псэлъэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гущыӀэн/ПСЭЛЪЭН; (мэгущыӀэ/МЭПСАЛЪЭ); KONUŞMAK
ПСЭЛЪЭН/гущыӀэн; KONUŞMAK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэпсалъэ)
1. ЖьэкӀэ гупсысэ гуэрхэр къэӀуэтэн, гурыӀуэгъуэ щӀын, жыӀэн, уэршэрын, Ӏущэщэн.
руговорить, выступать (на собрании)
Губжьауэ псэлъэн. Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӀыс.— Псалъэжьхэр
2. ТелефонкӀэ зыгуэрым зыгуэр жеӀэн.
рупозвонить по телефону куда-л.
УнафэщӀым деж псэлъэн.
Bu maddedeki ifadeler (1)
Kitapta geçtiği hali
псэлъэн (мэпсалъэ) неперех. гл. 1. говорить, выступать (на собрании) / ЖьэкӀэ гупсысэ гуэрхэр къэӀуэтэн, гурыӀуэгъуэ щӀын, жыӀэн, уэршэрын, Ӏущэщэн. * Губжьауэ псэлъэн. Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӀыс. (погов.) 2. позвонить по телефону куда-л. / ТелефонкӀэ зыгуэрым зыгуэр жеӀэн. УнафэщӀым деж псэлъэн. Жьэм тхъурымбэ къищӀыху псэлъэн см. жьэ. {И} псэлъэн къикӀын разговориться.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэпсалъэ)
1. ЖьэкӀэ гупсысэ гуэрхэр къэӀуэтэн, гурыӀуэгъуэ щӀын, жыӀэн, уэршэрын.
– Умыгъуэщауэ пӀэрэ жыдоӀэри аращ, ди шыпхъу, укъыщӀэдгъэувыӀар, – жиӀэу хьэжыр щыпсалъэм, Дэфэрэдж гъунэгъу дыдэу къемыкӀуалӀэу шы зытесыр къигъэувыӀащ: – Нэмэз фщӀари тхьэм къабыл ищӀ.— Лъапсэ, 58
+2 örnek
ЗэӀущӀэм зэхуэсахэр сабырт, старшынэм жиӀэным пэплъэу, арщхьэкӀэ модрейри пӀащӀэртэкъым псэлъэн, уеблэмэ жиӀэнури дахэ-дахэу къыхуэгупсысыртэкъым, абы нэхъейуэ Жыраслъэн и нитӀри старшынэм тенауэ емыплъи.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87
Абы зыгуэр жиӀэну пӀэрэ, жаӀэу пӀэцӀеижи щыӀэт, арщхьэкӀэ езы Мэтхъэныр псэлъэну пӀащӀэртэкъым, нэгъуэщӀхэм жаӀэм едаӀуэу щыст, Инал бгъурысу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590
2. ТелефонкӀэ зыгуэрым дэуэршэрын, зыгуэр жеӀэн.
АрщхьэкӀэ анестезиологыр район гуэр яшащ жаӀэри ягъуэтакъым, щымыхъум, Аннэ Павловнэ зэфӀэгъэкӀ зэриӀэр къигъэлъэгъуащ, адэкӀэ-мыдэкӀэ телефонкӀэ псалъэурэ зыхуей дохутырыр къигъуэтри «скорэр» игъэкӀуащ къашэну.— Лъапсэ, 13
+2 örnek
Штабым телефонкӀэ псэлъати[Иринэ], зыми ищӀэркъым Къулыр здэщыӀэр.— Нал къута, 278
[Хьэрун] ЗанщӀэу секӀуалӀэри унэр зейм семыупщӀу трубкэр къасщтэри мыбы дыкъэзыгъэкӀуа дзэпщым и унэм сыпсэлъащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407
Kitapta geçtiği hali
ПСЭЛЪЭН (мэпсалъэ) лъэмыӀ. (130). 1. (125). ЖьэкӀэ гупсысэ гуэрхэр къэӀуэтэн, гурыӀуэгъуэ щӀын, жыӀэн, уэршэрын. – Умыгъуэщауэ пӀэрэ жыдоӀэри аращ, ди шыпхъу, укъыщӀэдгъэувыӀар, – жиӀэу хьэжыр щыпсалъэм, Дэфэрэдж гъунэгъу дыдэу къемыкӀуалӀэу шы зытесыр къигъэувыӀащ: – Нэмэз фщӀари тхьэм къабыл ищӀ. Лъапсэ, 58. ЗэӀущӀэм зэхуэсахэр сабырт, старшынэм жиӀэным пэплъэу, арщхьэкӀэ модрейри пӀащӀэртэкъым псэлъэн, уеблэмэ жиӀэнури дахэ-дахэу къыхуэгупсысыртэкъым, абы нэхъейуэ Жыраслъэн и нитӀри старшынэм тенауэ емыплъи. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Абы зыгуэр жиӀэну пӀэрэ, жаӀэу пӀэцӀеижи щыӀэт, арщхьэкӀэ езы Мэтхъэныр псэлъэну пӀащӀэртэкъым, нэгъуэщӀхэм жаӀэм едаӀуэу щыст, Инал бгъурысу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590. 2. (5). ТелефонкӀэ зыгуэрым дэуэршэрын, зыгуэр жеӀэн. АрщхьэкӀэ анестезиологыр район гуэр яшащ жаӀэри ягъуэтакъым, щымыхъум, Аннэ Павловнэ зэфӀэгъэкӀ зэриӀэр къигъэлъэгъуащ, адэкӀэ-мыдэкӀэ телефонкӀэ псалъэурэ зыхуей дохутырыр къигъуэтри «скорэр» игъэкӀуащ къашэну. Лъапсэ, 13. Штабым телефонкӀэ псэлъати[Иринэ], зыми ищӀэркъым Къулыр здэщыӀэр. Нал къута, 278. [Хьэрун] ЗанщӀэу секӀуалӀэри унэр зейм семыупщӀу трубкэр къасщтэри мыбы дыкъэзыгъэкӀуа дзэпщым и унэм сыпсэлъащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407.