лъэлъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэлъалъэ)
1. ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыхун, зэхэкъутэн, зэхэщэщэн.
рурассыпаться, раскрошиться
Тепщэчыр лъэлъэн.
2. КӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэпуурэ, къытезыгъэзэж Ӏэуэлъауэ, макъ Ӏун.
руиздавать частые, дробные звуки
Ӏэгуауэр мэлъалъэ.
+1 örnek
ТешанкӀэм ит пулеметыр "пӀыпӀыпӀ" жиӀэу лъалъэу уащ.— КӀыщокъуэ Алим
3. Еплъ: лъэлъэжын
Гугъэм и пщӀащэхэр лъэлъэну а дахэ шырыр хуеякъым.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
4. Зэрыхъауэ щӀа хьэпшыпхэр зэфӀэтхъын, къичын.
рураспуститься (о вязанных вещах)
Лъэпэдыр лъэлъэн. Цыджанэр лъэлъэн.
Kitapta geçtiği hali
лъэлъэн I (мэлъалъэ) неперех. гл. 1. рассыпаться, раскрошиться / ЦӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыхун, зэхэкъутэн, зэхэщэщэн. Тепщэчыр лъэлъэн. 2. переносное издавать частые, дробные звуки / КӀэщӀ-кӀэщӀурэ зэпуурэ, къытезыгъэзэж Ӏэуэлъауэ, макъ Ӏун. Ӏэгуауэр мэлъалъэ. * ТешанкӀэм ит пулеметыр "пӀыпӀыпӀ" жиӀэу лъалъэу уащ. КӀ. А. 3. переносное см. лъэлъэжын. * Гугъэм и пщӀащэхэр лъэлъэну а дахэ шырыр хуеякъым. Щ. А. 4. распуститься (о вязанных вещах) / Зэрыхъауэ щӀа хьэпшыпхэр зэфӀэтхъын, къичын. Лъэпэдыр лъэлъэн. Цыджанэр лъэлъэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэлъалъэ
лъэмыӀ
1. Зыгуэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэ зэпкърыщэщын, къутэн.
Уэр гъуэгум тезу телъщи мэщхъыщхъ, мэлъалъэ, шыр фӀалъэкӀэ хэувэмэ, шэрхъыр хэлъадэмэ.— Щынэхужьыкъуэ, 53
+1 örnek
МафӀэсым ису унэр лъалъэт, Сабий гузасэу ныбгъэдэту, Шынауэ а зеиншэр зи мыпсалъэт, Гъын куэдым и гур хигъэлъэту.— Сабий. «Шум и гъуэгу», 19
2. Ӏэщэ зэмылӀэужьыгъуэхэр кӀэщӀ-кӀэщӀурэ макъ къытезыгъэзэжхэр ящӀу зэрыуэ щӀыкӀэ.
Биишэу зауэм щылъалъэр И щӀалэм лъыхъуэу къыфӀощӀыр, ГуфӀэгъуэм зэми щыгугъыу, Къэрней фӀэфӀахэр къигъуэтмэ, «Тхьэм къысхуихьыжмэ, ишхынкъэ», - ЖиӀэу шхын гуэрхэр егъэпщкӀур. «— Адэ, 129
+2 örnek
Зауае гуащӀэм и лыгъэу Топышэ мафӀэр мэлъалъэр, Ди хэку и щӀыхьыр, и лӀыгъэр Нахуэ щыхъунур къэхъуакъэ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 37
Пулеметри автоматри лъалъэу, гранатэри адэкӀэ-мыдэкӀэ кърадзых.— Нал къута, 300
3. ЗэщӀэсысэн, зэщӀэзджыжьджэн, зэщӀэхъейен.
Мес, танк гуэрым зигъэбгъунлъэу А члисэм бгъэдокӀуатэ, къуагъым къуэту Марфэ къоплъэ, танкым шэхэр тракӀутэ, сэлэт гуэри мис къопщылӀэ, Ӏугъуэм псори зэщӀищтащ, бомбэр къоуэ, щӀыр мэлъалъэ, Танкыр псэууэ мис къэнащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 163
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭЛЪЭН (мэлъалъэ) лъэмыӀ. (6). 1. (2). Зыгуэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэ зэпкърыщэщын, къутэн. Уэр гъуэгум тезу телъщи мэщхъыщхъ, мэлъалъэ, шыр фӀалъэкӀэ хэувэмэ, шэрхъыр хэлъадэмэ. Щынэхужьыкъуэ, 53. МафӀэсым ису унэр лъалъэт, Сабий гузасэу ныбгъэдэту, Шынауэ а зеиншэр зи мыпсалъэт, Гъын куэдым и гур хигъэлъэту. Сабий. «Шум и гъуэгу», 19. 2. (3). Ӏэщэ зэмылӀэужьыгъуэхэр кӀэщӀ-кӀэщӀурэ макъ къытезыгъэзэжхэр ящӀу зэрыуэ щӀыкӀэ. Биишэу зауэм щылъалъэр И щӀалэм лъыхъуэу къыфӀощӀыр, ГуфӀэгъуэм зэми щыгугъыу, Къэрней фӀэфӀахэр къигъуэтмэ, «Тхьэм къысхуихьыжмэ, ишхынкъэ», - ЖиӀэу шхын гуэрхэр егъэпщкӀур. «Адэ», 129. Зауае гуащӀэм и лыгъэу Топышэ мафӀэр мэлъалъэр, Ди хэку и щӀыхьыр, и лӀыгъэр Нахуэ щыхъунур къэхъуакъэ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 37. Пулеметри автоматри лъалъэу, гранатэри адэкӀэ-мыдэкӀэ кърадзых. Нал къута, 300. 3. (1). зэхь. ЗэщӀэсысэн, зэщӀэзджыжьджэн, зэщӀэхъейен. Мес, танк гуэрым зигъэбгъунлъэу А члисэм бгъэдокӀуатэ, къуагъым къуэту Марфэ къоплъэ, танкым шэхэр тракӀутэ, сэлэт гуэри мис къопщылӀэ, Ӏугъуэм псори зэщӀищтащ, бомбэр къоуэ, щӀыр мэлъалъэ, Танкыр псэууэ мис къэнащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 163.