ней къытехуэн

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ней

Биигъэ, жэгъуэгъугъэ, ижыгъэ. -415.

УзогъащӀэ, Сэтэней, Сызыхуейри уэ уи нейщ, Ди нарт шухэм я нэхъыщӀэу, Я нэхъ щӀалэу Ашэмэзым Хъыджэбз гуауэр езгъэщӀэнщи Ди щӀыналъэм къэсыжынщ, - ЖиӀэу пщащэр зэщӀэплъауэ КъемыплъэкӀыу ӀуегъэзыкӀ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 414

+2 örnek

Зэ щӀы къатиблым сыщӀэпхуати, Уи нейкӀэ цӀыхум сагъэпэж.— Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… Щхьэлыкъуэ, 400

Къытпоплъэ зауэр дэ пщэдей, ЖызоӀэр сэри «бийм я ней».— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52

Deyimler (2)

ней къытехуэн

Гум фӀы хуимылъын, зэран екӀыну хущӀэкъун.

МафӀэм, псывэм себгъэсакъым, Къыстехуакъым зым и ней, Сядэ-сядэу ТӀакъэ махуэ, Сыхуомышэ Сэтэней.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 421

+2 örnek

Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38

[Кхъухьыпщым жиӀэу:] Плъагъуркъэ абы и бзаджагъэр, Ӏэмалрэ хьилэрэ щыӀэу уи ней къытихуэ.— Кхъухь пхэнж, 508

ней (къы)щыхуэн

[Локотош жиӀэу:] Зи хэку епцӀыжым Сталиным и ней щыхуащ!— Нал къута, 256

+2 örnek

Жьауэ ящӀым ущӀэт защӀэм, Зыщыхуари уэрщ я ней.— Зэрызыххэу зэщхьыркъабзэ. «Батырыбжьэ», 155

АрщхьэкӀэ зи щхьэ щымыӀэм и шыдыр сыт мэхъу жаӀэрэ – кӀэщӀэтхыхьар щежьэжым, зыкӀэщӀэтхыхьам зыкърисэри Ӏуэхур цырыцу зэӀищӀэурэ хейр мысэ иригъэщӀри мысэр хей хъуащ, уеблэмэ щыхьэту зи цӀэ ИраӀуахэм еджэмэ – жаӀауэ щытари ядэжакъым, ялъэгъуар ямылъэгъуауэ къыщӀэкӀыжащ; ерэхъурэ хъунрэ щыӀэу уи ней къысщыхуэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу.— Лъапсэ, 12

Еплъ: ней къытехуэн

Kitapta geçtiği hali

НЕЙ (5). Биигъэ, жэгъуэгъугъэ, ижыгъэ. УзогъащӀэ, Сэтэней, Сызыхуейри уэ уи нейщ, Ди нарт шухэм я нэхъыщӀэу, Я нэхъ щӀалэу Ашэмэзым Хъыджэбз гуауэр езгъэщӀэнщи Ди щӀыналъэм къэсыжынщ, - ЖиӀэу пщащэр зэщӀэплъауэ КъемыплъэкӀыу ӀуегъэзыкӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 414-415. Зэ щӀы къатиблым сыщӀэпхуати, Уи нейкӀэ цӀыхум сагъэпэж. Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… «Щхьэлыкъуэ», 400. Къытпоплъэ зауэр дэ пщэдей, ЖызоӀэр сэри «бийм я ней». Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. ◊ Ней къытехуэн (4). Гум фӀы хуимылъын, зэран екӀыну хущӀэкъун. МафӀэм, псывэм себгъэсакъым, Къыстехуакъым зым и ней, Сядэ-сядэу ТӀакъэ махуэ, Сыхуомышэ Сэтэней. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 421. Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38. [Кхъухьыпщым жиӀэу:] Плъагъуркъэ абы и бзаджагъэр, Ӏэмалрэ хьилэрэ щыӀэу уи ней къытихуэ. Кхъухь пхэнж, 508. Ней (къы)щыхуэн (7). Еплъ ней къытехуэн. [Локотош жиӀэу:] Зи хэку епцӀыжым Сталиным и ней щыхуащ! Нал къута, 256. Жьауэ ящӀым ущӀэт защӀэм, Зыщыхуари уэрщ я ней. Зэрызыххэу зэщхьыркъабзэ. «Батырыбжьэ», 155. АрщхьэкӀэ зи щхьэ щымыӀэм и шыдыр сыт мэхъу жаӀэрэ – кӀэщӀэтхыхьар щежьэжым, зыкӀэщӀэтхыхьам зыкърисэри Ӏуэхур цырыцу зэӀищӀэурэ хейр мысэ иригъэщӀри мысэр хей хъуащ, уеблэмэ щыхьэту зи цӀэ ИраӀуахэм еджэмэ – жаӀауэ щытари ядэжакъым, ялъэгъуар ямылъэгъуауэ къыщӀэкӀыжащ; ерэхъурэ хъунрэ щыӀэу уи ней къысщыхуэ жыхуаӀэ щӀыкӀэу. Лъапсэ, 12.

Düzeltme Öner

ней къытехуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.