лъэныкъуэегъэз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (2)
лъэныкъуэегъэз хъун
рууединиться.
лъэныкъуэегъэз щӀын
руубрать, спрятать что-л.
Kitapta geçtiği hali
лъэныкъуэегъэз лъэныкъуэегъэз хъун уединиться. Лъэныкъуэегъэз щӀын убрать, спрятать что-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (2)
лъэныкъуэегъэз щӀын
1. Еплъ: лъэныкъуэ егъэзын
Щэрданхэ нэхъ шыфӀ дыдэу яӀэри лъэныкъуэегъэз ищӀри Жыраслъэн унэмрэ шэщымрэ мафӀэ щӀидзэжащ, «ар ягъэункӀыфӀу и ужь итурэ пхъэр ныскӀэлъагъэкӀуэнкъым», жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
+2 örnek
ЗылъэкӀыр лъэуейм дэлъеящ, джэдкъутхэми гузэвэгъуэм гу щылъатэм, загъэбырыбри зэрыгъэкӀийуэ, зэщӀэкъакъэу я шырхэр лъэныкъуэегъэз ящӀащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
Кодоевым картэр къыӀихри хьэщӀэм и пащхьэм ирилъхьащ, тепщэч сытхэр лъэныкъуэегъэз ищӀри.— Лъапсэ, 87
2. УкӀын, псэр хэхын.
Абы дэсыр Якъуб и отрядыр арамэ, хуэфащэ хъунщ – Якъубыр лъэныкъуэегъэз ищӀынщ, отрядыр иришэжьэжынщи, партизану ежьэжынщ [Локотош].— Нал къута, 245
лъэныкъуэегъэз зыщӀын
ЗыгъэпщкӀун, зыгуэрым зыкъемыгъэлъагъун, зыгъэкӀуэдын.
Локотош лъэныкъуэегъэз зищӀащи, бгъуэтыжрэ.— Нал къута, 262
+1 örnek
Къуажэм хъыбар дэлъщ Чокэ лъэныкъуэегъэз зищӀауэ.— Нал къута, 275
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭНЫКЪУЭЕГЪЭЗ: ◊ лъэныкъуэегъэз щӀын (15). 1. (14). Еплъ лъэныкъуэ егъэзын. Щэрданхэ нэхъ шыфӀ дыдэу яӀэри лъэныкъуэегъэз ищӀри Жыраслъэн унэмрэ шэщымрэ мафӀэ щӀидзэжащ, «ар ягъэункӀыфӀу и ужь итурэ пхъэр ныскӀэлъагъэкӀуэнкъым», жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 256. ЗылъэкӀыр лъэуейм дэлъеящ, джэдкъутхэми гузэвэгъуэм гу щылъатэм, загъэбырыбри зэрыгъэкӀийуэ, зэщӀэкъакъэу я шырхэр лъэныкъуэегъэз ящӀащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. Кодоевым картэр къыӀихри хьэщӀэм и пащхьэм ирилъхьащ, тепщэч сытхэр лъэныкъуэегъэз ищӀри. Лъапсэ, 87. 2. (1). УкӀын, псэр хэхын. Абы дэсыр Якъуб и отрядыр арамэ, хуэфащэ хъунщ – Якъубыр лъэныкъуэегъэз ищӀынщ, отрядыр иришэжьэжынщи, партизану ежьэжынщ [Локотош]. Нал къута, 245. Лъэныкъуэегъэз зыщӀын (2). ЗыгъэпщкӀун, зыгуэрым зыкъемыгъэлъагъун, зыгъэкӀуэдын. Локотош лъэныкъуэегъэз зищӀащи, бгъуэтыжрэ. Нал къута, 262. Къуажэм хъыбар дэлъщ Чокэ лъэныкъуэегъэз зищӀауэ. Нал къута, 275.