щхьэфэц
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (1)
щхьэфэцыр тэджащ (щхьэфэцым зиӀэтащ)
руволосы встали дыбом.
Зызышыхьауэ щылъ блэшхуэм сыщыӀуплъэм си щхьэфэцыр тэджащ.— Черкес ӀуэрыӀуатэхэр
Kitapta geçtiği hali
щхьэфэц щхьэфэцыр тэджащ (щхьэфэцым зиӀэтащ) волосы встали дыбом. * Зызышыхьауэ щылъ блэшхуэм сыщыӀуплъэм си щхьэфэцыр тэджащ. Черк. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Щхьэфэм тет цы.
Арыншэми мырамысэ бэлагъ щхьэкӀэ ди щхьэфэцыр къызэроч», - жиӀэу Хъалидэ и анэм баш иӀыгъыу уэрамым къыдихуати, арат нобэ и псэ тӀэкӀур мыбы къыщӀихьар— Лъапсэ, 127
+1 örnek
Сымаджэм и дэлъхум жиӀэу: «… Сыту пщыгъупщэжа япэу ущыщӀэлъхуам уи щхьэфэцыр иӀыгъыу уи анэм узэрызэрилъэфар?»— Лъапсэ, 129
Deyimler (4)
[и] щхьэфэцым зиӀэтын
Щхьэфэм тет цыр зэфӀэувэн, гузэвэгъуэ, шынагъуэ, гууз гуэр зэхиха е и нэгу зэрыщӀэкӀам ипкъ иткӀэ.
Хъыбарым я нэхъ Ӏейр фронтыр къакъутэри нэмыцэм я дзэр къызэрохь, жаӀэу арати, зэхэзыхым и щхьэфэцым зиӀэтырт.— Къалэн, 433
+2 örnek
Ар щилъагъум си директору плъагъум и щхьэфэцым зимыӀэту къэнэнт?— МелыӀыч, 472
Фочауэри, уэредадэри, музыкэри нэхъеиж хъуащ, уи щхьэфэцым зрагъэӀэту.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585
[и] щхьэфэцым зрисэн
Уи щхьэфэцым зрегъасэ хъыбархэр иджыри кӀуэдыжыпатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 302
+2 örnek
[Гесиод жиӀэу:] Си гум къэкӀмэ, си щхьэфэцым зресэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162
Хьисэп езыгъаджэ учителым къилъэгъуат еджакӀуэ цӀыкӀухэм кӀэрахъуэ яӀыгъыуи, и щхьэфэцым занщӀэу зрисащ, зы бэлыхьлажьэ къыдащӀэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666
Еплъ: [и] щхьэфэцым зиӀэтын
щхьэфэцыр ихын
Гъэгужьеин, гузэвэгъуэ хэдзэн.
Фыз гужьеяхэм я кӀий макъым уи щхьэфэцыр ирихырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284
щхьэфэцыр тэджын
А хъыбар шынагъуэр зи щхьэгъусэ ежьауэ къэт фызым зэхахмэ, я щхьэфэцыр тэджырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 303
+2 örnek
Абы и кӀий макъым уи щхьэфэцыр игъэтэджырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 551
Къызэрысуи цӀыхум я щхьэфэцыр игъэтэджу, хъыбар бэлыхьлажьэхэр къэӀури, жылэр зэрыжылэу зэрыгъэгужьеяуэ, ящӀэнур ямыщӀэу, зэрызехьэрт, зыхуэтхьэусыхэнур къыхуэмыгъуэту.— Лъпасэ, 83
Еплъ: [и] щхьэфэцым зиӀэтын
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭФЭЦ (50). Щхьэфэм тет цы. Арыншэми мырамысэ бэлагъ щхьэкӀэ ди щхьэфэцыр къызэроч», - жиӀэу Хъалидэ и анэм баш иӀыгъыу уэрамым къыдихуати, арат нобэ и псэ тӀэкӀур мыбы къыщӀихьар. Лъапсэ, 127. Сымаджэм и дэлъхум жиӀэу: «… Сыту пщыгъупщэжа япэу ущыщӀэлъхуам уи щхьэфэцыр иӀыгъыу уи анэм узэрызэрилъэфар?» Лъапсэ, 129. ◊ [И] щхьэфэцым зиӀэтын (35). Щхьэфэм тет цыр зэфӀэувэн, гузэвэгъуэ, шынагъуэ, гууз гуэр зэхиха е и нэгу зэрыщӀэкӀам ипкъ иткӀэ. Хъыбарым я нэхъ Ӏейр фронтыр къакъутэри нэмыцэм я дзэр къызэрохь, жаӀэу арати, зэхэзыхым и щхьэфэцым зиӀэтырт. Къалэн, 433. Ар щилъагъум си директору плъагъум и щхьэфэцым зимыӀэту къэнэнт? МелыӀыч, 472. Фочауэри, уэредадэри, музыкэри нэхъеиж хъуащ, уи щхьэфэцым зрагъэӀэту. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. [И] щхьэфэцым зрисэн (9). Еплъ [и] щхьэфэцым зиӀэтын. Уи щхьэфэцым зрегъасэ хъыбархэр иджыри кӀуэдыжыпатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 302. [Гесиод жиӀэу:] Си гум къэкӀмэ, си щхьэфэцым зресэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Хьисэп езыгъаджэ учителым къилъэгъуат еджакӀуэ цӀыкӀухэм кӀэрахъуэ яӀыгъыуи, и щхьэфэцым занщӀэу зрисащ, зы бэлыхьлажьэ къыдащӀэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 666. Щхьэфэцыр ихын (1). Гъэгужьеин, гузэвэгъуэ хэдзэн. Фыз гужьеяхэм я кӀий макъым уи щхьэфэцыр ирихырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. Щхьэфэцыр тэджын (4). Еплъ [и] щхьэфэцым зиӀэтын. А хъыбар шынагъуэр зи щхьэгъусэ ежьауэ къэт фызым зэхахмэ, я щхьэфэцыр тэджырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 303. Абы и кӀий макъым уи щхьэфэцыр игъэтэджырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 551. Къызэрысуи цӀыхум я щхьэфэцыр игъэтэджу, хъыбар бэлыхьлажьэхэр къэӀури, жылэр зэрыжылэу зэрыгъэгужьеяуэ, ящӀэнур ямыщӀэу, зэрызехьэрт, зыхуэтхьэусыхэнур къыхуэмыгъуэту. Лъпасэ, 83.