нафӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэр зыс лыгъей.
Мы ящикхэм ярылъ фӀыгъуэм Фигу ирихьыр жыфӀэ псынщӀэу – Мис, шенычыр, мис уэздыгъэр, Хьэкум нафӀэ зикӀ измыщӀэу, ЭлектрокӀэ ар зэфӀокӀыр, Пхъэ зыкъутэм зегъэпсэху, Мис каструли, месыр грелкэр, Фызыхуейхэр фэ къэфщэху— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 33
+1 örnek
Сэр дыдэм си гум илъу нафӀэ Си Ӏупэр гуфӀэу сфӀызэтежу, Хэт къыдэхъуэхъуми псоми дгъафӀэу ДимыӀэт зыми зэхэгъэжи.— Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 91
Deyimler (2)
нафӀэ къыщӀэнэн
НафӀэм зэщӀищтэн, къэлыбын.
Къопсэлъауэ жьгъыру макъкӀэ Ар зэхэпхым уи гум къонэ, Къыпхуэзауэ зэ гуфӀамэ ГущӀэм нафӀэр къыщыщӀонэ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 38
нафӀэ щӀэгъэстын
НафӀэ щӀэдзэн, нэхъ ин щӀын, нэхъри гъэлъэщын.
Корей народ лъэщыр щӀокъур мамырыгъэм, Уэ хей унэр бгъэсу нафӀэр щӀыбогъэст, Зауэм лъыпсыр щыжэм аращ уэркӀэ фӀыгъуэр, Сабий цӀыкӀухэр жеймэ бомбэкӀэ уогъэс, Уезэуэну хэти уэри зоукъуэдийр, Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир— Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 139
Kitapta geçtiği hali
НАФӀЭ (2). Зыгуэр зыс лыгъей. Мы ящикхэм ярылъ фӀыгъуэм Фигу ирихьыр жыфӀэ псынщӀэу – Мис, шенычыр, мис уэздыгъэр, Хьэкум нафӀэ зикӀ измыщӀэу, ЭлектрокӀэ ар зэфӀокӀыр, Пхъэ зыкъутэм зегъэпсэху, Мис каструли, месыр грелкэр, Фызыхуейхэр фэ къэфщэху. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 33. Сэр дыдэм си гум илъу нафӀэ Си Ӏупэр гуфӀэу сфӀызэтежу, Хэт къыдэхъуэхъуми псоми дгъафӀэу ДимыӀэт зыми зэхэгъэжи. Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 91. ◊ НафӀэ къыщӀэнэн (1). НафӀэм зэщӀищтэн, къэлыбын. Къопсэлъауэ жьгъыру макъкӀэ Ар зэхэпхым уи гум къонэ, Къыпхуэзауэ зэ гуфӀамэ ГущӀэм нафӀэр къыщыщӀонэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 38. НафӀэ щӀэгъэстын (1). зэхь. НафӀэ щӀэдзэн, нэхъ ин щӀын, нэхъри гъэлъэщын. Корей народ лъэщыр щӀокъур мамырыгъэм, Уэ хей унэр бгъэсу нафӀэр щӀыбогъэст, Зауэм лъыпсыр щыжэм аращ уэркӀэ фӀыгъуэр, Сабий цӀыкӀухэр жеймэ бомбэкӀэ уогъэс, Уезэуэну хэти уэри зоукъуэдийр, Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 139.