лъэӀуэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
лъэӀон/лъэӀуэн (мэлъаӀо/мэлъаӀуэ), лъэӀокӀон/лъэӀуакӀуэн (мэлъэӀуакӀо /мэлъэӀуакӀуэ); DİLENMEK
лъэӀон/лъэӀуэн (мэлъаӀо/мэлъаӀуэ); YALVARMAK (~işini yapmak)
лъэӀуэн/лъэӀон; YALVARMAK (~işini yapmak)
лъэӀуэн → лъэӀон; DİLENMEK
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: лъэӀон
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэлъаӀуэ)
Зыгуэр къегъэщӀэнӀауэ, хьэтыр къыпыхыну лъэӀу ехьэлӀэн.
рупросить
СыволъэӀур фынеблагъэ.— Жаным Борис
+1 örnek
Ар лъаӀуэрт дигу дымыгъэныкъуэну.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
лъэӀуэн (мэлъаӀуэ) неперех. гл. просить / Зыгуэр къегъэщӀэнӀауэ, хьэтыр къыпыхыну лъэӀу ехьэлӀэн. * СыволъэӀур фынеблагъэ. Ж. Б. Ар лъаӀуэрт дигу дымыгъэныкъуэну. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэлъаӀуэ)
Зыгуэр къыпыпхыну е ебгъэщӀэну лъэӀу ехьэлӀэн.
Мис итӀанэ ар къыпховэ, ЛъаӀуэу щӀедзэ ахъшэ щӀыхуэ: «КхъыӀэ, Ӏейуэ согузавэ, Зы сомищэ, си къуэшышхуэ, Къызэптатэм сщыгъупщэнкъым, СыткӀи соӀуэ уэзмытыжмэ» Ар ептамэ бгъуэтыжынкъым, ПцӀы еупсыр ухуэзамэ.— Дыгъу жыхуаӀэр сыт? Бгы лъапэхэм деж, 126
+2 örnek
ЖэщкӀэ Хьэбибэ гъуэлъыжамэ, жейм емызэгъыу куэдрэ хэлът. Нэмэзыбзэу ищӀэр къибжырт, Алыхьым елъэӀуу: ялыхьу гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ, цӀыхур зэлъэӀуу зыми емылъэӀуж, сынолъэӀу, си нысэ закъуэм фызабэ джанэ щомыгъэтӀэгъэну, си щӀалэр псэууэ къысхуэпхьыжыну.— Щынэхужьыкъуэ, 28
Сеймэным шкӀэр иӀыгът, афэ джанэу, быкӀэ зихъумэн и хьисэпу, и нитӀри, гужьеяуэ, къихурт, лъэгуажьэмыщхьэу къэувауи лъаӀуэрт: - СумыукӀ, сыгъэпсалъэ, сумыукӀ, си къуэш, сумыукӀыу сыгъэпсалъэ!— Лъапсэ, 52
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭӀУЭН (мэлъаӀуэ) лъэмыӀ. (65). Зыгуэр къыпыпхыну е ебгъэщӀэну лъэӀу ехьэлӀэн. Мис итӀанэ ар къыпховэ, ЛъаӀуэу щӀедзэ ахъшэ щӀыхуэ: «КхъыӀэ, Ӏейуэ согузавэ, Зы сомищэ, си къуэшышхуэ, Къызэптатэм сщыгъупщэнкъым, СыткӀи соӀуэ уэзмытыжмэ» Ар ептамэ бгъуэтыжынкъым, ПцӀы еупсыр ухуэзамэ. Дыгъу жыхуаӀэр сыт? «Бгы лъапэхэм деж», 126. ЖэщкӀэ Хьэбибэ гъуэлъыжамэ, жейм емызэгъыу куэдрэ хэлът. Нэмэзыбзэу ищӀэр къибжырт, Алыхьым елъэӀуу: ялыхьу гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ, цӀыхур зэлъэӀуу зыми емылъэӀуж, сынолъэӀу, си нысэ закъуэм фызабэ джанэ щомыгъэтӀэгъэну, си щӀалэр псэууэ къысхуэпхьыжыну. Щынэхужьыкъуэ, 28. Сеймэным шкӀэр иӀыгът, афэ джанэу, быкӀэ зихъумэн и хьисэпу, и нитӀри, гужьеяуэ, къихурт, лъэгуажьэмыщхьэу къэувауи лъаӀуэрт: - СумыукӀ, сыгъэпсалъэ, сумыукӀ, си къуэш, сумыукӀыу сыгъэпсалъэ! Лъапсэ, 52.