сымаджэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
СЫМАДЖ(Э), сымэджал, сымэджэрен/сымаджэрилэ, узгъэл/узрилэ; HASTA
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Мыузыншэ, уз къызэуз.
рубольной (тот, кто болеет)
Ӏэщ сымаджэ.
+1 örnek
Сымаджэм щӀэупщӀэу гъунэгъухэр къожэкӀ, благъэхэри зэхуос.— Шортэн Аскэрбий
Bu maddedeki ifadeler (3)
сымаджэ егъурэгъузэ
сымаджэ лъэрымыхь
сымаджэ лъэрымыхь
рутяжелобольной.
Зыгуэрым Хъуэжэ и анэр сымаджэ лъэрымыхь хъуат.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
сымаджэ хьэлъэ
сымаджэ лъэрымыхь
Kitapta geçtiği hali
сымаджэ больной (тот, кто болеет) / Мыузыншэ, уз къызэуз. Ӏэщ сымаджэ. * Сымаджэм щӀэупщӀэу гъунэгъухэр къожэкӀ, благъэхэри зэхуос. Ш. А. Сымаджэ егъурэгъузэ = сымаджэ лъэрымыхь. Сымаджэ лъэрымыхь тяжелобольной. * Зыгуэрым Хъуэжэ и анэр сымаджэ лъэрымыхь хъуат. Къэб. фольк. Сымаджэ хьэлъэ = сымаджэ лъэрымыхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Мыузыншэ, уз къызэуз.
ЛӀы сымаджэр апхуэдизкӀэ гуфӀати, къеузари щыгъупщэжат.— МелыӀыч, 447
+2 örnek
[Псэун Ӏурарэ жриӀэу:] УгущӀэгъуншэтэкъэ, илъэсищ фӀэкӀ мыхъуа уи сабий сымаджэр и псэм еджэжу хэлъу уэ зыбгъэнысащӀэу лэгъунэм ущыщӀэсам?— Къалэн, 435
[Дэфэрэдж:] Сэри сымаджэм и дэфтэрым сеплъати, гу лъыстащ псоми, дохутырхэм хущхъуэ ирахьэлӀэм дагъуэ хуэпщӀын щыӀэтэкъым, ауэ сэбэп хуэхъуни хэлътэкъым.— Лъапсэ, 10
Kitapta geçtiği hali
СЫМАДЖЭ (167). Мыузыншэ, уз къызэуз. ЛӀы сымаджэр апхуэдизкӀэ гуфӀати, къеузари щыгъупщэжат. МелыӀыч, 447. [Псэун Ӏурарэ жриӀэу:] УгущӀэгъуншэтэкъэ, илъэсищ фӀэкӀ мыхъуа уи сабий сымаджэр и псэм еджэжу хэлъу уэ зыбгъэнысащӀэу лэгъунэм ущыщӀэсам? Къалэн, 435. [Дэфэрэдж:] Сэри сымаджэм и дэфтэрым сеплъати, гу лъыстащ псоми, дохутырхэм хущхъуэ ирахьэлӀэм дагъуэ хуэпщӀын щыӀэтэкъым, ауэ сэбэп хуэхъуни хэлътэкъым. Лъапсэ, 10.