхуэсауэ Станц дутӀыпщым дыхуэгуфӀэт, Унэм нэхур къыщӀашауэ Ди Ӏэтащхьэм загъэбжьыфӀэт. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31. [Иринэ и гупсысэ:] Водопроводыр абы (хьэмэмым) хуэдэу яутӀыпщамэ, арат. Нал къута, 240. 4. (2). Гъуэгу тегъэувэн; егъэжьэн. Шу зыкъоми ягъэшэсри хэт Псыхуабэ гъуэгумкӀэ, хэти КъалэкӀыхь лъэныкъуэмкӀэ яутӀыпщащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 236. Чыржын игъажьэрти [Апчарэ] ари посылкэу иутӀыпщырт (Албиян и деж). Щынэхужьыкъуэ, 20. 5. (3). Зыхуейр ищӀэу хъун. [Данизэт:] Албияни ар къывищӀэ мыгъуэрэт, Темыркъан тхьэмыщкӀэр псэужатэм? БутӀыпщащ уи къуэр, Хьэбибэ, бутӀыпщащ. Щынэхужьыкъуэ, 61. Темыркъан и ахърэт нэху ухъу, мызэ-мытӀэу жиӀэрт – уи быным яхуэсакъ, уи быныр бутӀыпщынщи къомыдэӀуэж хъунщ, уи псалъэ шывей Ӏэтэм ещхьу ебакъуэурэ ежьэжынщ. Щынэхужьыкъуэ, 61. 6. (1). зэхь. КъыжьэдэкӀын (псалъэ). Шабзэшэр [Апчарэ жиӀа псалъэр] иутӀыпщати, и анэм и гущхьэ дыдэм техуащ. Щынэхужьыкъуэ, 25.
Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas
Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler
bırakmak dökmek koyuvermek salıvermek salmak tahliye terhisaskerlik