мурадыр къехъулӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
мурад
ЦӀыхур зыщӀэкъу, абы игу ирилъхьа, къалэну зыхуигъэувыжа; гурыщӀэ. Мурад дахэ. Мурад щэху.
руцель, намерение
Бэрокъуэ Тыгъуэн Тэрчкъалэ зэрынэсу, уэчылым и унэм занщӀэу екӀуэлӀащ, къыщӀежьа мурадхэмкӀэ ар къигъэсэбэпын и гугъэу.— Теунэ Хьэчим
Bu maddedeki ifadeler (4)
мурад мыгъуэ щӀын
рузадумать что-л. плохое.
ЩӀалэм игу къыхолъадэ ХьэпащӀэ мурад мыгъуэ гуэр ищӀауэ.— Ӏуащхьэмахуэ
мурад щӀын (хуэщӀын)
рупоставить перед собой цель, намереваться, решить что- л. сделать.
мурадыр къехъулӀэн
рудостичь цели, осуществить задуманное, удаться.
мурадыр къутэжын
руотменить решение, изменить намерение.
Kitapta geçtiği hali
мурад цель, намерение / ЦӀыхур зыщӀэкъу, абы игу ирилъхьа, къалэну зыхуигъэувыжа; гурыщӀэ. Мурад дахэ. Мурад щэху. * Бэрокъуэ Тыгъуэн Тэрчкъалэ зэрынэсу, уэчылым и унэм занщӀэу екӀуэлӀащ, къыщӀежьа мурадхэмкӀэ ар къигъэсэбэпын и гугъэу. Т. Хь. Мурад мыгъуэ щӀын задумать что-л. плохое. * ЩӀалэм игу къыхолъадэ ХьэпащӀэ мурад мыгъуэ гуэр ищӀауэ. Ӏуащхь. Мурад щӀын (хуэщӀын) поставить перед собой цель, намереваться, решить что- л. сделать. Мурадыр къехъулӀэн достичь цели, осуществить задуманное, удаться. Мурадыр къутэжын отменить решение, изменить намерение.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
мурад
ЦӀыхум игу ирилъхьа гуэр, ар зыхущӀэкъу, къалэну зыхуигъэувыжа. -410.
Пэш кӀыфӀ куэдыр зэпикӀухьу ГъущӀ ӀункӀыбзэм Марфэ лохъу, И мурадхэр зэфӀэмыхьэу Гуауэ нэхъри ин къыщохъу. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 157
+2 örnek
Гуэгушыхъум «зэкъуэшитӀ хуэдэу фыпсэу» жиӀа щхьэкӀэ, адакъитӀым зэдэпсэуну я мурадыххэтэкъым.— Бабыщыкъуэ адакъэпсщ, 482
Аурэ дзэм яхэзэгъа нэужь, къэрэмырзэр штабым ираджэри я мурадым щыгъуазэ къащӀ, щызэуэну щӀыналъэм и картэшхуэр унэ лъэгум ираубгъуауэ, дзэпщхэр къеувэкӀауэ зэхэтщи, кърагъэлъагъур хэт дэнэ деж зыщричу бийм иубыда къалэм теуэнуми.— Лыгъэ, 409
Deyimler (8)
мурад хэмыхыжын
Иджыри гугъэн.
Къазыхъуэм и мурадыр хихыжакъым— Щынэхужьыкъуэ, 68
мурад щӀын
Зыгуэр пщӀэну гум илъхьэн, абы хущӀэкъун.
Мэчэ-Мэдинэ нэс джадэу къэджэдэжа и къуэшыжьым ещхьу езыми къикӀухьыну мурад ищӀати, еуэри ежьащ [Нурхьэлий].— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
+2 örnek
Мурад гуэр пщӀамэ, гурылъым Щыгъуазэ хамэр умыщӀ.— Мурад гуэр зыщӀам… Батырыбжьэ, 133
Якъуб гъуэгу пхэнжкӀэ Кавказым хуиунэтӀауэ гу лъитати, и мотоциклым тетӀысхьэу ялъэщӀыхьэну мурад ищӀащ.— Нал къута, 242
мурадыр къехъулӀэн
Мурадым лъэӀэсын, гум иплъхьам теӀэбэн.
Шкуро и топхэр зэуэр мафӀэгур зытет станцыр арат, арщхьэкӀэ Шкуро и мурадыр къехъулӀакъым, бэлшэвыч мафӀэгур хуэмыкъутэу ӀэщӀэкӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 285
+2 örnek
Жансэхъу псэлъэну зигъэхьэзырат, мыр сыту урысыбзэ Ӏэзэ жригъэӀэн и хьисэпу словарым кърищыпыкӀри хамэбзэу псалъэ зыкъом зригъэщӀат, арщхьэкӀэ, гужьейри и нэхъыбитӀыр щыгъупщэжати, и мурадар къехъулӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560
Запискэм къимыкӀар Ӏулъхьэм къикӀын хуейуэ арат, арщхьэкӀэ Ӏулъхьэ Ӏызыхами и мурадыр къехъулӀакъым: хъыджэбзыр лӀэн-къэнэн щыхъум, къэгузэвэжащ, къысӀэщӀэлӀэмэ, бэлыхь сыхэхуэнщ жиӀэри зэгуигъэжа сыт щыӀами, зэгуидэжри щӀалэм къылъридзэжащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ шэж жиӀэри.— Лъапсэ, 26
мурадыфӀ имыӀэн
Ӏей гуэр, щӀэпхъэджагъэ, мыхъумыщӀагъэ пщӀэну гум илъхьэн.
Хэкур зыубыдауэ щыта нэмыцэр ирахужри, куэд дэмыкӀыу, щӀымахуэкӀэу къэсщ а нэгъуджэри Тэрчкъалэ къыдэтӀысхьат, мурадыфӀ имыӀэу.— Лъапсэ, 74
мурадым лъэӀэсын
Щыблэм хуэдэу къизыпхъуэтыр И мурадым лъэӀэсынщ.— Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73
Еплъ: мурадыр къехъулӀэн
мурадыр зэпыудын
Зыгуэрым ищӀа мурадым зэран хуэхъун.
Ди мурадыр зэпыбуду Сыт Ӏэнкуни дыщӀэпщӀар?— Индийскэ поэмэ, 365
мурадыр дэӀыгъын
ЦӀыхум ирихьэжьа Ӏуэху е гурылъ гуэр дэщӀэн.
Уэри бгъуэтащи уи намыс, Сэ уи мурадыр бдызоӀыгъыр— Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408
мурадым темыкӀын
Уигу иплъхьа гуэрым ухущӀемыгъуэжын, ар гъэзэщӀэн.
– Инус здэкӀуэн хуейм мыкӀуа, уэлэхьи, - жиӀэрти езы Нурхьэлий и мурадым яхутекӀыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 146
Kitapta geçtiği hali
МУРАД II (117). ЦӀыхум игу ирилъхьа гуэр, ар зыхущӀэкъу, къалэну зыхуигъэувыжа. Пэш кӀыфӀ куэдыр зэпикӀухьу ГъущӀ ӀункӀыбзэм Марфэ лохъу, И мурадхэр зэфӀэмыхьэу Гуауэ нэхъри ин къыщохъу. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 157. Гуэгушыхъум «зэкъуэшитӀ хуэдэу фыпсэу» жиӀа щхьэкӀэ, адакъитӀым зэдэпсэуну я мурадыххэтэкъым. Бабыщыкъуэ адакъэпсщ, 482. Аурэ дзэм яхэзэгъа нэужь, къэрэмырзэр штабым ираджэри я мурадым щыгъуазэ къащӀ, щызэуэну щӀыналъэм и картэшхуэр унэ лъэгум ираубгъуауэ, дзэпщхэр къеувэкӀауэ зэхэтщи, кърагъэлъагъур хэт дэнэ деж зыщричу бийм иубыда къалэм теуэнуми. Лыгъэ, 409-410. ◊ Мурад хэмыхыжын (1). Иджыри гугъэн. Къазыхъуэм и мурадыр хихыжакъым. Щынэхужьыкъуэ, 68. Мурад щӀын (38). Зыгуэр пщӀэну гум илъхьэн, абы хущӀэкъун. Мэчэ-Мэдинэ нэс джадэу къэджэдэжа и къуэшыжьым ещхьу езыми къикӀухьыну мурад ищӀати, еуэри ежьащ [Нурхьэлий]. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Мурад гуэр пщӀамэ, гурылъым Щыгъуазэ хамэр умыщӀ. Мурад гуэр зыщӀам… «Батырыбжьэ», 133. Якъуб гъуэгу пхэнжкӀэ Кавказым хуиунэтӀауэ гу лъитати, и мотоциклым тетӀысхьэу ялъэщӀыхьэну мурад ищӀащ. Нал къута, 242. Мурадыр къехъулӀэн (17). Мурадым лъэӀэсын, гум иплъхьам теӀэбэн. Шкуро и топхэр зэуэр мафӀэгур зытет станцыр арат, арщхьэкӀэ Шкуро и мурадыр къехъулӀакъым, бэлшэвыч мафӀэгур хуэмыкъутэу ӀэщӀэкӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 285. Жансэхъу псэлъэну зигъэхьэзырат, мыр сыту урысыбзэ Ӏэзэ жригъэӀэн и хьисэпу словарым кърищыпыкӀри хамэбзэу псалъэ зыкъом зригъэщӀат, арщхьэкӀэ, гужьейри и нэхъыбитӀыр щыгъупщэжати, и мурадар къехъулӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. Запискэм къимыкӀар Ӏулъхьэм къикӀын хуейуэ арат, арщхьэкӀэ Ӏулъхьэ Ӏызыхами и мурадыр къехъулӀакъым: хъыджэбзыр лӀэн-къэнэн щыхъум, къэгузэвэжащ, къысӀэщӀэлӀэмэ, бэлыхь сыхэхуэнщ жиӀэри зэгуигъэжа сыт щыӀами, зэгуидэжри щӀалэм къылъридзэжащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ шэж жиӀэри. Лъапсэ, 26. МурадыфӀ имыӀэн (1). Ӏей гуэр, щӀэпхъэджагъэ, мыхъумыщӀагъэ пщӀэну гум илъхьэн. Хэкур зыубыдауэ щыта нэмыцэр ирахужри, куэд дэмыкӀыу, щӀымахуэкӀэу къэсщ а нэгъуджэри Тэрчкъалэ къыдэтӀысхьат, мурадыфӀ имыӀэу. Лъапсэ, 74. Мурадым лъэӀэсын (1). Еплъ мурадыр къехъулӀэн. Щыблэм хуэдэу къизыпхъуэтыр И мурадым лъэӀэсынщ. Поэтым и лӀыгъэ. «Батырыбжьэ», 73. Мурадыр зэпыудын (1). Зыгуэрым ищӀа мурадым зэран хуэхъун. Ди мурадыр зэпыбуду Сыт Ӏэнкуни дыщӀэпщӀар? «Индийскэ поэмэ», 365. Мурадыр дэӀыгъын (1). ЦӀыхум ирихьэжьа Ӏуэху е гурылъ гуэр дэщӀэн. Уэри бгъуэтащи уи намыс, Сэ уи мурадыр бдызоӀыгъыр. Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408. Мурадым темыкӀын (2). Уигу иплъхьа гуэрым ухущӀемыгъуэжын, ар гъэзэщӀэн. – Инус здэкӀуэн хуейм мыкӀуа, уэлэхьи, - жиӀэрти езы Нурхьэлий и мурадым яхутекӀыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 146.