мастэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

iğne
Ortakмастэ
Kitapta geçtiği hali

МАСТЭ; İĞNE

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Ӏуданэ зрау, гъущӀ папцӀэ псыгъуэ зэрыдэ.

руигла, иголка

МастэкӀэ дэн.

+1 örnek

Мастэр зэрыкӀуэм Ӏуданэр ирокӀуэ.— Псалъэжьхэр

2. Фэ щӀагъым хущхъуэ зэрыхашэ.

рушприц

Мастэ зыхегъэӀун.

Bu maddedeki ifadeler (11)

мастэ дэупӀэ имыӀэн

руиголку негде просунуть (обычно о плотной массе людей).

ЦӀыкӀуи, ини, фызыжьи, лӀыжьи, щӀали, хъыджэбзи къызэхуэсам мастэ дэупӀэ иӀэтэкъым.— КӀыщокъуэ Алим

мастэ фӀэун

рувдевать в иглу.

мастэ хэлъым хуэдэу

рунестерпимо.

Мастэ хэлъым хуэдэу Ӏэпкълъэпкъыр узын.

мастэ хэӀун

русделать укол.

7 ifade daha

мастэ хуэдизкӀэ

мастэм икъумэт

Мастэ хуэдизкӀэ умышынэ, си шыпхъу цӀыкӀу, ар зыкӀи зы мэскъалкӀи, мыгуэныхькӀэ.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн

мастэкӀэ псынэ къэтӀын

рузаниматься очень трудным делом (букв. копать родник иглой).

Псынэ мастэкӀэ къэзытӀым ещхьщ щӀэныгъэм цӀыху хущӀэкъур.— КӀыщокъуэ Алим

мастэкӀэ хыр дэгъэуэхын

рупустословить.

мастэм икъумэт

руни на йоту.

мастэу гум къыхэуэн

рупричинять душевную боль.

А нэ набдзэгубдзаплъэр анэм мастэу и гум хэуащ, шумэданыр зэриӀыгъ Ӏэр къыхэскӀыкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

мэкъу хьэвэ мастэ хэкӀуэдэн

Еплъ: мэкъу

мастэ пӀащэ

Еплъ: мастэшхуэ

Kitapta geçtiği hali

мастэ 1. игла, иголка / Ӏуданэ зрау, гъущӀ папцӀэ псыгъуэ зэрыдэ. МастэкӀэ дэн. * Мастэр зэрыкӀуэм Ӏуданэр ирокӀуэ. (погов.) 2. шприц / Фэ щӀагъым хущхъуэ зэрыхашэ. Мастэ зыхегъэӀун. Мастэ дэупӀэ имыӀэн иголку негде просунуть (обычно о плотной массе людей). * ЦӀыкӀуи, ини, фызыжьи, лӀыжьи, щӀали, хъыджэбзи къызэхуэсам мастэ дэупӀэ иӀэтэкъым. КӀ. А. Мастэ фӀэун вдевать в иглу. Мастэ хэлъым хуэдэу нестерпимо. Мастэ хэлъым хуэдэу Ӏэпкълъэпкъыр узын. Мастэ хэӀун сделать укол. Мастэ хуэдизкӀэ = мастэм икъумэт. * Мастэ хуэдизкӀэ умышынэ, си шыпхъу цӀыкӀу, ар зыкӀи зы мэскъалкӀи, мыгуэныхькӀэ. Къу. Хь. МастэкӀэ псынэ къэтӀын заниматься очень трудным делом (букв. копать родник иглой). * Псынэ мастэкӀэ къэзытӀым ещхьщ щӀэныгъэм цӀыху хущӀэкъур. КӀ. А. МастэкӀэ хыр дэгъэуэхын пустословить. Мастэм икъумэт ни на йоту. Мастэу гум къыхэуэн причинять душевную боль. * А нэ набдзэгубдзаплъэр анэм мастэу и гум хэуащ, шумэданыр зэриӀыгъ Ӏэр къыхэскӀыкӀащ. Ӏуащхь. Мэкъу хьэвэ мастэ хэкӀуэдэн см. мэкъу. Мастэ пӀащэ см. мастэшхуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Ӏуданэ зрау, гъущӀ папцӀэ псыгъуэ зэрыдэ.

Фыз мурадыр ещхьщ Ӏуданэм, мастэм хуэдэу пцӀыкӀэ мадэ.— ЦӀыхубзым я пцӀыр зымыдэм… Батырыбжьэ, 120

+2 örnek

Уэркъ Тамбий и гуащэм къеузати, згъэхъужащ, абы къыщынэмыщӀауэ лафкӀэтет ФӀыцӀэ и пхъум ефыкӀати, тхьэрщ, тхьэм ужькӀэ си хущхъуэр арщ зыгъэхъужар, - жиӀэу Чачэ сымаджэм и гъуэлъыпӀэ кӀапэм хуэм дыдэу, мастэ къыхэуэн хуэдэу, тетӀысхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 71

[Къулыр Якъуб тепсэлъыхьыу] ЗанщӀэу бзэхат, мэкъугум зэхуа мастэм хуэдэу.— Нал къута, 245

2. Фэ щӀагъым хущхъуэ зэрыхашэ. ◊

Сымаджэм мастэр къыхичыжати, лъым и пӀэкӀэ уэтэпс къижу щилъагъум, гужьеяуэ и щӀыфэм епӀэскӀужащ, ар зэрымыузыр фӀэгъэщӀэгъуэну [Ӏузизэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

+5 örnek

Мастэ хэӀун (9). Сымаджэм хущхъуэ мастэкӀэ хэгъэлъэдэн. КъыпхаӀуу мастэ Пшэчащи куэд, Жэнэтщ уи мащэр – гуауэр щокӀуэд.— АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… Вагъуэ махуэ, 95

И анэр еджакӀуэ цӀыкӀухэм махуэ къэс яхэтыху, Данэ цӀыкӀу гуащэм еӀэзэу мэджэгу – уӀэгъэр яхуепхэ, мастэ яхеӀу.— Щынэхужьыкъуэ, 8

Дохутырыр иувыкӀауэ щытахэри сэбэп зэрыхъуным и ужь иту, Ӏэпыдзлъэпыдз хъарзынэу къыщӀэкӀащ, сымаджэм мастэ хэӀун хуей щыхъум, тӀум зэуэ зрач, абы гу щылъыстэм, къызгурыӀуащ ахэр Камизэхэ я пхъум щышынэу зэрыщытар, иджы еплъ, узыхуейр къыпхуащӀэнущ, я фӀэщ сызэрыхъур абыкӀэ уощӀэ, сэри согугъу, сыщымыуащэрэт жысӀэу.— Лъапсэ, 21

МастэкӀэ псынэ (псыкъуий) къэтӀын(2). Ӏуэхугъуэ гуэрым хуабжьу гугъу удехьу, бэлыхь дэпшэчу зэфӀэхын. МастэкӀэ псынэ къэптӀыныр нэхъ тыншщ, итӀани Лу а Ӏуэхум (игъащӀэм хьэрф къизымытхъам тхылъ ебгъэщӀэныр) кӀэ иритыфащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502

[Къазджэрий Лу жриӀэу:] ЩӀэныгъэ зэбгъэгъуэтынри мастэкӀэ псыкъуий къэптӀынри зэхуэдэщ, жаӀэу зэхэпхакъэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602

Deyimler (1)

мастэ дэупӀэ имыӀэн

ЦӀыху куэд (Ӏув) зы щӀыпӀэм щызэхуэсам деж жаӀэ.

ЦӀыкӀуи ини, фызыжьи, лӀыжьи, щӀали, хъыджэбзи къызэхуэсам

Kitapta geçtiği hali

МАСТЭ (4). 1. (3). Ӏуданэ зрау, гъущӀ папцӀэ псыгъуэ зэрыдэ. Фыз мурадыр ещхьщ Ӏуданэм, мастэм хуэдэу пцӀыкӀэ мадэ. ЦӀыхубзым я пцӀыр зымыдэм… «Батырыбжьэ», 120. Уэркъ Тамбий и гуащэм къеузати, згъэхъужащ, абы къыщынэмыщӀауэ лафкӀэтет ФӀыцӀэ и пхъум ефыкӀати, тхьэрщ, тхьэм ужькӀэ си хущхъуэр арщ зыгъэхъужар, - жиӀэу Чачэ сымаджэм и гъуэлъыпӀэ кӀапэм хуэм дыдэу, мастэ къыхэуэн хуэдэу, тетӀысхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 71. [Къулыр Якъуб тепсэлъыхьыу] ЗанщӀэу бзэхат, мэкъугум зэхуа мастэм хуэдэу. Нал къута, 245. 2. (1). Фэ щӀагъым хущхъуэ зэрыхашэ. Сымаджэм мастэр къыхичыжати, лъым и пӀэкӀэ уэтэпс къижу щилъагъум, гужьеяуэ и щӀыфэм епӀэскӀужащ, ар зэрымыузыр фӀэгъэщӀэгъуэну [Ӏузизэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. ◊ Мастэ хэӀун (9). Сымаджэм хущхъуэ мастэкӀэ хэгъэлъэдэн. КъыпхаӀуу мастэ Пшэчащи куэд, Жэнэтщ уи мащэр – гуауэр щокӀуэд. АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… «Вагъуэ махуэ», 95. И анэр еджакӀуэ цӀыкӀухэм махуэ къэс яхэтыху, Данэ цӀыкӀу гуащэм еӀэзэу мэджэгу – уӀэгъэр яхуепхэ, мастэ яхеӀу. Щынэхужьыкъуэ, 8. Дохутырыр иувыкӀауэ щытахэри сэбэп зэрыхъуным и ужь иту, Ӏэпыдзлъэпыдз хъарзынэу къыщӀэкӀащ, сымаджэм мастэ хэӀун хуей щыхъум, тӀум зэуэ зрач, абы гу щылъыстэм, къызгурыӀуащ ахэр Камизэхэ я пхъум щышынэу зэрыщытар, иджы еплъ, узыхуейр къыпхуащӀэнущ, я фӀэщ сызэрыхъур абыкӀэ уощӀэ, сэри согугъу, сыщымыуащэрэт жысӀэу. Лъапсэ, 21. МастэкӀэ псынэ (псыкъуий) къэтӀын (2). Ӏуэхугъуэ гуэрым хуабжьу гугъу удехьу, бэлыхь дэпшэчу зэфӀэхын. МастэкӀэ псынэ къэптӀыныр нэхъ тыншщ, итӀани Лу а Ӏуэхум (игъащӀэм хьэрф къизымытхъам тхылъ ебгъэщӀэныр) кӀэ иритыфащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. [Къазджэрий Лу жриӀэу:] ЩӀэныгъэ зэбгъэгъуэтынри мастэкӀэ псыкъуий къэптӀынри зэхуэдэщ, жаӀэу зэхэпхакъэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 602. ◊ Мастэ дэупӀэ имыӀэн (1). ЦӀыху куэд (Ӏув) зы щӀыпӀэм щызэхуэсам деж жаӀэ. ЦӀыкӀуи ини, фызыжьи, лӀыжьи, щӀали, хъыджэбзи къызэхуэсам

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

iğne

Düzeltme Öner

мастэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.