сабэм щӀигъэнэн

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

сабэ

Хьэуам хэт е зыгуэрым трищӀа фӀей щащэ.

Сабэр пшагъуэ гуэрэну къалэм щхьэщытт.— Нал къута, 280

+2 örnek

Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270

Къалэр щхьэл шэрхъитӀым я зэхуакум дэхуауэ ехьэжыр жыпӀэнщ, сабэри Ӏугъуэри зэхыхьэжауэ.— Нал къута, 280

Deyimler (6)

сабэ дэпхъеин

Губжьын.

Псом хуэмыдэжу Долэт ар щызэхихым, щхьэкӀуэ къыщыхъури, сабэ дрипхъейуэ уэрамым къыдыхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 311

+2 örnek

[Гесиод Васэ жриӀэу:] Телджрам си фызым къыщыӀэрыхьэм, сабэ дрипхъейуэ къэнэнт?— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

ЛэтӀифэ еплъ: студенткэу щыщыта зэманым нэхъ дахэ уигъэлъыхъуэнт, арат дохутыру куэд дыдэрэ ямыгъэлажьэу къулыкъуфӀ къылъысауэ щӀыщытар, арщхьэкӀэ делагъэ куэдыщэ ӀэщӀэщӀыхьурэ къыщхьэщыжхэр щӀригъэгъуэжащ, нэхъыбэу зыхэтыр цӀыхухъу защӀэти, къыпылъ гуэрхэри къащыхэкӀым, и лӀым гу къылъитэри сабэр дрипхъейуэ хуежьащ, «уизгъэкӀыжынущ» жиӀэу.— Лъапсэ, 25

сабэ еуэн

ЗыутхыпщӀыжын, щыгъыным сабэр кӀэрыгъэщэщын.

Лу тӀэкӀу зызэпилъэщӀыхьыжщ, сабэ еуэри, бжэӀупэм деж щылъ щхьэл мывэжьым тетӀысхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 506

сабэр къыхегъэхын

УкӀын; хуэфащэ ещӀэн.

Дыгъурэ бэлшэвичу къытӀэщӀыхьэм сабэр къыхедгъэхынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 88

+2 örnek

Долэт зыхимыщӀыкӀ щыӀэт: – Уэллахьи, уэбиллахьи, уэталлахьи, уагъэкъабзэ дэнэ къэна, сабэр къыпхрамыгъэхмэ, – жиӀэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626

[Инал жиӀэу:] ПащӀэгъэлыгъуэм джэгу хэлъкъым: удигъусэ – накӀуэ, уигу дримыхьрэ – зыӀуегъэх е сабэр къыпхедгъэхынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575

сабэр уафэм дэпхъеин

Къэгубжьын.

Апчарэ и гугъат дадэр гуфӀэнуи – дэнэт, Бекъан и губжьыр иджыри текӀакъым, сабэр уафэм дрепхъей.— Нал къута, 272

+1 örnek

Ботэх зыщӀэс классым и унафэщӀым щӀалэ цӀыкӀур щакӀуэ кӀуэхэм зыдашэ жаӀэу щызэхихым, сабэр уафэм дрипхъеящ, арыншами Ботэх «двойкэм» тесу зы классым къыщӀэкӀым, адрей классым макӀуэ жиӀэри.— Лъапсэ, 67

сабэм иуэн

Сабэ куэду кӀэрылъын.

Уешауэ, уелӀауэ, сабэм уиуауэ уахыхьэмэ, сытыфэ къыуаплъын?— Нал къута, 249

+2 örnek

Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ, Сабэм иуащи, нэщхъейщ.— Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ. «Батырыбжьэ», 43

Баш зыӀыгъым иӀыгъщ, зымыӀыгъри ещӀэкъуауэу, уӀэгъэр зэрыпха хъыданыр хьэлэчу сабэм иуауэ елъэф.— Нал къута, 211

Еплъ: сабэм щӀигъэнэн

сабэм щӀигъэнэн

Сабэ куэду кӀэрылъын.

Сабэм щӀигъэна унэри лӀы гъэшхари Апчарэ сымэ къызэранэкӀащ.— Нал къута, 270

Kitapta geçtiği hali

САБЭ (45). Хьэуам хэт е зыгуэрым трищӀа фӀей щащэ. Сабэр пшагъуэ гуэрэну къалэм щхьэщытт. Нал къута, 280. Пщыхьэщхьэ хъурэ Ӏэхъуэр къыдыхьэжмэ, я шкӀэ цӀыкӀухэм хуэзэша жэмхэм бууэ къыщӀадзэрт, ахэр куэбжэм къэмысыж щӀыкӀэ уэрамым сабэр дэз хъурт, гу зырызи е нартыху бзий къашэу, е чырэ кӀуар къэкӀуэжауэ щхьэж и унэ екӀуэлӀэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. Къалэр щхьэл шэрхъитӀым я зэхуакум дэхуауэ ехьэжыр жыпӀэнщ, сабэри Ӏугъуэри зэхыхьэжауэ. Нал къута, 280. ◊ Сабэ дэпхъеин (8). Губжьын. Псом хуэмыдэжу Долэт ар щызэхихым, щхьэкӀуэ къыщыхъури, сабэ дрипхъейуэ уэрамым къыдыхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 311. [Гесиод Васэ жриӀэу:] Телджрам си фызым къыщыӀэрыхьэм, сабэ дрипхъейуэ къэнэнт? Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. ЛэтӀифэ еплъ: студенткэу щыщыта зэманым нэхъ дахэ уигъэлъыхъуэнт, арат дохутыру куэд дыдэрэ ямыгъэлажьэу къулыкъуфӀ къылъысауэ щӀыщытар, арщхьэкӀэ делагъэ куэдыщэ ӀэщӀэщӀыхьурэ къыщхьэщыжхэр щӀригъэгъуэжащ, нэхъыбэу зыхэтыр цӀыхухъу защӀэти, къыпылъ гуэрхэри къащыхэкӀым, и лӀым гу къылъитэри сабэр дрипхъейуэ хуежьащ, «уизгъэкӀыжынущ» жиӀэу. Лъапсэ, 25. Сабэ еуэн (1). ЗыутхыпщӀыжын, щыгъыным сабэр кӀэрыгъэщэщын. Лу тӀэкӀу зызэпилъэщӀыхьыжщ, сабэ еуэри, бжэӀупэм деж щылъ щхьэл мывэжьым тетӀысхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 506. Сабэр къыхегъэхын (6). УкӀын; хуэфащэ ещӀэн. Дыгъурэ бэлшэвичу къытӀэщӀыхьэм сабэр къыхедгъэхынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 88. Долэт зыхимыщӀыкӀ щыӀэт: – Уэллахьи, уэбиллахьи, уэталлахьи, уагъэкъабзэ дэнэ къэна, сабэр къыпхрамыгъэхмэ, – жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 626. [Инал жиӀэу:] ПащӀэгъэлыгъуэм джэгу хэлъкъым: удигъусэ – накӀуэ, уигу дримыхьрэ – зыӀуегъэх е сабэр къыпхедгъэхынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Сабэр уафэм дэпхъеин (2). Къэгубжьын. Апчарэ и гугъат дадэр гуфӀэнуи – дэнэт, Бекъан и губжьыр иджыри текӀакъым, сабэр уафэм дрепхъей. Нал къута, 272. Ботэх зыщӀэс классым и унафэщӀым щӀалэ цӀыкӀур щакӀуэ кӀуэхэм зыдашэ жаӀэу щызэхихым, сабэр уафэм дрипхъеящ, арыншами Ботэх «двойкэм» тесу зы классым къыщӀэкӀым, адрей классым макӀуэ жиӀэри. Лъапсэ, 67. Сабэм иуэн (7). Еплъ сабэм щӀигъэнэн. Сабэ куэду кӀэрылъын. Уешауэ, уелӀауэ, сабэм уиуауэ уахыхьэмэ, сытыфэ къыуаплъын? Нал къута, 249. Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ, Сабэм иуащи, нэщхъейщ. Гъуэгу гъунэ удзыр мэгъагъэ. «Батырыбжьэ», 43. Баш зыӀыгъым иӀыгъщ, зымыӀыгъри ещӀэкъуауэу, уӀэгъэр зэрыпха хъыданыр хьэлэчу сабэм иуауэ елъэф. Нал къута, 211. Сабэм щӀигъэнэн (1). Сабэ куэду кӀэрылъын. Сабэм щӀигъэна унэри лӀы гъэшхари Апчарэ сымэ къызэранэкӀащ. Нал къута, 270.

Düzeltme Öner

сабэм щӀигъэнэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.