пэт

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

nöbetçi
OrtakплъырпэспэсакӀу(э)пэтпэтакӀу(э)дежурнэ
Kitapta geçtiği hali

ПЛЪЫР, ПЭС, ПЭСАКӀУ(Э), ПЭТ, ПЭТАКӀУ(Э), ДЕЖУРНЭ; NÖBETÇİ

ПЭТ, ПЭТАКӀУ(Э) → ПЛЪЫР; NÖBETÇİ

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: плъыр

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ручастица

1. Зы Ӏуэхугъуэр адрейм ирихьэлӀэу зэрекӀуэкӀыр, къызэрыхъур къэзыгъэлъагъуэ, зы напӀэзыпӀэм зэтехуэу екӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэр зэзыпх частицэ.

рув тот самый момент, в то время, когда..

Джэгурэ пэт нэ къраху.— Псалъэжьхэр

2. “Дауэ мыхъуми” зиӀэ частицэ.

рухоть, хотя, несмотря на..

Къуэшхэр я нэхъыщӀэм "КъуийцӀыкӀукӀэ" еджэхэрт, джэрэзыжауэ щхьэц фӀыцӀэ Ӏув къытекӀарэ пэт. Черк. таур. ЗэӀущӀэр яуха пэт, зэрыхабзэти, ар иджыри екӀуэкӀырт: гуп-гупурэ зэпсалъэрт.— Къущхьэ СулътӀан

3. ЩӀэгъэхуэбжьэныгъэ, дауэ мыхъуми мыхьэнэ зиӀэ частицэ.

рудаже, даже и.., и то

Хьэндыркъуакъуэрэ пэт "сызыхэс псыр кууащэрэт" жеӀэр.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Шыдрэ пэт итӀани илъэсым зэ мэфтрей.— Псалъэжьхэр

Kitapta geçtiği hali

пэт частица 1. в тот самый момент, в то время, когда.. / Зы Ӏуэхугъуэр адрейм ирихьэлӀэу зэрекӀуэкӀыр, къызэрыхъур къэзыгъэлъагъуэ, зы напӀэзыпӀэм зэтехуэу екӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэр зэзыпх частицэ. * Джэгурэ пэт нэ къраху. (погов.) 2. хоть, хотя, несмотря на.. / “Дауэ мыхъуми” зиӀэ частицэ. * Къуэшхэр я нэхъыщӀэм "КъуийцӀыкӀукӀэ" еджэхэрт, джэрэзыжауэ щхьэц фӀыцӀэ Ӏув къытекӀарэ пэт. Черк. таур. ЗэӀущӀэр яуха пэт, зэрыхабзэти, ар иджыри екӀуэкӀырт: гуп-гупурэ зэпсалъэрт. Къу. С. 3. даже, даже и.., и то / ЩӀэгъэхуэбжьэныгъэ, дауэ мыхъуми мыхьэнэ зиӀэ частицэ. * Хьэндыркъуакъуэрэ пэт "сызыхэс псыр кууащэрэт" жеӀэр. (погов.) Шыдрэ пэт итӀани илъэсым зэ мэфтрей. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Зы Ӏуэхугъуэр адрейм ирихьэлӀэу зэрекӀуэкӀыр, къызэрыхъур къэзыгъэлъагъуэ, зы напӀэзыпӀэм зэтехуэу екӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэр зэзыпх частицэ.

НтӀэ, зэгуэр [мэзхъумэм] пхъэр кърилъэфэхрэ пэт, шокъу жиӀэу Нартыхур ирихьэлӀащ: «ЛӀо, мыр дэнэ плъэфрэ?».— Лъапсэ, 68

+2 örnek

Топыр щыуэм унащхьэм мышынэу дауэ тесыфа, топышэ блэкӀрэ пэт къытехуамэ, сытыт ищӀэжынур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 285

Нурхьэлий гуэщым щӀыхьауэ гъэтӀылъыпӀэ лъыхъуэрэ пэт, бжэндэхъу и абгъуэм къилъэтыкӀати занщӀэу игу къэкӀащ езым къылъыса ахъшэр бжэндэхъу абгъуэм ирилъхьэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 230

2. Дауэ мыхъуми, апхуэдэу щытми, щхьэкӀэ.

Иджыри къэс зым и щхьэл къытрамыха пэт, щхьэлтетхэм [Мэсхьуд] яхуэзэмэ, ятехъушышэрт закъригъащӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

+1 örnek

Япэ итыр зи мыпӀащӀэ, ПэгунитӀыр ихьрэ пэт.— Хьэлъэ. «Мывэ хуабэ», 197

3. ЩӀэгъэхуэбжьэныгъэ; нэгъунэ.

ЩӀы пэт гъуэгу хэпшыр нэшэкъашэ: Уи натӀэм илъым ухуэзэнщ.— Дунейр зи щӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 47

+1 örnek

Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр, Пшэрэ пэти къызэрокӀ.— Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр. «Батырыбжьэ», 45

Kitapta geçtiği hali

ПЭТ (8). частицэ. 1. (4). Зы Ӏуэхугъуэр адрейм ирихьэлӀэу зэрекӀуэкӀыр, къызэрыхъур къэзыгъэлъагъуэ, зы напӀэзыпӀэм зэтехуэу екӀуэкӀ къэхъукъащӀэхэр зэзыпх частицэ. НтӀэ, зэгуэр [мэзхъумэм] пхъэр кърилъэфэхрэ пэт, шокъу жиӀэу Нартыхур ирихьэлӀащ: «ЛӀо, мыр дэнэ плъэфрэ?». Лъапсэ, 68. Топыр щыуэм унащхьэм мышынэу дауэ тесыфа, топышэ блэкӀрэ пэт къытехуамэ, сытыт ищӀэжынур? Хъуэпсэгъуэ нур, 285. Нурхьэлий гуэщым щӀыхьауэ гъэтӀылъыпӀэ лъыхъуэрэ пэт, бжэндэхъу и абгъуэм къилъэтыкӀати занщӀэу игу къэкӀащ езым къылъыса ахъшэр бжэндэхъу абгъуэм ирилъхьэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 230. 2. (2). Дауэ мыхъуми, апхуэдэу щытми, щхьэкӀэ. Иджыри къэс зым и щхьэл къытрамыха пэт, щхьэлтетхэм [Мэсхьуд] яхуэзэмэ, ятехъушышэрт закъригъащӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. Япэ итыр зи мыпӀащӀэ, ПэгунитӀыр ихьрэ пэт. Хьэлъэ. «Мывэ хуабэ», 197. 3. (2). ЩӀэгъэхуэбжьэныгъэ; нэгъунэ. ЩӀы пэт гъуэгу хэпшыр нэшэкъашэ: Уи натӀэм илъым ухуэзэнщ. Дунейр зи щӀэщыгъуэ. «Батырыбжьэ», 47. Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр, Пшэрэ пэти къызэрокӀ. Псэ зыхэту сыт мыпсалъэр. «Батырыбжьэ», 45.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

iken

Düzeltme Öner

пэт
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.