пычын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

koparmakucundan koparmak
Ortakпычын
kopmakucundan kopmak
Ortakпычын
Kitapta geçtiği hali

ПЫЧЫН (ПЕЧ(ы); KOPARMAK (ucundan ~)

ПЫЧЫН → ПЫЗЫН; KOPMAK (ucundan ~)

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: пызын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(печ)

1. Зыгуэрым пытыр, пылъыр къеӀэу къыпыгъэкӀын.

русорвать что-л. с чего-л. (напр. плод с дерева)

Тхьэмпэр пычын.

2. Зыгуэрым зыгуэр къыпытхъын, къыпыудын.

руоторвать что-л. от чего-л.

3. Зыгуэр пщӀэныр щыгъэтын.

руперестать что-л. делать

Фызыжьым жьэгъуэшхэн пичри и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуащ.— КӀыщокъуэ Алим

4. Зыгуэр пщӀэныр ӀэщӀыб щӀын, хыфӀэдзэн.

рубросить, прекратить чем-л. заниматься

Тутын ефэныр пычын.

Bu maddedeki ifadeler (1)

псалъэр пычын

Еплъ: псалъэ

Kitapta geçtiği hali

пычын (печ) перех. гл. 1. сорвать что-л. с чего-л. (напр. плод с дерева) / Зыгуэрым пытыр, пылъыр къеӀэу къыпыгъэкӀын. Тхьэмпэр пычын. 2. оторвать что-л. от чего-л. / Зыгуэрым зыгуэр къыпытхъын, къыпыудын. 3. переносное перестать что-л. делать / Зыгуэр пщӀэныр щыгъэтын. * Фызыжьым жьэгъуэшхэн пичри и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуащ. КӀ. А. 4. бросить, прекратить чем-л. заниматься / Зыгуэр пщӀэныр ӀэщӀыб щӀын, хыфӀэдзэн. Тутын ефэныр пычын. Псалъэр пычын см. псалъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(печ)

1. Пыт гуэр еӀауэ, жьэхэуауэ пыгъэхун.

Жыгыу щытами, Гуанэ тетами, Жьыбгъэм я тхьэмпэр пыреч, Пкъоууэ уващи, Гъуэгум техьащи КъысфӀощӀыр пкъохэр сэ сэщхь.— Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 29

+1 örnek

Арт щӀэдмыбжыр дыхуэсакъыу Жьыбгъэм, дыгъэм пачми дапщэ [пщӀащэ].— Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 206

2. ФӀэчын, пымытыж щӀын.

Фочауэ макъым игъэщта джэдыр лъэуейм къелъэжу сэлэтхэм щалъагъум, джэдэщым щӀэлъадэри джэду къахуэубыдыр къаубыдри ари машинэм ирадзащ, джэдыщхьэр пачурэ.— Нал къута, 291

3. ПӀэщӀагъэкӀын, птрахын, уумеиж ящӀын.

ХэкущӀым щыпачым езы Нартыхум я къуажэр хэхуа пэтрэ, щӀэщхъу къэхъуар зэригъэзэхуэжын хузэфӀэкӀакъым, щӀыр зратар нэхъ лъэрызехьэу, дэӀэпыкъуэгъу иӀэу къыщӀэкӀри.— Лъапсэ, 82

+2 örnek

Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат.— Лъапсэ, 92

Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум и ужь итыгъатэмэ, зыгуэрхэри хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт, ауэ «къомыгъэхъей абы хуэдэ Ӏуэху» жиӀэу лӀыщхьэу щӀыр щыпачым хэлӀыфӀыхьа Микоян щыжиӀэм, Нартыхум зиущэхужащ, къытхуэнам зридгъэкъум нэхъыфӀщ жыхуиӀэу.— Лъапсэ, 83

4. Щигъэтын, увыӀэн.

Шууэ зызыгъэщӀагъуэу къэсыжар и шым къепсыхрэ Лу машинэкӀэ къызэрашэжар зэхихмэ, зигъэщӀэгъуэным пичт, пимычыпӀи иӀэт, Лу щытемыкӀуэнукӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546

+2 örnek

Музыкэм пичу, Назифэ лъагапӀэ тӀэкӀум къехри залым къыщыщӀыхьэм, зы пащӀэ цӀырхъ гуэр хъыджэбзым къыбгъэдэхутащ, и мурадыр белджылыуэ.— Лэчымэ, 397

Къэрэмырзэ зэуэныр зыбжанэ лъандэрэ пичат, дауи пимычынрэ – иджыри къэс и щхьэр мыхъужа дэнэ къэна, и набдзэр, и нэбжьыцыр къэкӀыжакъым, и пащӀэ Ӏувышхуэм щыщ къэнамэ, имыупсыжу хъуакъым.— Лыгъэ, 413

Kitapta geçtiği hali

ПЫЧЫН (печ) лъэӀ. (48). 1. (2). Пыт гуэр еӀауэ, жьэхэуауэ пыгъэхун. Жыгыу щытами, Гуанэ тетами, Жьыбгъэм я тхьэмпэр пыреч, Пкъоууэ уващи, Гъуэгум техьащи КъысфӀощӀыр пкъохэр сэ сэщхь. Пкъоми пащӀэ ятетщ. «Мывэ хуабэ», 29. Арт щӀэдмыбжыр дыхуэсакъыу Жьыбгъэм, дыгъэм пачми дапщэ [пщӀащэ]. Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 206. 2. (1). ФӀэчын, пымытыж щӀын. Фочауэ макъым игъэщта джэдыр лъэуейм къелъэжу сэлэтхэм щалъагъум, джэдэщым щӀэлъадэри джэду къахуэубыдыр къаубыдри ари машинэм ирадзащ, джэдыщхьэр пачурэ. Нал къута, 291. 3. (13). ПӀэщӀагъэкӀын, птрахын, уумеиж ящӀын. ХэкущӀым щыпачым езы Нартыхум я къуажэр хэхуа пэтрэ, щӀэщхъу къэхъуар зэригъэзэхуэжын хузэфӀэкӀакъым, щӀыр зратар нэхъ лъэрызехьэу, дэӀэпыкъуэгъу иӀэу къыщӀэкӀри. Лъапсэ, 82. Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей-Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат. Лъапсэ, 92. Пэжыр жыпӀэмэ, езы Нартыхур къулыкъущӀэкъуу щымыту, нэхъ тегушхуауэ Ӏуэхум и ужь итыгъатэмэ, зыгуэрхэри хузэфӀэкӀыну къыщӀэкӀынт, ауэ «къомыгъэхъей абы хуэдэ Ӏуэху» жиӀэу лӀыщхьэу щӀыр щыпачым хэлӀыфӀыхьа Микоян щыжиӀэм, Нартыхум зиущэхужащ, къытхуэнам зридгъэкъум нэхъыфӀщ жыхуиӀэу. Лъапсэ, 83. 4. (32). Щигъэтын, увыӀэн. Шууэ зызыгъэщӀагъуэу къэсыжар и шым къепсыхрэ Лу машинэкӀэ къызэрашэжар зэхихмэ, зигъэщӀэгъуэным пичт, пимычыпӀи иӀэт, Лу щытемыкӀуэнукӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. Музыкэм пичу, Назифэ лъагапӀэ тӀэкӀум къехри залым къыщыщӀыхьэм, зы пащӀэ цӀырхъ гуэр хъыджэбзым къыбгъэдэхутащ, и мурадыр белджылыуэ. Лэчымэ, 397. Къэрэмырзэ зэуэныр зыбжанэ лъандэрэ пичат, дауи пимычынрэ – иджыри къэс и щхьэр мыхъужа дэнэ къэна, и набдзэр, и нэбжьыцыр къэкӀыжакъым, и пащӀэ Ӏувышхуэм щыщ къэнамэ, имыупсыжу хъуакъым. Лыгъэ, 413.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

koparma

Düzeltme Öner

пычын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.