махуэ шэджагъуэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
махуэ
1. Пщэдджыжьым дыгъэр къыщыкъуэкӀымрэ щыкъухьэжымрэ яку дэлъ зэман.
Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур узыншэу, лӀыгъэ зэрихьауэ, къэбэрдей нэмысыр иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ «жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», абыкӀэ иухащ графым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 127
+2 örnek
КъалэкӀыхьым кӀуэр зы махуэм нэсмэ, етӀуанэрей махуэм къгъэзэж хабзэт, арщхьэкӀэ Алий зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: щӀымахуэщ, щӀалэр ӀэпцӀанэлъэпцӀанэщ, щӀэбзэ щӀэмылъу бэлъто кӀагуэ тӀэкӀур мыхьэнэншэщ, джэдыгу пщымыгъмэ; кепкэри хъунукъым, пыӀэфӀ пщхьэрымыгъмэ, батинкӀитӀри щӀымахуэ уаем вакъэ хъунукъым, лъэпэд хуабэ тӀуанэ щӀэмылъмэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэр унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ.— Лъапсэ, 97
2. Сыхьэт тӀощӀрэ плӀырэ хъу зэман мардэ.
Нысэр къашэным зы махуэкӀэ япэ иту музыкауэ цӀыкӀухэр грузовикым кърагъэтӀысхьэри ЩӀыӀэпс къуажэм къашат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
+2 örnek
Тхьэмахуэм и кӀуэцӀкӀэ махуиблри зэхуагуэшащ, фызитӀым блыщхьэр ялъысу, адрей тӀум гъубжыр, адрейхэми махуэ зырыз ялъысу [Дисэ кӀэлъыплъыну].— ГущӀэгъу, 426
ИкӀэм икӀэжым зэгурыӀуащ, тхьэмахуэм зэ – мэрем махуэм – унэм къыщӀыхьэжрэ [Исуф] зигъэпскӀыну хуиту, шхын пщтыр ишхыу, джанэ-гъуэншэдж щӀагъщӀэлъ ихъуэжрэ пӀэ къабзэм зы жэщ хэлъыну.— Лэчымэ, 397
3. Календарым и зэман пыухыкӀа.
Октябрь праздникыр илъэс тӀощӀрэ тхурэ щрикъу махуэм ирихьэлӀэу капитаным приказ итхащ, нэхъ партизаныфӀхэм фӀыщӀэ яхуищӀу, Ӏэщыхъуэхэм ехъуэхъуу.— Нал къута, 297
+2 örnek
Илъэсищэ щрикъу махуэм ПщӀэшхуэ хуэтщӀу ди Рау лӀыжьыр Пионермэ ар тфӀэзахуэу Хыдогъыхьэ. «— Тисей, 482
Мыр къыщалъхуар лӀыгъэ щызэрахьа махуэращ жыхуаӀэрати, а махуэм щыщӀэдзауэ джэдкъазу пщӀантӀэм дэтым зи хъыбар яхуэмыухыр Джэлилт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
4. Зыгуэрым и пӀалъэ, зэман пыухыкӀа.
Нобэ хуит сащӀатэмэ, махуэ пӀалъэ езмыту къэсшэнт Быцэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525
+3 örnek
[БэзэракӀуэ фызым:] Шлапэр зы махуэ модэщ, тӀасэ, модэр мыращ, ухуеймэ еупщӀ мо командирым.— Гъуэгуанэ, 124
[Кулисум Къэрэлъашэ жриӀэу:] Уэ нобэ къысхуэпщӀэр щыпхуэсщӀэжыфын махуи сэри тхьэм къызит.— Нэгъуху, 35
Апчарэ и сыхьэт «будильникыр» зэрыкъутэрэ куэд щӀащ, арщхьэкӀэ махуэр здынэсар тэмэму къещӀэ, Щынэхужьыкъуэ къэзыувыхьа бгыщхьэм еплъмэ.— Щынэхужьыкъуэ, 65
5. Зыгуэрым къыщыщӀыну и натӀэ къритха. -6.
Дэнэ мыгъуэ тхьыну, сыт мыгъуэр ди махуэ иджы, - жаӀэу цӀыхубзитӀми гъын пачащ, ящӀэнур ямыщӀэжу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 275
+1 örnek
Темэн Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀа илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур си махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ, ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти, зрагъэтхьэлэжырт.— Лъапсэ, 5
6. Махуэм епха, ехьэлӀа.
[Алыджыкъуэ:] Сэри ахэр щыслъагъум, я машинэм зыкъиздзэри сыкъежьащ, зы махуэ гъуэгур куэдкъым, гъуэмылэншэу тшэчынщ, жысӀэри.— МелыӀыч, 437
+1 örnek
Зэгуэр Алий и урокыр дыухмэ, махуэ еджэныр дыухыу арати, егъэджакӀуэр пӀащӀэртэкъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529
Deyimler (8)
махуэпс емыгъэфэн
Хуиту, тыншу дунейм темыгъэтын, гугъу егъэхьын, мыгъэпсэун.
[Сентрал:] ФынэмыкӀуэрэ – махуэпс федгъэфэнкъым, фи щхьэпхэтӀыгур пхыдудынщи, зэфӀэкӀащ.— Нал къута, 290
+2 örnek
АбыкӀэ сэ сыкъэхэшауэ директорым къищӀэмэ, сыӀэщӀэкӀуэдауэ къэлъытэ, махуэпс сригъэфэнкъым.— МелыӀыч, 469
[Гъунэгъу фызым:] Алыхь, ар си адакъэу щытатэмэ, махуэпс езмыгъэфэнт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477
махуэ еным
4). Махуэ псом.
Махуэ еным Ӏэдэуадэ ӀэщӀэмыкӀыу ӀэпщӀэлъапщӀэу, Зэхыбохыр и сыдж макъыр, И щхьэ дыдэм хуэмысакъыу. «— Тисей, 505
+1 örnek
Махуэ еным ар лэжьауэ Езэшащи уи гур щӀогъу. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 160
махуэр ихьын
ЗэманыфӀ текӀуэдэн.
Махуэм и нэхъыбэр шырыкъу бжыным ихьащ.— МелыӀыч, 468
[и] махуэр къыхуихуэн
Зыгуэр зэрыщытам хуэдэу и Ӏуэхур хъун, абы къыщыщӀар къыщыщӀын.
Къагъырмэс и махуэр Щаулэхъу къыхуихуами, а хакӀуэм бий шэсынкъым, - жиӀэри хъыджэбзым и псалъэр иухыну и гугъат, арщхьэкӀэ Къагъырмэс и тхыдэр къедаӀуэу щысхэм ящӀэртэкъым.— Нал къута, 273
+2 örnek
Америкэм кӀуауэ хъарзынэу щыпсэу Ӏэджи щыӀэщ, гъэ къэси океаным икӀыжурэ Къунейтрэ къалэм и Ӏэшэлъашэм къиӀэпхъукӀам ящыщу къэнэжар мащӀэ хъужащ, итӀани Мариам и псэм идэртэкъым мы щӀыналъэм икӀыну, ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну ноби мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур— Лэчымэ, 390
[Фэуаз:] Дэ тӀур дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну.— Анка, 384
[и] махуэр къыхуэкӀуэн
Зыгуэрым къыщыщӀар къыщыщӀын.
КомандиритӀыр зэхъурджауэм фӀэмыфӀу Апчарэ аргуэру и псалъэм къыпищащ: - Ей, Къагъырмэс и махуэ ди Щэулэхъуи къыхуэкӀуэным тӀэкӀут къэнэжар.— Нал къута, 268
+1 örnek
Гъунэгъурэ гъуэншэджэрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэм къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
[и] махуэр къыхуэгъэкӀуэн
Зыгуэрым и лъэужьыр егъэхун, зыгуэрым къыщыщӀар къыщыгъэщӀын.
Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
[и] махуэ мыгъуэу
Насыпыншэу, тхьэмыщкӀагъэ, къулесызагъэ зыпылъ махуэу.
Шур шууэ, лъэсыр лъэсу, цӀыхухъуи цӀыхубзи дызэрыхьт, абы якӀэлъымыкӀуэм и махуэ мыгъуэу.— МелыӀыч, 454
+2 örnek
Бабыщ шырхэм псыр щалъагъум, зэрызехьэу, зекӀунтӀриеу «уакъ-уакъ» жаӀэу, къакӀэрыхум и махуэ мыгъуэу псыӀэрышэм хэтӀысхьащ, зэкӀэлъхьэужьу бабыщ анэр здэкӀуэмкӀэ кӀуэуэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 478
Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэуи, фызышэр узэрыхуейм хуэдэ хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀагъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу.— Лъапсэ, 117
махуэ шэджагъуэ
Махуэм ику, пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ я зэхуакум дэт зэманыр.
Махуэ шэджагъуэ хъууэ дыгъэр къатепсэмэ, хьэщхьэтеуэр жыгым зыкӀэрагъэщэщырт, заутхыпщӀырт, ерагъыу къаӀэтыжырт гугъу ехьа къудамэхэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
+2 örnek
Къэблэ Ӏуащхьэм дыгъэр къэӀэгъуэм жэмыр фермэм хужын хуейщ, махуэ шэджагъуэ хъуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 65
[Мариам:] Ауэрэ махуэ шэджагъуэ хъуауэ, ди хъыджэбзыр къокӀуэж, щэху цӀыкӀуу унэм къыщӀыхьэжауэ, и пэшым зыщигъэпщкӀуа хуэдэу щӀэсщ.— Лэчымэ, 394
Atasözleri (1)
уэлбанэ махуэр щӀэпытхъщ, фызым я тхъэжыгъуэр къэбгъавэщ
Еплъ: уэлбанэ
Kitapta geçtiği hali
МАХУЭ I (579). 1. (525). Пщэдджыжьым дыгъэр къыщыкъуэкӀымрэ щыкъухьэжымрэ яку дэлъ зэман. Полъкум и командирыр къэуври шым щхьэкӀэ берычэт бесын ин къажриӀащ икӀи къигъэгугъащ псэемыблэжу гугъу зригъэхьыну, полъкур узыншэу, лӀыгъэ зэрихьауэ, къэбэрдей нэмысыр иӀэтауэ къишэжын щхьэкӀэ «жэщ, махуэ жывмыӀэу тхьэм фытхуелъэӀу, гуфӀэгъуэ махуэкӀэ дыщызэхуэсыну махуэр нэхъ псынщӀэу къэсын папщӀэ», абыкӀэ иухащ графым. Хъуэпсэгъуэ нур, 127. КъалэкӀыхьым кӀуэр зы махуэм нэсмэ, етӀуанэрей махуэм къгъэзэж хабзэт, арщхьэкӀэ Алий зытегузэвыхьыр нэгъуэщӀт: щӀымахуэщ, щӀалэр ӀэпцӀанэлъэпцӀанэщ, щӀэбзэ щӀэмылъу бэлъто кӀагуэ тӀэкӀур мыхьэнэншэщ, джэдыгу пщымыгъмэ; кепкэри хъунукъым, пыӀэфӀ пщхьэрымыгъмэ, батинкӀитӀри щӀымахуэ уаем вакъэ хъунукъым, лъэпэд хуабэ тӀуанэ щӀэмылъмэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Гъэшым и Ӏуэхур нэхъ тыншщ, жэмышу фермэм тет цӀыхубзхэр е зэнысэгъущ, е зэшыпхъущ, е зэунэкъуэщщи, колхоз тхьэмадэр къокӀуэр унафэ ещӀ хэт и жэмхэм нэхъ шэ нэхъыбэ къащӀишын хуейми, абы хуэдэу Ӏэтащхьэр нэфӀкӀэ зэплъа цӀыхубзым етын хуейщ шэ шынакъ махуэ къэс уи жэмхэм къыщӀэпшым щыщ, а цӀыхубзыр нэхъапэ щӀыкӀэ «Доска почетым» къытехуэу, абы и гугъу газетхэми ятхын щхьэкӀэ. Лъапсэ, 97. 2. (29). Сыхьэт тӀощӀрэ плӀырэ хъу зэман мардэ. Нысэр къашэным зы махуэкӀэ япэ иту музыкауэ цӀыкӀухэр грузовикым кърагъэтӀысхьэри ЩӀыӀэпс къуажэм къашат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Тхьэмахуэм и кӀуэцӀкӀэ махуиблри зэхуагуэшащ, фызитӀым блыщхьэр ялъысу, адрей тӀум гъубжыр, адрейхэми махуэ зырыз ялъысу [Дисэ кӀэлъыплъыну]. ГущӀэгъу, 426. ИкӀэм икӀэжым зэгурыӀуащ, тхьэмахуэм зэ – мэрем махуэм – унэм къыщӀыхьэжрэ [Исуф] зигъэпскӀыну хуиту, шхын пщтыр ишхыу, джанэ-гъуэншэдж щӀагъщӀэлъ ихъуэжрэ пӀэ къабзэм зы жэщ хэлъыну. Лэчымэ, 397. 3. (17). Календарым и зэман пыухыкӀа. Октябрь праздникыр илъэс тӀощӀрэ тхурэ щрикъу махуэм ирихьэлӀэу капитаным приказ итхащ, нэхъ партизаныфӀхэм фӀыщӀэ яхуищӀу, Ӏэщыхъуэхэм ехъуэхъуу. Нал къута, 297. Илъэсищэ щрикъу махуэм ПщӀэшхуэ хуэтщӀу ди Рау лӀыжьыр Пионермэ ар тфӀэзахуэу Хыдогъыхьэ. «Тисей», 482. Мыр къыщалъхуар лӀыгъэ щызэрахьа махуэращ жыхуаӀэрати, а махуэм щыщӀэдзауэ джэдкъазу пщӀантӀэм дэтым зи хъыбар яхуэмыухыр Джэлилт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. 4. (6). Зыгуэрым и пӀалъэ, зэман пыухыкӀа. Нобэ хуит сащӀатэмэ, махуэ пӀалъэ езмыту къэсшэнт Быцэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. [БэзэракӀуэ фызым:] Шлапэр зы махуэ модэщ, тӀасэ, модэр мыращ, ухуеймэ еупщӀ мо командирым. Гъуэгуанэ, 124. [Кулисум Къэрэлъашэ жриӀэу:] Уэ нобэ къысхуэпщӀэр щыпхуэсщӀэжыфын махуи сэри тхьэм къызит. Нэгъуху, 35. Апчарэ и сыхьэт «будильникыр» зэрыкъутэрэ куэд щӀащ, арщхьэкӀэ махуэр здынэсар тэмэму къещӀэ, Щынэхужьыкъуэ къэзыувыхьа бгыщхьэм еплъмэ. Щынэхужьыкъуэ, 65. 5. (1). Зыгуэрым къыщыщӀыну и натӀэ къритха. Дэнэ мыгъуэ тхьыну, сыт мыгъуэр ди махуэ иджы, - жаӀэу цӀыхубзитӀми гъын пачащ, ящӀэнур ямыщӀэжу. Хъуэпсэгъуэ нур, 275. Темэн Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀа илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур си махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ, ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти, зрагъэтхьэлэжырт. Лъапсэ, 5-6. 6. (2). плъыф. мыхь. Махуэм епха, ехьэлӀа. [Алыджыкъуэ:] Сэри ахэр щыслъагъум, я машинэм зыкъиздзэри сыкъежьащ, зы махуэ гъуэгур куэдкъым, гъуэмылэншэу тшэчынщ, жысӀэри. МелыӀыч, 437. Зэгуэр Алий и урокыр дыухмэ, махуэ еджэныр дыухыу арати, егъэджакӀуэр пӀащӀэртэкъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529. ◊ Махуэпс емыгъэфэн (3). Хуиту, тыншу дунейм темыгъэтын, гугъу егъэхьын, мыгъэпсэун. [Сентрал:] ФынэмыкӀуэрэ – махуэпс федгъэфэнкъым, фи щхьэпхэтӀыгур пхыдудынщи, зэфӀэкӀащ. Нал къута, 290. АбыкӀэ сэ сыкъэхэшауэ директорым къищӀэмэ, сыӀэщӀэкӀуэдауэ къэлъытэ, махуэпс сригъэфэнкъым. МелыӀыч, 469. [Гъунэгъу фызым:] Алыхь, ар си адакъэу щытатэмэ, махуэпс езмыгъэфэнт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. Махуэ еным (4). Махуэ псом. Махуэ еным Ӏэдэуадэ ӀэщӀэмыкӀыу ӀэпщӀэлъапщӀэу, Зэхыбохыр и сыдж макъыр, И щхьэ дыдэм хуэмысакъыу. «Тисей», 505. Махуэ еным ар лэжьауэ Езэшащи уи гур щӀогъу. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 160. Махуэр ихьын (1). ЗэманыфӀ текӀуэдэн. Махуэм и нэхъыбэр шырыкъу бжыным ихьащ. МелыӀыч, 468. [И] махуэр къыхуихуэн (6). Зыгуэр зэрыщытам хуэдэу и Ӏуэхур хъун, абы къыщыщӀар къыщыщӀын. Къагъырмэс и махуэр Щаулэхъу къыхуихуами, а хакӀуэм бий шэсынкъым, - жиӀэри хъыджэбзым и псалъэр иухыну и гугъат, арщхьэкӀэ Къагъырмэс и тхыдэр къедаӀуэу щысхэм ящӀэртэкъым. Нал къута, 273. Америкэм кӀуауэ хъарзынэу щыпсэу Ӏэджи щыӀэщ, гъэ къэси океаным икӀыжурэ Къунейтрэ къалэм и Ӏэшэлъашэм къиӀэпхъукӀам ящыщу къэнэжар мащӀэ хъужащ, итӀани Мариам и псэм идэртэкъым мы щӀыналъэм икӀыну, ягъэзэжу зыдэса къуажэм дэтӀысхьэжыну ноби мэгугъэ, арщхьэкӀэ Алыхьым ещӀэ апхуэдэ махуэ къащыхуихуэнур. Лэчымэ, 390. [Фэуаз:] Дэ тӀур дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну. Анка, 384. [И] махуэр къыхуэкӀуэн (2). Зыгуэрым къыщыщӀар къыщыщӀын. КомандиритӀыр зэхъурджауэм фӀэмыфӀу Апчарэ аргуэру и псалъэм къыпищащ: - Ей, Къагъырмэс и махуэ ди Щэулэхъуи къыхуэкӀуэным тӀэкӀут къэнэжар. Нал къута, 268. Гъунэгъурэ гъуэншэджэрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэм къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. [И] махуэр къыхуэгъэкӀуэн (1). Зыгуэрым и лъэужьыр егъэхун, зыгуэрым къыщыщӀар къыщыгъэщӀын. Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. [И] махуэ мыгъуэу (7). Насыпыншэу, тхьэмыщкӀагъэ, къулесызагъэ зыпылъ махуэу. Шур шууэ, лъэсыр лъэсу, цӀыхухъуи цӀыхубзи дызэрыхьт, абы якӀэлъымыкӀуэм и махуэ мыгъуэу. МелыӀыч, 454. Бабыщ шырхэм псыр щалъагъум, зэрызехьэу, зекӀунтӀриеу «уакъ-уакъ» жаӀэу, къакӀэрыхум и махуэ мыгъуэу псыӀэрышэм хэтӀысхьащ, зэкӀэлъхьэужьу бабыщ анэр здэкӀуэмкӀэ кӀуэуэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 478. Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэуи, фызышэр узэрыхуейм хуэдэ хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀагъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу. Лъапсэ, 117. Махуэ шэджагъуэ (3). Махуэм ику, пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ я зэхуакум дэт зэманыр. Махуэ шэджагъуэ хъууэ дыгъэр къатепсэмэ, хьэщхьэтеуэр жыгым зыкӀэрагъэщэщырт, заутхыпщӀырт, ерагъыу къаӀэтыжырт гугъу ехьа къудамэхэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Къэблэ Ӏуащхьэм дыгъэр къэӀэгъуэм жэмыр фермэм хужын хуейщ, махуэ шэджагъуэ хъуащ. Щынэхужьыкъуэ, 65. [Мариам:] Ауэрэ махуэ шэджагъуэ хъуауэ, ди хъыджэбзыр къокӀуэж, щэху цӀыкӀуу унэм къыщӀыхьэжауэ, и пэшым зыщигъэпщкӀуа хуэдэу щӀэсщ. Лэчымэ, 394. ☐ Уэлбанэ махуэр щӀэпытхъщ, фызым я тхъэжыгъуэр къэбгъавэщ (1). Еплъ уэлбанэ.