лъэныкъуэ егъэзын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
лъэныкъуэ
1. ЗдэӀуэнтӀа, здэгъэза щӀыпӀэ къэзыгъэлъагъуэ.
русторона
Лъэныкъуэ псомкӀи.
+2 örnek
Жылэм дызэрыдэкӀыу цӀыху тӀурытӀ-щырыщурэ зыдгуэшри лъэныкъуэ зэрызкӀэ дунэтӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ
Сэ си нэр тенауэ уэшхыр щылъащэ лъэныкъуэмкӀэ сыплъэрт.— Ӏуащхьэмахуэ
2. ТӀурытӀу зэщӀыгъу е зэхэлъ хабзэ хьэпшыпхэм, е Ӏэпкълъэпкъым щыщ Ӏыхьэхэм яз.
руодин из пары чего-л.
Вакъэ лъэныкъуэ.
+1 örnek
Лу Ӏэ лъэныкъуэкӀэ иӀыгът шхуэмылакӀэр.— Ӏуащхьэмахуэ
3. Хэку; щӀыпӀэ.
рукрай, область
Тэрч лъэныкъуэ.
4. Ӏуэхугъуэ гуэрым и зы Ӏыхьэ (тхыгъэм н. къ.).
русторона, составная часть чего-л.
Лъэныкъуэ куэдкӀэ бгъэдохьэ усакӀуэр щалъхуа хэкум и образым.— Нало Заур
Bu maddedeki ifadeler (5)
лъэныкъуэ егъэзын
руукрыть, убрать кого-что-л.
Дыгъужьыр жеихукӀэ бажэжь цӀыкӀум дзажэр лъэныкъуэ иригъэзащ.— Черкес таурыхъхэр
лъэныкъуэ емыхьэкӀын
руне скрывать, не утаивать
чего-л. Лъэныкъуэ емыхьэкӀыу къэхъуар жыӀэн.
лъэныкъуэ зегъэзын
руустраниться; скрыться.
и лъэныкъуэ хъун
рустать чьим-л. сторонником, союзником.
Абы хуэдэ къабзэу зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ.— КӀыщокъуэ Алим
зы лъэныкъуэкӀэ
Еплъ: зы
Kitapta geçtiği hali
егъэзын I каузатив к зын / Зын псалъэм и каузатив. Махъсымэ егъэзын. Шэр егъэзын. II: лъэныкъуэ егъэзын см. лъэныкъуэ.
лъэныкъуэ 1. сторона / ЗдэӀуэнтӀа, здэгъэза щӀыпӀэ къэзыгъэлъагъуэ. Лъэныкъуэ псомкӀи. * Жылэм дызэрыдэкӀыу цӀыху тӀурытӀ-щырыщурэ зыдгуэшри лъэныкъуэ зэрызкӀэ дунэтӀащ. Ӏуащхь. Сэ си нэр тенауэ уэшхыр щылъащэ лъэныкъуэмкӀэ сыплъэрт. Ӏуащхь. 2. один из пары чего-л. / ТӀурытӀу зэщӀыгъу е зэхэлъ хабзэ хьэпшыпхэм, е Ӏэпкълъэпкъым щыщ Ӏыхьэхэм яз. Вакъэ лъэныкъуэ. * Лу Ӏэ лъэныкъуэкӀэ иӀыгът шхуэмылакӀэр. Ӏуащхь. 3. переносное край, область / Хэку; щӀыпӀэ. Тэрч лъэныкъуэ. 4. переносное сторона, составная часть чего-л. / Ӏуэхугъуэ гуэрым и зы Ӏыхьэ (тхыгъэм н. къ.). * Лъэныкъуэ куэдкӀэ бгъэдохьэ усакӀуэр щалъхуа хэкум и образым. Н. З. Лъэныкъуэ егъэзын укрыть, убрать кого-что-л. * Дыгъужьыр жеихукӀэ бажэжь цӀыкӀум дзажэр лъэныкъуэ иригъэзащ. Черк. таур. Лъэныкъуэ емыхьэкӀын не скрывать, не утаивать чего-л. Лъэныкъуэ емыхьэкӀыу къэхъуар жыӀэн. Лъэныкъуэ зегъэзын устраниться; скрыться. И лъэныкъуэ хъун стать чьим-л. сторонником, союзником. * Абы хуэдэ къабзэу зигу хьэрэм имылъ псори ди лъэныкъуэ хъунущ. КӀ. А. Зы лъэныкъуэкӀэ см. зы.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
егъэзын
(ирегъэз)
Зыгуэрым увыӀэпӀэ етын.
Дырагъэзами зэвыпӀэм Ер щымывэр ди щӀыпӀэщ. «— ЩӀалэгъуэр щӀыналъэ, 427
+1 örnek
Дыгъэр «нэужьыдзэ» и зы дзэу нэхъ къахэкӀиикӀым хуэзанщӀэ хъумэ – пщыхьэщхьэщ, Ӏэщыр егъэзыжа зэрыхъуным иужь ит— Щынэхужьыкъуэ, 65
Deyimler (1)
лъэныкъуэ егъэзын
Еплъ: лъэныкъуэ
лъэныкъуэ
1. Зыгуэр здэгъэза, здэунэтӀа, здэщыӀэ щӀыпӀэ къэзыгъэлъагъуэ.
Уэрамыбгъу лъэныкъуэр бжыхьщ, гъуанэпщӀанэ хъужауэ, адрей лъэныкъуэр мывэ сэрейуэ екӀуэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 63
+2 örnek
Куэбжэм ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀи окоп къатӀри пулемет ягъэуващи, абыкӀи бгъазэ хъунукъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
[Дэфэрэдж] Зиплъыхьмэ, пщӀантӀэшхуэщ, мывэ сэрей лъагэкӀэ къэщӀыхьауэ, зы лъэныкъуэмкӀэ гуэщ кӀыхь дыди щытщ, унэм къызэрыгуэкӀ щӀагъуэ щымыӀэу, гуэщымкӀэ къиӀукӀыу гъы макъи зэхыбох, жэщыр здынэсари пщӀэнукъым.— Лъапсэ, 31
2. ТӀурытӀу зэгъусэ, е зэхэлъ хабзэ хьэпшыпхэм, е Ӏэпкълъэпкъхэм щыщ зы Ӏыхьэ.
Мурад къызэрилъытэмкӀэ, Астемыр абрэдж дыдэми едэ, жиӀэр ищӀэ закъуэмэ, здигъакӀуэм кӀуэрэ Ӏуэхутхьэбзэр зэфӀигъэкӀмэ, итӀани, и Ӏэ гъуа лъэныкъуэр жыпым къримыхыу, мыдрей лъэныкъуэмкӀэ и пащӀэр иӀуантӀэурэ, лӀитӀым жаӀэм едэӀуащ, тӀэу фӀэкӀа мыхущхьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162
+2 örnek
Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбрыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
ПхэщӀ лъэныкъуэмкӀэ гум ису, лъакъуэ лъэныкъуэри гупэ Ӏунэм тету, езыри уецырхъамэ, къехуэхын къудейуэ къэрэгъулыр къежьэжащ, и гуфэр хьэлэчу гум щихъуэу.— Лъапсэ, 47
3. Хэку, щӀыпӀэ пыухыкӀа.
Зэгуэр Жыраслъэн Псыжь лъэныкъуэкӀэ мазэ зытӀущ къыщыхэтауэ къигъэзэжат, ауэ фызыр бгъуэтым къащтэ: унэр нэщӀу къигъанэри, макӀуэ-мэлъей, ежьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 86
+2 örnek
Кавказ лъэныкъуэ кърухэр щыкӀуэм Я азэнджакӀуэр йолъэӀу: - Тхуехыж сэламыр адэжь щӀыналъэм.— УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75
Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэмкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ.— Нал къута, 239
4. Зыгуэрым и телъхьэ, къыдэщӀ, и Ӏуэхур дэзыӀыгъ.
Мы щӀыналъэм щалъхуа-щапӀар Гитлер и лъэныкъуэ хъуауэ дауэ къэкӀуэжынкӀэ хъуа, жиӀэу зэгуэудырт [Апчарэ].— Щынэхужьыкъуэ, 67
+1 örnek
Пащтыхьым и унафэщӀхэр зи лъэныкъуэр шы зыгъэхъухэр арати, Ӏэщ зиӀэм я гум техуакъым, зыкъаӀэтри я хъупӀэ яубыдар къытрахыжыну и ужь ихьащ.— Лъапсэ, 81
5. ЗэпэщӀэт, зэныкъуэкъу гуэрхэм языхэз.
ЛъэныкъуитӀри икӀуэтынутэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617
+2 örnek
ЛъэныкъуитӀыр зэгурыӀуэн хьисэпкӀэ Зулкъэрней игъакӀуэри Кубанцевыр къригъэшащ заседанэм, госпиталь зыщӀэлъым къыщӀригъэшри.— Щынэхужьыкъуэ, 41
Губгъуэрысхэмрэ къалэдэсхэмрэ бжьэцу зэрызехьэу, пащӀэгъэлыгъуэ джэгу хэлъ жыхуаӀэу, лъэныкъуитӀым зызэраупсеят, я къурмакъейр зэрыубыдауэ.— Кхъэлэгъунэ, 377
Deyimler (3)
лъэныкъуэ егъэзын
1. ЗдэщыӀэр мыхъуу нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ щыгъэтӀылъын, Ӏухын.
Бэлацэрэ Темботрэ Елдар дэӀэпыкъуурэ гум илъа хьэпшыпхэр иралъхьэжащ, мэкъу къакӀэрыщэщари зэщӀакъуэжри, лъэныкъуэ ирагъэзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 276
2. ТекӀуэн, игъэкӀуэтын.
Жансэхъу словарыр и гуфӀакӀэм къыдихри щэху цӀыкӀуу псалъэ гуэрхэр къилъыхъуэу хуежьащ, Матренэр лъэныкъуэ иригъэзын и мураду.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 561
+1 örnek
Ем ди хъерыр химыгъахъуэу, Зы бэуапӀи къыдимыту, Хэкум фӀыгъуэ щӀимыгъахъуэу, Джатэ уасэу дыкъилъытэу Тыркум куэдрэ дезэуакъэ, Бийр лъэныкъуэ едгъэзакъэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51
лъэныкъуэ зегъэзын
ЗыщӀыпӀэкӀэ ӀукӀуэтын, Ӏуэхур щекӀуэкӀ щӀыпӀэм пэщӀэкӀуэтын.
Саримэ уэрамым къыщыхуэзэмэ, Елдар укӀытэрти зыхуимыгъэзэн щхьэкӀэ лъэныкъуэ зригъэзырт, хъыджэбзым зыкъримыгъэлъагъуу, нобэ ар абы хуэзатэмэ, дуней насыпу къилъытэнут.— Хъуэпсэгъуэ нур, 129
+1 örnek
Джэгум хэта щӀалэхэм лъэныкъуэ зрагъэзауэ нэхъыжьхэм къахуеплъэкӀт, Ӏэгу къахуеуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598
[и]лъэныкъуэ хъун
ЗэпэщӀэтхэм язым и телъхьэ, и гъусэ хъун.
Командирымрэ комиссарымрэ зызэрапщыт хъужыкъуэмэ, Азрэт зи лъэныкъуэ хъунур Локотош ищӀэмэ, нэхъыфӀкъэ.— Нал къута, 303
Kitapta geçtiği hali
ЕГЪЭЗЫН (ирегъэз) лъэӀ. (4). Зыгуэрым увыӀэпӀэ етын. Дырагъэзами зэвыпӀэм Ер щымывэр ди щӀыпӀэщ. «ЩӀалэгъуэр щӀыналъэ», 427. Дыгъэр «нэужьыдзэ» и зы дзэу нэхъ къахэкӀиикӀым хуэзанщӀэ хъумэ – пщыхьэщхьэщ, Ӏэщыр егъэзыжа зэрыхъуным иужь ит. Щынэхужьыкъуэ, 65. ◊ Лъэныкъуэ егъэзын (7). Еплъ лъэныкъуэ.
ЛЪЭНЫКЪУЭ (115). 1. (34). Зыгуэр здэгъэза, здэунэтӀа, здэщыӀэ щӀыпӀэ къэзыгъэлъагъуэ. Уэрамыбгъу лъэныкъуэр бжыхьщ, гъуанэпщӀанэ хъужауэ, адрей лъэныкъуэр мывэ сэрейуэ екӀуэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 63. Куэбжэм ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀи окоп къатӀри пулемет ягъэуващи, абыкӀи бгъазэ хъунукъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. [Дэфэрэдж] Зиплъыхьмэ, пщӀантӀэшхуэщ, мывэ сэрей лъагэкӀэ къэщӀыхьауэ, зы лъэныкъуэмкӀэ гуэщ кӀыхь дыди щытщ, унэм къызэрыгуэкӀ щӀагъуэ щымыӀэу, гуэщымкӀэ къиӀукӀыу гъы макъи зэхыбох, жэщыр здынэсари пщӀэнукъым. Лъапсэ, 31. 2. (48). ТӀурытӀу зэгъусэ, е зэхэлъ хабзэ хьэпшыпхэм, е Ӏэпкълъэпкъхэм щыщ зы Ӏыхьэ. Мурад къызэрилъытэмкӀэ, Астемыр абрэдж дыдэми едэ, жиӀэр ищӀэ закъуэмэ, здигъакӀуэм кӀуэрэ Ӏуэхутхьэбзэр зэфӀигъэкӀмэ, итӀани, и Ӏэ гъуа лъэныкъуэр жыпым къримыхыу, мыдрей лъэныкъуэмкӀэ и пащӀэр иӀуантӀэурэ, лӀитӀым жаӀэм едэӀуащ, тӀэу фӀэкӀа мыхущхьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбрыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. ПхэщӀ лъэныкъуэмкӀэ гум ису, лъакъуэ лъэныкъуэри гупэ Ӏунэм тету, езыри уецырхъамэ, къехуэхын къудейуэ къэрэгъулыр къежьэжащ, и гуфэр хьэлэчу гум щихъуэу. Лъапсэ, 47. 3. (11). зэхь. Хэку, щӀыпӀэ пыухыкӀа. Зэгуэр Жыраслъэн Псыжь лъэныкъуэкӀэ мазэ зытӀущ къыщыхэтауэ къигъэзэжат, ауэ фызыр бгъуэтым къащтэ: унэр нэщӀу къигъанэри, макӀуэ-мэлъей, ежьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 86. Кавказ лъэныкъуэ кърухэр щыкӀуэм Я азэнджакӀуэр йолъэӀу: - Тхуехыж сэламыр адэжь щӀыналъэм. УситӀ, Щам щыстхауэ. «Батырыбжьэ», 75. Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэмкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ. Нал къута, 239. 4. (12). Зыгуэрым и телъхьэ, къыдэщӀ, и Ӏуэхур дэзыӀыгъ. Мы щӀыналъэм щалъхуа-щапӀар Гитлер и лъэныкъуэ хъуауэ дауэ къэкӀуэжынкӀэ хъуа, жиӀэу зэгуэудырт [Апчарэ]. Щынэхужьыкъуэ, 67. Пащтыхьым и унафэщӀхэр зи лъэныкъуэр шы зыгъэхъухэр арати, Ӏэщ зиӀэм я гум техуакъым, зыкъаӀэтри я хъупӀэ яубыдар къытрахыжыну и ужь ихьащ. Лъапсэ, 81. 5. (4). ЗэпэщӀэт, зэныкъуэкъу гуэрхэм языхэз. ЛъэныкъуитӀри икӀуэтынутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. ЛъэныкъуитӀыр зэгурыӀуэн хьисэпкӀэ Зулкъэрней игъакӀуэри Кубанцевыр къригъэшащ заседанэм, госпиталь зыщӀэлъым къыщӀригъэшри. Щынэхужьыкъуэ, 41. Губгъуэрысхэмрэ къалэдэсхэмрэ бжьэцу зэрызехьэу, пащӀэгъэлыгъуэ джэгу хэлъ жыхуаӀэу, лъэныкъуитӀым зызэраупсеят, я къурмакъейр зэрыубыдауэ. Кхъэлэгъунэ, 377. ◊ Лъэныкъуэ егъэзын (7). 1. (3). ЗдэщыӀэр мыхъуу нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ щыгъэтӀылъын, Ӏухын. Бэлацэрэ Темботрэ Елдар дэӀэпыкъуурэ гум илъа хьэпшыпхэр иралъхьэжащ, мэкъу къакӀэрыщэщари зэщӀакъуэжри, лъэныкъуэ ирагъэзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 276. 2. (4). зэхь. ТекӀуэн, игъэкӀуэтын. Жансэхъу словарыр и гуфӀакӀэм къыдихри щэху цӀыкӀуу псалъэ гуэрхэр къилъыхъуэу хуежьащ, Матренэр лъэныкъуэ иригъэзын и мураду. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 561. Ем ди хъерыр химыгъахъуэу, Зы бэуапӀи къыдимыту, Хэкум фӀыгъуэ щӀимыгъахъуэу, Джатэ уасэу дыкъилъытэу Тыркум куэдрэ дезэуакъэ, Бийр лъэныкъуэ едгъэзакъэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. Лъэныкъуэ зегъэзын (13). ЗыщӀыпӀэкӀэ ӀукӀуэтын, Ӏуэхур щекӀуэкӀ щӀыпӀэм пэщӀэкӀуэтын. Саримэ уэрамым къыщыхуэзэмэ, Елдар укӀытэрти зыхуимыгъэзэн щхьэкӀэ лъэныкъуэ зригъэзырт, хъыджэбзым зыкъримыгъэлъагъуу, нобэ ар абы хуэзатэмэ, дуней насыпу къилъытэнут. Хъуэпсэгъуэ нур, 129. Джэгум хэта щӀалэхэм лъэныкъуэ зрагъэзауэ нэхъыжьхэм къахуеплъэкӀт, Ӏэгу къахуеуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 598. [И]лъэныкъуэ хъун (1). ЗэпэщӀэтхэм язым и телъхьэ, и гъусэ хъун. Командирымрэ комиссарымрэ зызэрапщыт хъужыкъуэмэ, Азрэт зи лъэныкъуэ хъунур Локотош ищӀэмэ, нэхъыфӀкъэ. Нал къута, 303.