теубгъуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

руа) (треубгъуэ) перех. гл.

1. Еплъ: тепӀэн

ЩӀакӀуэ траубгъуэри уӀэгъэр здэщылъым къагъанэ зы тэлайкӀэ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

2. Теукъуэдиен, зэкӀуэцӀыхауэ телъхьэн. ЩӀым теубгъуэн. б) (теубгъуащ)

руположить что-л. в развёрнутом виде на поверхность чего-л.

неперех. гл.

1. Еплъ: тепӀэн

Щэщыху теуб-гъуащ.

2. ЗэкӀуэцӀыхуауэ, укъуэдияуэ телъын.

рулежать, быть накинутым на что-л. в развёрнутом виде

ИплӀэм теубгъуащ.

Тепхъуэ.

рупокрывало

Пщащэ гъум теубгъуэм и щӀасэщ.— Псалъэжьхэр

Kitapta geçtiği hali

теубгъуэн I а) (треубгъуэ) перех. гл. 1. см. тепӀэн I. * ЩӀакӀуэ траубгъуэри уӀэгъэр здэщылъым къагъанэ зы тэлайкӀэ. Къэб. фольк. 2. положить что-л. в развёрнутом виде на поверхность чего-л. / Теукъуэдиен, зэкӀуэцӀыхауэ телъхьэн. ЩӀым теубгъуэн. б) (теубгъуащ) неперех. гл. 1. см. тепӀэн I. Щэщыху теуб-гъуащ. 2. лежать, быть накинутым на что-л. в развёрнутом виде / ЗэкӀуэцӀыхуауэ, укъуэдияуэ телъын. ИплӀэм теубгъуащ. II покрывало / Тепхъуэ. * Пщащэ гъум теубгъуэм и щӀасэщ. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(треубгъуэ)

1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ тепхъуэн, теукъуэдиен.

Абы щӀэс къулыкъущӀэм джэдыгужь теубгъуауэ тхылъымпӀэ зэӀещӀэ, сэ гу къыслъита щхьэкӀэ, и щхьэ къиӀэту къызэплъыркъым.— МелыӀыч, 450

+2 örnek

Тхъурымбэу псым телъым теувэн и гугъа щхьэкӀэ – дэнэ, пхырыхуауэ и дамитӀыр псым теубгъуауэ ехьыр.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491

Бэлъто зэхэчэтхъа теубгъуауэ зылӀ къыщӀэкӀри, директорыр унэм щӀишащ.— МелыӀыч, 470

2. Тепхъуэ.

ЩӀым теубгъуэни сыхуэхъуакъэ, Къэзгъэзэжыну сымыгугъэу.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 127

Kitapta geçtiği hali

ТЕУБГЪУЭН (треубгъуэ) лъэӀ. (11). 1. (10). Зыгуэр зыщӀыпӀэ тепхъуэн, теукъуэдиен. Абы щӀэс къулыкъущӀэм джэдыгужь теубгъуауэ тхылъымпӀэ зэӀещӀэ, сэ гу къыслъита щхьэкӀэ, и щхьэ къиӀэту къызэплъыркъым. МелыӀыч, 450. Тхъурымбэу псым телъым теувэн и гугъа щхьэкӀэ – дэнэ, пхырыхуауэ и дамитӀыр псым теубгъуауэ ехьыр. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491. Бэлъто зэхэчэтхъа теубгъуауэ зылӀ къыщӀэкӀри, директорыр унэм щӀишащ. МелыӀыч, 470. 2. (1). Тепхъуэ. ЩӀым теубгъуэни сыхуэхъуакъэ, Къэзгъэзэжыну сымыгугъэу. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 127.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

sermek

Düzeltme Öner

теубгъуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.