пытын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(пытщ)

1. Жыг сыт хуэдэ гуэрхэм пыту щытын.

рурасти; висеть на чем-л. (о плодах)

МыӀэрысейхэм куэд япытщ.

2. Зыгуэрым пищэу, зы гъунапкъэ яӀэу щытын.

руграничить, иметь общую границу с чем-л.

Bu maddedeki ifadeler (1)

{и} псэр пыт къудейуэ

Еплъ: псэ

Kitapta geçtiği hali

пытын (пытщ) неперех. гл. 1. расти; висеть на чем-л. (о плодах) / Жыг сыт хуэдэ гуэрхэм пыту щытын. МыӀэрысейхэм куэд япытщ. 2. граничить, иметь общую границу с чем-л. / Зыгуэрым пищэу, зы гъунапкъэ яӀэу щытын. {И} псэр пыт къудейуэ см. псэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(пытщ)

1. Къудамэ с.ху. къапыкӀауэ ятетын (п.п., тхьэмпэ, пхъэщхьэмыщхьэ).

Дэфэрэдж мэз Ӏувым хэтурэ здэкӀуэм, зиплъыхьырт, жыгхэм зыгуэр япыту илъагъуамэ, къыпичу щӀалэ цӀыкӀум иригъэшхыну.— Лъапсэ, 54

+2 örnek

Жыгым пыта абрикосыр пымытыжми, гъуэгурыкӀуэр жыг жьауэм щӀэсу загъэпсэхуу куэдрэ плъагъурт.— Нал къута, 210

ЦӀыхуи и тхылъри езыри зэхуэдэщ, - жиӀэрт Къазджэрий, жыг инхэм япыт тхьэмпэм я Ӏэуэлъауэм едаӀуэу, - Степан Ильич къыпхуитхыр сэри сымыщӀэу щыткъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 570

2. ЦӀыхум Ӏэпкълъэпкъыр пкъым пегъэубыдауэ щытын.

Ди Ӏуащхьэмахуэр – ар зы Ӏуащхьэщ, ЩхьитӀ пыту лъагэу урелъагъу.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114

+2 örnek

Щхьэ дапщэ ппытын хуей дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэм папщӀэ уи щхьэ хэплъхьэнумэ, зы щхьэ закъуэ пфӀэтщи, уи щхьэц къудей бжьыну ухущӀыхьэркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 49

Зи щхьэр пытым гъуэншэдж пхалъэр КъехьэлъэкӀыу егъэзэж, Самурайхэм чэфыр яӀэу КъызэплъэкӀыу мэкӀуэсэж.— ПщыкӀуз. «Бгы лъапэхэм деж», 91

3. Зыгуэрым пищэу, къыпыувэу, зы гъунапкъэ яӀэу щытын.

Абу-Деруиш: «Мэжджыт езгъэщӀынщ, мыдрисэри, библиотекэри пыту», - жиӀэри абы триухуащ.— Кхъэлэгъунэ, 376

+2 örnek

ХьэщӀэщым къыпыт абджыпс верандэм пшынэ макъ къыщыӀуащ, зигу къэжанауэ стӀолым бгъэдэсхэр тэджурэ зырыз-тӀурытӀурэ абы кӀуащ, Бериерэ Кодоевымрэ фӀэкӀ къэмынэу.— Лъапсэ, 87

Ар [кхъэлэгъунэр] зыщӀищӀыхь унэр библиотекэм пыту пэшышхуэт.— Кхъэлэгъунэ, 379

4. Зыгуэрым гуэтын, зыщӀыпӀэ хыхьэу щытын (п.п., къэрал н.къ.)

Ӏэпхъуамбэ закъуэу дыпытми, Къуэшыгъэ къабзэр гунэсу Хэкум хегъахъуэр, мэбжьыфӀэ.— Россие. «Мывэ хуабэ», 96

Deyimler (1)

псэр пытын

Еплъ: псэ

Kitapta geçtiği hali

ПЫТЫН (пытщ) лъэмыӀ. (29). 1. (17). Къудамэ с.ху. къапыкӀауэ ятетын (п.п., тхьэмпэ, пхъэщхьэмыщхьэ). Дэфэрэдж мэз Ӏувым хэтурэ здэкӀуэм, зиплъыхьырт, жыгхэм зыгуэр япыту илъагъуамэ, къыпичу щӀалэ цӀыкӀум иригъэшхыну. Лъапсэ, 54. Жыгым пыта абрикосыр пымытыжми, гъуэгурыкӀуэр жыг жьауэм щӀэсу загъэпсэхуу куэдрэ плъагъурт. Нал къута, 210. ЦӀыхуи и тхылъри езыри зэхуэдэщ, - жиӀэрт Къазджэрий, жыг инхэм япыт тхьэмпэм я Ӏэуэлъауэм едаӀуэу, - Степан Ильич къыпхуитхыр сэри сымыщӀэу щыткъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 570. 2. (7). ЦӀыхум Ӏэпкълъэпкъыр пкъым пегъэубыдауэ щытын. Ди Ӏуащхьэмахуэр – ар зы Ӏуащхьэщ, ЩхьитӀ пыту лъагэу урелъагъу. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 114. Щхьэ дапщэ ппытын хуей дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэм папщӀэ уи щхьэ хэплъхьэнумэ, зы щхьэ закъуэ пфӀэтщи, уи щхьэц къудей бжьыну ухущӀыхьэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 49. Зи щхьэр пытым гъуэншэдж пхалъэр КъехьэлъэкӀыу егъэзэж, Самурайхэм чэфыр яӀэу КъызэплъэкӀыу мэкӀуэсэж. ПщыкӀуз. «Бгы лъапэхэм деж», 91. 3. (4). Зыгуэрым пищэу, къыпыувэу, зы гъунапкъэ яӀэу щытын. Абу-Деруиш: «Мэжджыт езгъэщӀынщ, мыдрисэри, библиотекэри пыту», - жиӀэри абы триухуащ. Кхъэлэгъунэ, 376. ХьэщӀэщым къыпыт абджыпс верандэм пшынэ макъ къыщыӀуащ, зигу къэжанауэ стӀолым бгъэдэсхэр тэджурэ зырыз-тӀурытӀурэ абы кӀуащ, Бериерэ Кодоевымрэ фӀэкӀ къэмынэу. Лъапсэ, 87. Ар [кхъэлэгъунэр] зыщӀищӀыхь унэр библиотекэм пыту пэшышхуэт. Кхъэлэгъунэ, 379. 4. (1). зэхь. Зыгуэрым гуэтын, зыщӀыпӀэ хыхьэу щытын (п.п., къэрал н.къ.). Ӏэпхъуамбэ закъуэу дыпытми, Къуэшыгъэ къабзэр гунэсу Хэкум хегъахъуэр, мэбжьыфӀэ. Россие. «Мывэ хуабэ», 96. ◊ Псэр пытын (7). Еплъ псэ.

Düzeltme Öner

пытын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.