пӀащӀэ-тхъытхъыу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПӀащӀэ-тхъытхъыу зыхуэпэн.
+1 örnek
Фызыжьымрэ Раерэ пӀащӀэ-тхъытхъыу заужьащ.— Къаныкъуэ СэӀэдулэ
Еплъ: пӀэщӀэгъуэкӀэ
Kitapta geçtiği hali
пӀащӀэ-тхъытхъыу см. пӀэщӀэгъуэкӀэ. ПӀащӀэ-тхъытхъыу зыхуэпэн. * Фызыжьымрэ Раерэ пӀащӀэ-тхъытхъыу заужьащ. Къ. С.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ПсынщӀэ дыдэу, пӀащӀэгъуэкӀэ.
Нурхьэлий и унэм щӀэлъ хьэуазэм къыщӀэнат фочи пӀэтӀрони, Астемыр сымэ пӀащӀэ-тхъытхъыу щыдэкӀым, псори къащтакъым, фоч зырыз зэрыдахыфар насыпышхуэт абы я деж— Хъуэпсэгъуэ нур, 282
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Сэри къыслъыхъуэу сызымыгъуэтым дежкӀэ соунэтӀри сыпӀащӀэ-сытхъытхъыу сокӀуэ, сымаджэм къыщӀэупщӀэну арауэ къыщӀэкӀынщ жызоӀэри.— Лъапсэ, 24
Куэдрэ щымысу Илас пӀащӀэ-тхъытхъыу къыщӀэкӀри зы къэпыр унэм щӀихьэри гум къитӀысхьэжащ: - НакӀуэ иджы элеваторым.— МелыӀыч, 470
Kitapta geçtiği hali
ПӀАЩӀЭ-ТХЪЫТХЪЫУ (19). нареч. ПсынщӀэ дыдэу, пӀащӀэгъуэкӀэ. Нурхьэлий и унэм щӀэлъ хьэуазэм къыщӀэнат фочи пӀэтӀрони, Астемыр сымэ пӀащӀэ-тхъытхъыу щыдэкӀым, псори къащтакъым, фоч зырыз зэрыдахыфар насыпышхуэт абы я деж. Хъуэпсэгъуэ нур, 282. [Дэфэрэдж:] Сэри къыслъыхъуэу сызымыгъуэтым дежкӀэ соунэтӀри сыпӀащӀэ-сытхъытхъыу сокӀуэ, сымаджэм къыщӀэупщӀэну арауэ къыщӀэкӀынщ жызоӀэри. Лъапсэ, 24. Куэдрэ щымысу Илас пӀащӀэ-тхъытхъыу къыщӀэкӀри зы къэпыр унэм щӀихьэри гум къитӀысхьэжащ: - НакӀуэ иджы элеваторым. МелыӀыч, 470.