нэщхъыр зэхэукӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

зэхэукӀэн

руа) (зэхеукӀэ) перех. гл.

1. Удын хуабжь едзын.

руизбить кого-л.

ЩӀалэр удынкӀэ зэхаукӀащ.

2. И Ӏэпкълъэпкъыр хуабжьу гугъу егъэхьын, Ӏейуэ егъэшын. Егъэлеяуэ ешауэ, гугъу ехьауэ щытын.

рууморить, крайне утомить, измучить кого-л.

КъэкӀухьыным зэхиукӀа хъаныр жеину гъуэлъащ. фольк. б) (зэхэукӀащ) неперех. гл. быть измученным, крайне утомленным

+1 örnek

Си псэр пыхуу сешауэ, шы зэхэукӀам сытесу сыкъэсыжащ. Ӏуащхь.

Bu maddedeki ifadeler (1)

нэщхъыр зэхэукӀэн

Еплъ: нэщхъ

нэщхъ

Нэм и плъэкӀэ, нэгум и щытыкӀэ.

рувзгляд; выражение глаз

Нэщхъ Ӏей. Мустафэ и нэщхъымкӀэ къэпщӀэнут Ӏуэхур зэрымыщӀагъуэр.— Щомахуэ Амырхъан

Bu maddedeki ifadeler (7)

нэщхъ щӀын

рухмурить брови.

нэщхъкӀэ пыджэн (уэн)

рубросать суровый взгляд на кого-л.; хмуриться.

нэщхъыр зэлъыӀукӀын

рупрояснеть, проясниться - о лице.

Гуащэ нысэм зигъэхъеймэ, УнэӀутым и гур мауэ.. Гуащэ нэщхъыр зэлъыӀукӀмэ, ПщылӀ ӀукӀауэ зелъытэж.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

нэщхъыр зэлъыӀухын

рулицо его прояснилось.

нэщхъыр зэхэлъын

рубыть хмурым, грустным, печальным.

нэщхъыр (къы)зэхэуэн

рунахмуриться, насупиться - о бровях.

нэщхъыр зэхэукӀэн (зэхэуфэн)

рунахмурить, насупить брови.

Сосрыкъуэ губжьащ, и нэщхъыр зэхиукӀащ.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

Kitapta geçtiği hali

зэхэукӀэн а) (зэхеукӀэ) перех. гл. 1. избить кого-л. / Удын хуабжь едзын. ЩӀалэр удынкӀэ зэхаукӀащ. 2. уморить, крайне утомить, измучить кого-л. / И Ӏэпкълъэпкъыр хуабжьу гугъу егъэхьын, Ӏейуэ егъэшын. КъэкӀухьыным зэхиукӀа хъаныр жеину гъуэлъащ. фольк. б) (зэхэукӀащ) неперех. гл. быть измученным, крайне утомленным / Егъэлеяуэ ешауэ, гугъу ехьауэ щытын. Си псэр пыхуу сешауэ, шы зэхэукӀам сытесу сыкъэсыжащ. Ӏуащхь. Нэщхъыр зэхэукӀэн см. нэщхъ.

нэщхъ взгляд; выражение глаз / Нэм и плъэкӀэ, нэгум и щытыкӀэ. * Нэщхъ Ӏей. Мустафэ и нэщхъымкӀэ къэпщӀэнут Ӏуэхур зэрымыщӀагъуэр. Щ. Ам. Нэщхъ щӀын хмурить брови. НэщхъкӀэ пыджэн (уэн) бросать суровый взгляд на кого-л.; хмуриться. Нэщхъыр зэлъыӀукӀын прояснеть, проясниться - о лице. * Гуащэ нысэм зигъэхъеймэ, УнэӀутым и гур мауэ.. Гуащэ нэщхъыр зэлъыӀукӀмэ, ПщылӀ ӀукӀауэ зелъытэж. Щ. А. Нэщхъыр зэлъыӀухын лицо его прояснилось. Нэщхъыр зэхэлъын быть хмурым, грустным, печальным. Нэщхъыр (къы)зэхэуэн нахмуриться, насупиться - о бровях. Нэщхъыр зэхэукӀэн (зэхэуфэн) нахмурить, насупить брови. * Сосрыкъуэ губжьащ, и нэщхъыр зэхиукӀащ. Ад. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

нэщхъ

Deyimler (3)

нэщхъыр зэхэукӀэн

НапщӀэр зэхэуфауэ, губжь, мыарэзыныгъэ хэлъу плъэн.

Сосрыкъуэ и нэщхъыр зэхэукӀауэ къэкӀуэжат, Лу жиӀэм къедаӀуэри пиупщӀащ: - БжесӀакъэ, си къуэшыжь.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616

+2 örnek

Газетым тхэм ятхын ямыгъуэтмэ, я Ӏэпэм щӀэфурэ къыщӀафыкӀыр ятх, - жиӀэри Якъуб и нэщхъыр зэхиукӀащ.— Нал къута, 267

Комендантым и нэщхъыр зэхиукӀауэ чыфтанцым еплъащ, пэпщащ.— МелыӀыч, 473

нэщхъыр зэщӀэукӀэн

Тембот Елдар дежкӀэ еплъэкӀащ, сыт тщӀэнур жиӀэу къригъэкӀ хуэдэ, арщхьэкӀэ Елдар и нэщхъыр зэщӀиукӀауэ аргуэру пщӀэным нартыхури дигъакӀуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135

+2 örnek

Бекъан и нэщхъыр зэщӀиукӀауэ щилъагъум, аргуэру къыпищащ: - Къуршым фыщхьэдэхмэ, хакӀуэр пщӀэншэу ефтынущ.— Нал къута, 270

ЛэтӀифэ и нэщхъыр зэщӀэукӀауэ и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр я ужь дыдэ къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ: «Мыр суд Ӏуэху хъунущи, документ дызыхуейуэ хъуар ӀэкӀуэлъакӀуэу вгъэхьэзыр икӀэщӀыпӀэкӀэ, актым псоми Ӏэ тевдзэнщ.— Лъапсэ, 11

Еплъ: нэщхъыр зэхэукӀэн

нэщхъ ӀейкӀэ еплъын

Зыгуэр уигу зэрыримыхьыр плъэкӀэкӀэ къэгъэлъагъуэн.

Нурхьэлий нэщхъейт, щӀалэ блэкӀамэ, нэщхъ ӀейкӀэ еплъырт, цӀыхухэр абы и гъунэгъуу къэувыӀэртэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 152

Kitapta geçtiği hali

НЭЩХЪ: ◊ нэщхъыр зэхэукӀэн (34). НапщӀэр зэхэуфауэ, губжь, мыарэзыныгъэ хэлъу плъэн. Сосрыкъуэ и нэщхъыр зэхэукӀауэ къэкӀуэжат, Лу жиӀэм къедаӀуэри пиупщӀащ: - БжесӀакъэ, си къуэшыжь. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616. Газетым тхэм ятхын ямыгъуэтмэ, я Ӏэпэм щӀэфурэ къыщӀафыкӀыр ятх, - жиӀэри Якъуб и нэщхъыр зэхиукӀащ. Нал къута, 267. Комендантым и нэщхъыр зэхиукӀауэ чыфтанцым еплъащ, пэпщащ. МелыӀыч, 473. Нэщхъыр зэщӀэукӀэн (8). Еплъ нэщхъыр зэхэукӀэн. Тембот Елдар дежкӀэ еплъэкӀащ, сыт тщӀэнур жиӀэу къригъэкӀ хуэдэ, арщхьэкӀэ Елдар и нэщхъыр зэщӀиукӀауэ аргуэру пщӀэным нартыхури дигъакӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Бекъан и нэщхъыр зэщӀиукӀауэ щилъагъум, аргуэру къыпищащ: - Къуршым фыщхьэдэхмэ, хакӀуэр пщӀэншэу ефтынущ. Нал къута, 270. ЛэтӀифэ и нэщхъыр зэщӀэукӀауэ и пэми мафӀэ бзий къреху жыпӀэну, псоми жаӀэнур жаригъэӀэри езыр я ужь дыдэ къэпсэлъащ, судым ящӀа унафэм къеджэ хуэдэу зигъэткӀийуэ: «Мыр суд Ӏуэху хъунущи, документ дызыхуейуэ хъуар ӀэкӀуэлъакӀуэу вгъэхьэзыр икӀэщӀыпӀэкӀэ, актым псоми Ӏэ тевдзэнщ. Лъапсэ, 11. Нэщхъ ӀейкӀэ еплъын (1). Зыгуэр уигу зэрыримыхьыр плъэкӀэкӀэ къэгъэлъагъуэн. Нурхьэлий нэщхъейт, щӀалэ блэкӀамэ, нэщхъ ӀейкӀэ еплъырт, цӀыхухэр абы и гъунэгъуу къэувыӀэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 152.

Düzeltme Öner

нэщхъыр зэхэукӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.