лъэлъэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэлъэлъэж)
1. Аргуэру зэпкърыхун, зэхэщэщэн, къару трагъэкӀуадэу ящӀа зыгуэр цӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыхужын, зэхэщэщэжын.
рувновь рассыпаться, раскрошиться
Бжыхь лъэлъэжам адкӀэ уплъэмэ, Иналхэ я пщӀантӀэм цӀыхур щызэрызехьэрт.— КӀыщокъуэ Алим
2. Зэмыгъусэж хъун, зэбгрыкӀыжын (гупыр). Гупыр лъэлъэжын.
рурасколоться, распасться (о компании)
3. ГъащӀэм щыщ Ӏуэхугъуэ гуэр къимыкӀауэ къутэжын.
русорваться, не удаться (о деле, намерении и т. п.)
Ланэ дахэм и гуапагъэр пщӀыхьым хуэдэу лъэлъэжащ.— Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
лъэлъэжын (мэлъэлъэж) неперех. гл. 1. вновь рассыпаться, раскрошиться / Аргуэру зэпкърыхун, зэхэщэщэн, къару трагъэкӀуадэу ящӀа зыгуэр цӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыхужын, зэхэщэщэжын. * Бжыхь лъэлъэжам адкӀэ уплъэмэ, Иналхэ я пщӀантӀэм цӀыхур щызэрызехьэрт. КӀ. А. 2. переносное расколоться, распасться (о компании) / Зэмыгъусэж хъун, зэбгрыкӀыжын (гупыр). Гупыр лъэлъэжын. 3. переносное сорваться, не удаться (о деле, намерении и т. п.) / ГъащӀэм щыщ Ӏуэхугъуэ гуэр къимыкӀауэ къутэжын. * Ланэ дахэм и гуапагъэр пщӀыхьым хуэдэу лъэлъэжащ. Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
мэлъэлъэж
лъэмыӀ.
1. ЯщӀа гуэр аргуэру зэпкърыхун, зэхэщэщэн, къутэжын. -409.
Нобэ уеплъмэ блыныр лъагэу Щхьэ темылъу мэлъэлъэжыр. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 408
+1 örnek
Бжыхь лъэлъэжам адэкӀэ уплъэмэ, Иналхэ я пщӀантӀэм цӀыхур щызэрызехьэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576
2. ГъащӀэм щыщ Ӏуэхугъуэ гуэр къимыкӀӀауэ къутэжын.
[Чачэ:] Алыхьталэм и ӀэмыркӀэ бэлшэвч Ӏуэхур лъэлъэжащ, мэзым зы жыг щӀэтыжкъым зи щхьэ палъа бэлшэвыч зыфӀэмылъ, дипсми уефэж хъуркъым, лъымэр къыхехри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 239
+1 örnek
Сентябрым и 25-м Баку сынэсауэ фэзгъэлъагъунщ, жиӀэри Гитлер график зэхилъхьащи, а графикыр мэлъэлъэж.— Нал къута, 256
3. Гуэдз, джэш с.ху. цӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыщэщын, хьэдзэхэр къищэщын.
Ди гуэдз тӀэкӀури лъэлъэжащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 154
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭЛЪЭЖЫН (мэлъэлъэж) лъэмыӀ. (5). 1. (2).ЯщӀа гуэр аргуэру зэпкърыхун, зэхэщэщэн, къутэжын. Нобэ уеплъмэ блыныр лъагэу Щхьэ темылъу мэлъэлъэжыр. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 408-409. Бжыхь лъэлъэжам адэкӀэ уплъэмэ, Иналхэ я пщӀантӀэм цӀыхур щызэрызехьэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576. 2. (2). ГъащӀэм щыщ Ӏуэхугъуэ гуэр къимыкӀӀауэ къутэжын. [Чачэ:] Алыхьталэм и ӀэмыркӀэ бэлшэвч Ӏуэхур лъэлъэжащ, мэзым зы жыг щӀэтыжкъым зи щхьэ палъа бэлшэвыч зыфӀэмылъ, дипсми уефэж хъуркъым, лъымэр къыхехри. Хъуэпсэгъуэ нур, 239. Сентябрым и 25-м Баку сынэсауэ фэзгъэлъагъунщ, жиӀэри Гитлер график зэхилъхьащи, а графикыр мэлъэлъэж. Нал къута, 256. 3. (1). Гуэдз, джэш с.ху. цӀыкӀу-цӀыкӀуу зэпкърыщэщын, хьэдзэхэр къищэщын. Ди гуэдз тӀэкӀури лъэлъэжащ. Бдзэжьеящэм ипхъу, 154.