унажэ жэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
унажэ
Deyimler (2)
унажэ жэн
НэгъуэщӀ унагъуэ гуэрым губжьауэ теуэу, хуэжэу иращӀылӀэ псалъэмакъ.
Ахэр куэдкӀэ къытхуэныкъуэт, Ещхьт унажэ къытхуэжам.— Авар хьэщӀэ. «Мывэ хуабэ», 111
+2 örnek
Куэд дэмыкӀыу хъыджэбз цӀыкӀум и анэр унажэ къэжащ: «Си сабийм шейщӀэтыр тефхыу и щыгъынри зэхэфчэтхъэну лъэкӀыныгъэ дэнэ къифха?».— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477
[Нанэ:] ПщӀэжрэ, Думэсарэ, Инус хьэжым Ӏузизэ мыгъуэр игъэмэхыу унажэу дыщыжар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
унажэ кӀуэн
Щымыхъужым, езы къадыр и гъунэгъум деж унажэ кӀуэмэ – лӀыжьыр лӀэри хьэдэ къуаншэ хъуауэ къыщӀэкӀащ.— Аргъуей, 388
Еплъ: унажэ жэн
Kitapta geçtiği hali
УНАЖЭ: ◊ унажэ жэн (5). НэгъуэщӀ унагъуэ гуэрым губжьауэ теуэу, хуэжэу иращӀылӀэ псалъэмакъ. Ахэр куэдкӀэ къытхуэныкъуэт, Ещхьт унажэ къытхуэжам. Авар хьэщӀэ. «Мывэ хуабэ», 111. Куэд дэмыкӀыу хъыджэбз цӀыкӀум и анэр унажэ къэжащ: «Си сабийм шейщӀэтыр тефхыу и щыгъынри зэхэфчэтхъэну лъэкӀыныгъэ дэнэ къифха?». Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. [Нанэ:] ПщӀэжрэ, Думэсарэ, Инус хьэжым Ӏузизэ мыгъуэр игъэмэхыу унажэу дыщыжар? Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Унажэ кӀуэн (1). Еплъ унажэ жэн. Щымыхъужым, езы къадыр и гъунэгъум деж унажэ кӀуэмэ – лӀыжьыр лӀэри хьэдэ къуаншэ хъуауэ къыщӀэкӀащ. Аргъуей, 388.