тэджын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ТЭДЖЫН (МЭТЭДЖ(ы); КЪЭТЭДЖЫН (къэтэджы/къотэдж); ЗЫӀЭТЫН (ЗЕӀЭТ(ы); KALKMAK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэтэдж)
1. КъызэфӀэувэн, щыс, щылъ зыгуэр лъакъуэкӀэ къэувын.
рувстать, подняться (на ноги)
Сымаджэр тэджын.
2. ЗыкъиӀэтын (пщагъэ, хупцӀынэ с. ху.). ХупцӀынэр тэджащ.
руподняться (о тесте); вспучиться
3. ЗыкъэӀэтын (зэуэну).
руподняться на что-л. (напр. на борьбу)
Къэрэхьэлъкъыр зэрощӀэ, Гуахъуэ Ӏэщэу мэтэджхэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Kitapta geçtiği hali
тэджын (мэтэдж) неперех. гл. 1. встать, подняться (на ноги) / КъызэфӀэувэн, щыс, щылъ зыгуэр лъакъуэкӀэ къэувын. Сымаджэр тэджын. 2. переносное подняться (о тесте); вспучиться / ЗыкъиӀэтын (пщагъэ, хупцӀынэ с. ху.). ХупцӀынэр тэджащ. 3. переносное подняться на что-л. (напр. на борьбу) / ЗыкъэӀэтын (зэуэну). * Къэрэхьэлъкъыр зэрощӀэ, Гуахъуэ Ӏэщэу мэтэджхэ. П. Б. {И} щхьэфэцыр тэджын см. щхьэфэц. И щхъуэцыр тэджын см. щхъуэц.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэтэдж)
КъызэфӀэувэн, щыс, щылъ зыгуэр лъакъуэкӀэ къэувын.
Фыз бзаджэр, хьэщӀэ къакӀуэмэ, шыуаныр итхъунщӀу мэтӀыс, жыхуаӀэр си гум къэкӀащи, согупсысэ: нтӀэ, сытэджу сежьэжын, жызоӀэри.— МелыӀыч, 440
+2 örnek
Куэшмэныр къыщхьэщилъэфащ [Локотош хуэгъэзауэ]: – ЛӀо, тэдж, тӀыс жыпӀэу – физкультурэ сыхэбгъэзыхьауэ сщӀырэ? – жиӀэри.— Нал къута, 307
Хьэкурынэм иджыри Ӏэджэ жиӀэну къыщӀэкӀынт, ауэ Къетау идакъым: – Тэдж, тэдж.— Лъапсэ, 62
Kitapta geçtiği hali
ТЭДЖЫН (мэтэдж) лъэмыӀ. (29). КъызэфӀэувэн, щыс, щылъ зыгуэр лъакъуэкӀэ къэувын. Фыз бзаджэр, хьэщӀэ къакӀуэмэ, шыуаныр итхъунщӀу мэтӀыс, жыхуаӀэр си гум къэкӀащи, согупсысэ: нтӀэ, сытэджу сежьэжын, жызоӀэри. МелыӀыч, 440. Куэшмэныр къыщхьэщилъэфащ [Локотош хуэгъэзауэ]: – ЛӀо, тэдж, тӀыс жыпӀэу – физкультурэ сыхэбгъэзыхьауэ сщӀырэ? – жиӀэри. Нал къута, 307. Хьэкурынэм иджыри Ӏэджэ жиӀэну къыщӀэкӀынт, ауэ Къетау идакъым: – Тэдж, тэдж. Лъапсэ, 62.