нэгум къыщӀэгъэхьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

къыщӀэгъэхьэн

КъыщӀыхьэн псалъэм и каузатив.

рукаузатив к къыщӀыхьэн

Bu maddedeki ifadeler (1)

нэгум къыщӀэгъэхьэн

Еплъ: нэгу

нэгу

ЦӀыхущхьэм и гупэ лъэныкъуэ.

рулицо, физиономия

Гъуэдэберд, бащлъыкъыр зытригъэкӀуэтри.. щӀалэм и нэгум иплъащ. Къэр. Хь.

Bu maddedeki ifadeler (23)

нэгу зэлъыӀуха

руясное, открытое лицо; ясный, открытый взгляд.

нэгу зэхэуфа

рухмурое лицо; хмурый взгляд.

Хъалиф къыщыпщащ, щӀыб щӀыӀэм щӀэкӀын зэрижагъуэр и нэгу зэхэуфам къиӀуатэу.— Жаным Борис

нэгу зегъэужьын

руразвлечься.

Фызышэр къэсыжыным и пэ къихуэу музыкауэхэр зэбгрыжащ тӀэкӀу заплъыхьыну, я нэгу зрагъэужьыну.— КӀыщокъуэ Алим

{и} нэгу иплъэн

рупосмотреть кому-л. в глаза.

{и} нэгу мыджылын

руне испытывать чувства стыда; не испытывать угрызений совести.

{и} нэгу щӀэкӀын

ру1) быть очевидцем чего-л.; самому увидеть, пережить, испытать что-л.

Сэ иджыпсту бжесӀэнур ауэ сытми зэхэсха хъыбаркъым: сэ бжесӀэнур си нэгу щӀэкӀащ.— Сов. Къэб. ифольк. 2) привидеться, присниться

+2 örnek

кому-л.

Жейм Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀеӀулӀэ, ПщӀыхь шынагъуи и нэгу щӀокӀ {Болэт}.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} нэгу щӀэплъэн

{и} нэгу иплъэн

Абы хуэдэ лей зепхьауэ дауэ цӀыхум я нэгу ущӀэплъэну?— Ӏуащхьэмахуэ

{и} нэгу щӀэплъын

руповидать кого-л.; встретиться с кем-л.

{и} нэгум зиӀэтын

руна лице написано у кого-л., чьем-л.

{и} нэгур зэлъыӀукӀын. {и} нэгум илъын

Зы нэщхъеягъуэ гуэр Къемэт и нэгум имыкӀыу илът.— КӀэрашэ Тембот

{и} нэгум иплъыхьын

рупристально смотреть кому-л. в глаза, всматриваться в чье-л. лицо.

{и} нэгум къиӀуэтэн

ру{его} лицо свидетельствует о чем-л.

Тезадэ щыхъыджэбзам дахэ дыдэу зэрыщытар и нэгум къиӀуатэрт.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

нэгум къыщӀэгъэхьэжын

рувспомнить, припомнить, снова представить себе кого- что-л.

нэгум къыщӀэгъэхьэн

рупредставить себе кого-что-л.

нэгум къыщӀэувэн

рувстать перед глазами, представиться кому-л. в воображении.

Софят и ныбжьэгъу хъыджэбзыр и нэгум къыщӀоувэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

нэгум къыщӀэхуэн (къыщӀэхутэн)

рупопасться на глаза.

ТхьэкӀумэкӀыхьыр щакӀуэм и нэгум зыбжанэрэ къыщӀэхуащ, ауэ фочыр тригъэпсэну хунэсакъым.— ӀуэрыӀуатэ

нэгум къыщӀыхьэн

рупоказаться, почудиться.

Плъыржьэрым хэт сымаджэр Ӏуэщхъурт, и анэр къепсалъэ хуэдэу и нэгум къыщӀыхьэт.— Ӏуащхьэмахуэ

нэгум щӀэлъын

набжьэм щӀэлъын

Лу гу лъитэт а щӀалэм {Сосрыкъуэ} бэлыхь гуэр и нэгум зэрыщӀэлъым.— КӀыщокъуэ Алим

нэгум щӀэмыгъэплъэн

ру1) не дать увидеть свое лицо, не дать заглянуть себе в глаза 2) избегать встречи с кем-л., не дать кому-л. увидеться с собой.

нэгум щӀэтын

ру1) быть на глазах, на виду. 2) стоятиь перед глазами.

Лу и нэгум иджыри щӀэтщ бэлыхьу зыхэтар. Къэб. Сэлим и нэгум Линэ и сурэтыр щӀэтт.— КъаруущӀэ. 3) привидеться, причудиться.

+2 örnek

Уи Ӏуплъэгъуэр махуэм согъэхъу, Жэщ хъуамэ си нэгум ущӀэтщ.— Къэб. п. и ант. 4)

Сыт щыгъуи гуфӀэгъуэ щӀэтт Ланэ и нэгум.— Щомахуэ Амырхъан

нэгум щӀэхун

руисчезнуть с глаз долой.

Нэгум щӀэхур гум йохуж.— Псалъэжьхэр

{и} нэгур зэлъыӀукӀыжын

рулицо прояснилось.

КӀукӀуэ и губжьыр напӀэзыпӀэм теужащ, и нэгури зэлъыӀукӀыжащ.— Ӏуащхьэмахуэ

нэгур зэлъыӀухын

руприйти в хорошее настроение.

нэгур зэхэуэн

рупомрачнеть, погруснеть.

Уэркъыжьым и нэгур зэхоуэ, зэгуэпауэ хьэлъэу хощэтыкӀ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

къыщӀэгъэхьэн каузатив к къыщӀыхьэн / КъыщӀыхьэн псалъэм и каузатив. Нэгум къыщӀэгъэхьэн см. нэгу.

нэгу лицо, физиономия / ЦӀыхущхьэм и гупэ лъэныкъуэ. Гъуэдэберд, бащлъыкъыр зытригъэкӀуэтри.. щӀалэм и нэгум иплъащ. Къэр. Хь. Нэгу зэлъыӀуха ясное, открытое лицо; ясный, открытый взгляд. Нэгу зэхэуфа хмурое лицо; хмурый взгляд. * Хъалиф къыщыпщащ, щӀыб щӀыӀэм щӀэкӀын зэрижагъуэр и нэгу зэхэуфам къиӀуатэу. Ж. Б. Нэгу зегъэужьын развлечься. * Фызышэр къэсыжыным и пэ къихуэу музыкауэхэр зэбгрыжащ тӀэкӀу заплъыхьыну, я нэгу зрагъэужьыну. КӀ. А. {И} нэгу иплъэн посмотреть кому-л. в глаза. {И} нэгу мыджылын не испытывать чувства стыда; не испытывать угрызений совести. {И} нэгу щӀэкӀын 1) быть очевидцем чего-л.; самому увидеть, пережить, испытать что-л. * Сэ иджыпсту бжесӀэнур ауэ сытми зэхэсха хъыбаркъым: сэ бжесӀэнур си нэгу щӀэкӀащ. Сов. Къэб. ифольк. 2) привидеться, присниться кому-л. * Жейм Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀеӀулӀэ, ПщӀыхь шынагъуи и нэгу щӀокӀ {Болэт}. Ӏуащхь. {И} нэгу щӀэплъэн = {и} нэгу иплъэн. * Абы хуэдэ лей зепхьауэ дауэ цӀыхум я нэгу ущӀэплъэну? Ӏуащхь. {И} нэгу щӀэплъын повидать кого-л.; встретиться с кем-л. {И} нэгум зиӀэтын = {и} нэгур зэлъыӀукӀын. {И} нэгум илъын на лице написано у кого-л., чьем-л. * Зы нэщхъеягъуэ гуэр Къемэт и нэгум имыкӀыу илът. КӀ. Т. {И} нэгум иплъыхьын пристально смотреть кому-л. в глаза, всматриваться в чье-л. лицо. {И} нэгум къиӀуэтэн {его} лицо свидетельствует о чем-л. * Тезадэ щыхъыджэбзам дахэ дыдэу зэрыщытар и нэгум къиӀуатэрт. Д. М. Нэгум къыщӀэгъэхьэжын вспомнить, припомнить, снова представить себе кого- что-л. Нэгум къыщӀэгъэхьэн представить себе кого-что-л. Нэгум къыщӀэувэн встать перед глазами, представиться кому-л. в воображении. * Софят и ныбжьэгъу хъыджэбзыр и нэгум къыщӀоувэ. Щ. Ӏ. Нэгум къыщӀэхуэн (къыщӀэхутэн) попасться на глаза. * ТхьэкӀумэкӀыхьыр щакӀуэм и нэгум зыбжанэрэ къыщӀэхуащ, ауэ фочыр тригъэпсэну хунэсакъым. фольк. Нэгум къыщӀыхьэн показаться, почудиться. * Плъыржьэрым хэт сымаджэр Ӏуэщхъурт, и анэр къепсалъэ хуэдэу и нэгум къыщӀыхьэт. Ӏуащхь. Нэгум щӀэлъын = набжьэм щӀэлъын. * Лу гу лъитэт а щӀалэм {Сосрыкъуэ} бэлыхь гуэр и нэгум зэрыщӀэлъым. КӀ. А. Нэгум щӀэмыгъэплъэн 1) не дать увидеть свое лицо, не дать заглянуть себе в глаза 2) избегать встречи с кем-л., не дать кому-л. увидеться с собой. Нэгум щӀэтын 1) быть на глазах, на виду. 2) стоятиь перед глазами. * Лу и нэгум иджыри щӀэтщ бэлыхьу зыхэтар. Къэб. Сэлим и нэгум Линэ и сурэтыр щӀэтт. КъаруущӀэ. 3) привидеться, причудиться. * Уи Ӏуплъэгъуэр махуэм согъэхъу, Жэщ хъуамэ си нэгум ущӀэтщ. Къэб. п. и ант. 4) * на лице написано. * Сыт щыгъуи гуфӀэгъуэ щӀэтт Ланэ и нэгум. Щ. Ам. Нэгум щӀэхун исчезнуть с глаз долой. * Нэгум щӀэхур гум йохуж. (погов.) {И} нэгур зэлъыӀукӀыжын лицо прояснилось. * КӀукӀуэ и губжьыр напӀэзыпӀэм теужащ, и нэгури зэлъыӀукӀыжащ. Ӏуащхь. Нэгур зэлъыӀухын прийти в хорошее настроение. Нэгур зэхэуэн помрачнеть, погруснеть. * Уэркъыжьым и нэгур зэхоуэ, зэгуэпауэ хьэлъэу хощэтыкӀ. Ӏуащхь.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

canlandırma

Düzeltme Öner

нэгум къыщӀэгъэхьэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.