тепсэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(топсэ)
Дыгъэм и бзийхэр е нэгъуэщӀ нэху гуэрхэр зыщӀыпӀэ тридзэн, техуэн.
руосвещать кого-что-л., падать на кого-что-л. (напр. о солнечных лучах)
Дыгъэр тепсэн.
Bu maddedeki ifadeler (1)
жьы темыпсэу
Еплъ: жьы
Kitapta geçtiği hali
тепсэн (топсэ) неперех. гл. освещать кого-что-л., падать на кого-что-л. (напр. о солнечных лучах) / Дыгъэм и бзийхэр е нэгъуэщӀ нэху гуэрхэр зыщӀыпӀэ тридзэн, техуэн. Дыгъэр тепсэн. Жьы темыпсэу см. жьы.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(топсэ)
Дыгъэм и бзийхэр е нэгъуэщӀ нэху гуэрхэр зыщӀыпӀэ тридзэн, техуэн.
Уи мэзи губгъуэр щхъуантӀэ защӀэщ, Дыгъэ тепсэхукӀэ къэгъэгъэнущ.— ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт. «Вагъуэ махуэ», 19
+2 örnek
Мазэм и нурыр щхьэлым тепсэм, Ар псы къилъэту къыпфӀегъэщӀ— Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380
Дыгъи тепсэу, уэшхи тешхэу Сэ сывапӀэу къысфӀощӀыж, Сэрщ зыхъумэр псом я лъабжьэр, Сэ схъумари мыкӀуэдыж.— Дыгъэр къепсмэ, динэ ди псэщ. «Батырыбжьэ», 69
Kitapta geçtiği hali
ТЕПСЭН (топсэ) лъэмыӀ. (7). Дыгъэм и бзийхэр е нэгъуэщӀ нэху гуэрхэр зыщӀыпӀэ тридзэн, техуэн. Уи мэзи губгъуэр щхъуантӀэ защӀэщ, Дыгъэ тепсэхукӀэ къэгъэгъэнущ. ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт. «Вагъуэ махуэ», 19. Мазэм и нурыр щхьэлым тепсэм, Ар псы къилъэту къыпфӀегъэщӀ. Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380. Дыгъи тепсэу, уэшхи тешхэу Сэ сывапӀэу къысфӀощӀыж, Сэрщ зыхъумэр псом я лъабжьэр, Сэ схъумари мыкӀуэдыж. Дыгъэр къепсмэ, динэ ди псэщ. «Батырыбжьэ», 69.