нэмыс иӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
нэмыс
1. ЦӀыхум хэлъын хуей щыпкъагъэхэр къызэщӀэзыубыдэ псалъэ.
руприличие, пристойность
Нэмыс здэщымыӀэм насып щыӀэкъым.— Псалъэжьхэр
2. ПщӀэ, щӀыхь.
рупочет, уважение
Bu maddedeki ifadeler (3)
нэмыс иӀэн
рупользоваться уважением, почетом.
нэмыс хэлъын
ру1) быть учтивым, скромным, благопристойным 2) соблюдать правила приличия.
Нэмыс зыхэлъ лӀы.
нэмыс хуэщӀын
руотноситься к кому-л. с уважением, почтением.
Нэхъыжьым нэмыс хуэщӀын.
Kitapta geçtiği hali
нэмыс 1. приличие, пристойность / ЦӀыхум хэлъын хуей щыпкъагъэхэр къызэщӀэзыубыдэ псалъэ. * Нэмыс здэщымыӀэм насып щыӀэкъым. (погов.) 2. почет, уважение / ПщӀэ, щӀыхь. Нэмыс иӀэн пользоваться уважением, почетом. Нэмыс хэлъын 1) быть учтивым, скромным, благопристойным 2) соблюдать правила приличия. * Нэмыс зыхэлъ лӀы. Нэмыс хуэщӀын относиться к кому-л. с уважением, почтением. Нэхъыжьым нэмыс хуэщӀын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
нэмыс
ЦӀыхум хэлъын хуей хьэл-щэныр, щыпкъагъэр къызыщӀэзыубыдэ псалъэ.
ЩӀыр гъунапкъэншэу, бгы защӀэу Нэмысым и псэм куэд хощӀыр— МылӀэжыныгъэм и лъахэ. «Батырыбжьэ», 13
+2 örnek
Пэжым нэмыщӀауэ хабзэри, напэри, нэмысри ихъумэну и пщэ къыдалъхьа хуэдэщ— Хьэсэпэхъумэ, 418
Акъылу, ди напэу, ди нэмысу, ди чэнджэщэгъуу, гъуэгу тэмэмы дытезыгъэт Нартыху и къуэу ди Къэзбэч и цӀэкӀэ мы бжьэм без кӀаплӀэу дефэмэ, си гуапэу къызоӀэт.— Лъапсэ, 46
Deyimler (4)
нэмыс иӀэн
ЩэныфӀэу, гъэсауэ, хьэл-щэн дахэ хэлъу щытын.
Нэмыс зимыӀэу къэрабгъэр Уи адэ ябгэм къемылу ӀэщӀэкӀуэдэнкӀэ сышынэрт.— Адэ, 136
+1 örnek
Нэмыс зимыӀэжым сыт къыпыпхын?— Лъапсэ, 43
нэмыс хэлъын
Абы хуэдэ Ӏэджи щыӀэщ, итӀани Валерэ лӀы зэпӀэзэрыт къыхэкӀащ, и ныбжьэгъухэм къахэжэпхъыкӀа къудейкъым, къыпэрыуэм ятокӀуэ, напэ иӀэщ, нэмыси хэлъщ, къимылэжьа енэцӀыркъым, уи дзыхь ебгъэзмэ укъегъэпэж – и адэм ещхь хъуащ.— КӀапсэ кӀапэ, 7
Еплъ: нэмыс иӀэн
нэмыс хуэщӀын
ПщӀэ хуэщӀын, хабзэ кӀэлъызехьэн.
ЩӀыхьу тлъытэр дэ лэжьыгъэрщ, Арщ нэмысри дэ зыхуэтщӀыр, Арщ мычэму ди щӀэщыгъуэр, Арщ ди гуэныр щӀэмынэщӀыр.— Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20
+2 örnek
Нобэр къыздэсым Шур цӀэрыӀуэщ, Нэмыс къыхуащӀри мэхъур лъагэ— Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373
Хьэ пэтми, нэмыс гуэр хуащӀ, къысхуэгъэгъу, Ӏурарэ— Къалэн, 432
[уи] нэмыс нэхъ лъагэ ухъу
ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ» мыхьэнэ иӀэу къыгъэсэбэп.
[Къетауэ жиӀэу] Тхьэм уи нэмыс нэхъ лъагэ ищӀ, уи щхьэгъусэр лӀакъуэлӀэшу щыта?— Лъапсэ, 59
+1 örnek
[Дэфэрэдж жиӀэу] Фи нэмыс тхьэм лъагэ ищӀ, иджы етӀуанэу фызабэу сыкъонэ, тхьэм и гур къыщӀызэбгъар сщӀэркъым— Лъапсэ, 112
Kitapta geçtiği hali
НЭМЫС (15). ЦӀыхум хэлъын хуей хьэл-щэныр, щыпкъагъэр къызыщӀэзыубыдэ псалъэ. ЩӀыр гъунапкъэншэу, бгы защӀэу Нэмысым и псэм куэд хощӀыр. МылӀэжыныгъэм и лъахэ. «Батырыбжьэ», 13. Пэжым нэмыщӀауэ хабзэри, напэри, нэмысри ихъумэну и пщэ къыдалъхьа хуэдэщ. Хьэсэпэхъумэ, 418. Акъылу, ди напэу, ди нэмысу, ди чэнджэщэгъуу, гъуэгу тэмэмы дытезыгъэт Нартыху и къуэу ди Къэзбэч и цӀэкӀэ мы бжьэм без кӀаплӀэу дефэмэ, си гуапэу къызоӀэт. Лъапсэ, 46. ◊ Нэмыс иӀэн (3). ЩэныфӀэу, гъэсауэ, хьэл-щэн дахэ хэлъу щытын. Нэмыс зимыӀэу къэрабгъэр Уи адэ ябгэм къемылу ӀэщӀэкӀуэдэнкӀэ сышынэрт. «Адэ», 136. Нэмыс зимыӀэжым сыт къыпыпхын? Лъапсэ, 43. Нэмыс хэлъын (1). Еплъ нэмыс иӀэн. Абы хуэдэ Ӏэджи щыӀэщ, итӀани Валерэ лӀы зэпӀэзэрыт къыхэкӀащ, и ныбжьэгъухэм къахэжэпхъыкӀа къудейкъым, къыпэрыуэм ятокӀуэ, напэ иӀэщ, нэмыси хэлъщ, къимылэжьа енэцӀыркъым, уи дзыхь ебгъэзмэ укъегъэпэж – и адэм ещхь хъуащ. КӀапсэ кӀапэ, 7. Нэмыс хуэщӀын (3). ПщӀэ хуэщӀын, хабзэ кӀэлъызехьэн. ЩӀыхьу тлъытэр дэ лэжьыгъэрщ, Арщ нэмысри дэ зыхуэтщӀыр, Арщ мычэму ди щӀэщыгъуэр, Арщ ди гуэныр щӀэмынэщӀыр. Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20. Нобэр къыздэсым Шур цӀэрыӀуэщ, Нэмыс къыхуащӀри мэхъур лъагэ. Шу пхъашэ. «Щхьэлыкъуэ», 373. Хьэ пэтми, нэмыс гуэр хуащӀ, къысхуэгъэгъу, Ӏурарэ. Къалэн, 432. [Уи] нэмыс нэхъ лъагэ ухъу (3). «ЕмыкӀу сыкъыумыщӀ» мыхьэнэ иӀэу къыгъэсэбэп. [Къетауэ жиӀэу] Тхьэм уи нэмыс нэхъ лъагэ ищӀ, уи щхьэгъусэр лӀакъуэлӀэшу щыта? Лъапсэ, 59. [Дэфэрэдж жиӀэу] Фи нэмыс тхьэм лъагэ ищӀ, иджы етӀуанэу фызабэу сыкъонэ, тхьэм и гур къыщӀызэбгъар сщӀэркъым. Лъапсэ, 112.