мывэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЦӀЫНЭ, мыжъэ/мыжьэ, мыжъо/ мывэ, МЫХЪУ; ÇİĞ
мывэ/мыжъо; TAŞ
мыжъо/мывэ; TAŞ
мывэ/мыжъо → ЦӀЫНЭ; ÇİĞ (haşlanmamış)
мыжъо/мывэ → ЦӀЫНЭ; ÇİĞ (haşlanmamış)
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: цӀынэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи инагъкӀэ, зи теплъэкӀэ зэхуэмыдэу бгы къырхэкӀ Ӏыхьэхэр. Мывэ быдэ.
рукамень
Мывэ къэщтэн. Мывэр куэдрэ щылъмэ, жыглыц къытокӀэ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (8)
мывэ зэпыхын
рувыполнять очень трудную работу. (букв. распиливать камни).
мывэ уэшх къешхами
ручто бы ни случилось.
Мывэ уэшх къешхами, къызэмыхьэлъэкӀыу губгъуэм сыбдисынщ, сэ си псэ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
мывэ джей
Мывэ хъурей джафэ.
рубулыжник
Испыхэм я унэхэр мывэ джей зэупсеят.— Нартхэр
+1 örnek
ЦӀыкӀухэм къыщӀахьэри къыщӀэнауэ мывэ джей хъуреижь щӀэлът хьэщӀэщым.— Нало Заур
мывэ къалэ
Мывэм къыхэщӀыкӀа быдапӀэ.
рукрепость
Мывэ къалэ ухуэн. Мывэ къалэм дэсын.
4 ifade daha
мывэ къурш
Мывэ къуршым хэту къущхьэхъу даху Ӏэщхэм я лъэгур щӀихырт.— Ӏуащхьэмахуэ
+1 örnek
Мывэ къуршым мэш трасэркъым.— Псалъэжьхэр
Еплъ: мывалъэ
мывэ сэрей
Хадэ, пщӀантӀэ, щӀыхьэпӀэ сыт хуэдэхэр къызэрыхухьа мывэ блын.
рукаменная ограда
ТӀэкӀу зебэу ар куэбжэм дэкӀри мывэ сэрей къуапэм къухьащ.— Къущхьэ СулътӀан
мывэ фамыщӀ
КӀанэурэ, мывэ такъыр теплъэ иӀэу щӀым къыщӀах гъэсыныпхъэ.
рукаменный уголь
Мывэ фӀамыщӀ къыщӀэхын. Мывэ фӀамыщӀ гъэсын.
мывэ хэхыпӀэ
Ухуэныгъэм е нэгъуэщӀ щӀыпӀэ къыщагъэсэбэп хъун мывэ къыздыдах щӀыпӀэ.
рукаменный карьер
Мывэ хэхыпӀэм лъэрмывэпхъэ (щхьэл мывэ) къыхэхын.
Kitapta geçtiği hali
мывэ камень / Зи инагъкӀэ, зи теплъэкӀэ зэхуэмыдэу бгы къырхэкӀ Ӏыхьэхэр. Мывэ быдэ. * Мывэ къэщтэн. Мывэр куэдрэ щылъмэ, жыглыц къытокӀэ. (погов.) Мывэ зэпыхын выполнять очень трудную работу. (букв. распиливать камни). Мывэ уэшх къешхами что бы ни случилось. * Мывэ уэшх къешхами, къызэмыхьэлъэкӀыу губгъуэм сыбдисынщ, сэ си псэ. Сов. Къэб. ифольк. мывэ джей булыжник / Мывэ хъурей джафэ. * Испыхэм я унэхэр мывэ джей зэупсеят. Нарт. ЦӀыкӀухэм къыщӀахьэри къыщӀэнауэ мывэ джей хъуреижь щӀэлът хьэщӀэщым. Н. З. мывэ къалэ крепость / Мывэм къыхэщӀыкӀа быдапӀэ. Мывэ къалэ ухуэн. Мывэ къалэм дэсын. мывэ къурш см. мывалъэ. * Мывэ къуршым хэту къущхьэхъу даху Ӏэщхэм я лъэгур щӀихырт. Ӏуащхь. Мывэ къуршым мэш трасэркъым. (погов.) мывэ сэрей каменная ограда / Хадэ, пщӀантӀэ, щӀыхьэпӀэ сыт хуэдэхэр къызэрыхухьа мывэ блын. * ТӀэкӀу зебэу ар куэбжэм дэкӀри мывэ сэрей къуапэм къухьащ. Къу. С. мывэ фамыщӀ каменный уголь / КӀанэурэ, мывэ такъыр теплъэ иӀэу щӀым къыщӀах гъэсыныпхъэ. Мывэ фӀамыщӀ къыщӀэхын. Мывэ фӀамыщӀ гъэсын. мывэ хэхыпӀэ каменный карьер / Ухуэныгъэм е нэгъуэщӀ щӀыпӀэ къыщагъэсэбэп хъун мывэ къыздыдах щӀыпӀэ. Мывэ хэхыпӀэм лъэрмывэпхъэ (щхьэл мывэ) къыхэхын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зи инагъкӀэ зэхуэмыдэ бгы къырхэкӀ Ӏыхьэхэр.
Умейми, шыбэм уахэдэрт, Къунаным цӀахуцӀэу зебдзауэ, Шы лъакъуэм мывэр щӀэлъэту, Шу лъагъуэ бгъузэм зептауэ Уихьэну бгыщхьэм уехъуапсэрт.— Къайсын К. «папщӀэ. Шум и гъуэгу», 87
+2 örnek
Бгыр къыгуэуаути щелъэлъэхым, КъыщӀэхущ зы мыви щӀивэжащ, Зы напӀэзыпӀэ щӀым телъати, Псэуа а мывэм къыфӀэщӀащ.— Мывэ гъащӀэ. «Дамыгъэ», 118
ЕтӀуанэрей махуэм хьэблэм дэс лӀыхэр зэхуэсри, я Ӏуэху къагъанэми, щхьэж сэбэп зэрыхъунымкӀэ зэгурыӀуэри хэт мэзым кӀуэри чы-бжэгъу къишащ, хэти пхъащхьэ хъун къигъуэтащ, хэти мывэ къишэри, зэрыжаӀам хуэдэу, чы-бжэгъу ящӀри и щхьэри ябгъэжащ.— ГущӀэгъу, 425
2. Мывэм къыхэщӀыкӀа, абы ехьэлӀа.
И быдапӀэр мывэ защӀэщ, И сэрейхэм хьэдэ мащӀэ КъыӀунакъым нобэ къэс: Шууэ укӀуэм, уохъур лъэс, Лъэсу укӀуэм, уегъэсэх, И куэбжиблыр мывэ сэхщ, Абрэмывэр и бжэ папщӀэщ, И шордакъыр дыщэ защӀэщ, Блэ мэхущхьэ къэушыху, Жэщрэ махуэу блы дэкӀыху, Къэмыушу ар мэжей, Бэлэрыгъым мэгужьей.— Елбэздыкъуэ, 11
+2 örnek
Мывэ сэрей лъахъшэмкӀэ къэщӀыхьа мэжджыт пщӀантӀэм дэзу цӀыхур дэтт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 77
ЩӀым и гъуни сыщыщӀэфлъхьэ, Мывэ сынри сыту сщӀын?— Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ», 66
Deyimler (1)
мывэ уэшх къытешхэн
Егъэлеяуэ гугъу ехьын, бэлыхьым, насыпыншагъэм хэмыкӀын.
– Мывэ уэшх къыттешхэу губгъуэм дисами, дыгъэкӀуэж, - жиӀэу лъаӀуэрт Саний.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530
Kitapta geçtiği hali
МЫВЭ (180). 1. (179). Зи инагъкӀэ зэхуэмыдэ бгы къырхэкӀ Ӏыхьэхэр. Умейми, шыбэм уахэдэрт, Къунаным цӀахуцӀэу зебдзауэ, Шы лъакъуэм мывэр щӀэлъэту, Шу лъагъуэ бгъузэм зептауэ Уихьэну бгыщхьэм уехъуапсэрт. Къайсын К. папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 87. Бгыр къыгуэуаути щелъэлъэхым, КъыщӀэхущ зы мыви щӀивэжащ, Зы напӀэзыпӀэ щӀым телъати, Псэуа а мывэм къыфӀэщӀащ. Мывэ гъащӀэ. «Дамыгъэ», 118. ЕтӀуанэрей махуэм хьэблэм дэс лӀыхэр зэхуэсри, я Ӏуэху къагъанэми, щхьэж сэбэп зэрыхъунымкӀэ зэгурыӀуэри хэт мэзым кӀуэри чы-бжэгъу къишащ, хэти пхъащхьэ хъун къигъуэтащ, хэти мывэ къишэри, зэрыжаӀам хуэдэу, чы-бжэгъу ящӀри и щхьэри ябгъэжащ. ГущӀэгъу, 425. 2. (1). плъыф. Мывэм къыхэщӀыкӀа, абы ехьэлӀа. И быдапӀэр мывэ защӀэщ, И сэрейхэм хьэдэ мащӀэ КъыӀунакъым нобэ къэс: Шууэ укӀуэм, уохъур лъэс, Лъэсу укӀуэм, уегъэсэх, И куэбжиблыр мывэ сэхщ, Абрэмывэр и бжэ папщӀэщ, И шордакъыр дыщэ защӀэщ, Блэ мэхущхьэ къэушыху, Жэщрэ махуэу блы дэкӀыху, Къэмыушу ар мэжей, Бэлэрыгъым мэгужьей. «Елбэздыкъуэ», 11. Мывэ сэрей лъахъшэмкӀэ къэщӀыхьа мэжджыт пщӀантӀэм дэзу цӀыхур дэтт. Хъуэпсэгъуэ нур, 77. ЩӀым и гъуни сыщыщӀэфлъхьэ, Мывэ сынри сыту сщӀын? Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ», 66. ◊ Мывэ уэшх къытешхэн (1). Егъэлеяуэ гугъу ехьын, бэлыхьым, насыпыншагъэм хэмыкӀын. – Мывэ уэшх къыттешхэу губгъуэм дисами, дыгъэкӀуэж, - жиӀэу лъаӀуэрт Саний. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530.